Адыгэ тхыдэм и гъуджэЩоджэнцIыкIу Алий щIэрыщIэу зэфIэува къэбэрдей поэзием и лъабжьэр зыгъэтIылъащ, адыгэхэм я усакIуэ пажэщ. И усэхэр япэ дыдэу щытрадзар адыгэбзэкIэ Тыркум къыщыдэкI журналщ. ЕгъэджакIуэ Iэзэт, узэщIакIуэпсэ нэхут. Адыгэбзэм езым хуэфащэ тхыбзэ литературэ игъуэтынымкIэ, цIыхубэр щIэныгъэм ешэлIэнымкIэ къалэн ин дыдэ зэфIигъэкIащ. Лъэпкъ прозэр, театрыр, музыкэр, хореографиер дунейпсо щапхъэхэм тету зэфIэувэнми къаруушхуэ ирихьэлIащ. Усэу куэд дыдэ, поэмэу 10, усэу зэхэлъ роман, оперэм и либреттэ, публицистикэ тхыгъэхэр, рассказхэр къыщIэнащ. Абы и гуащIэм и инагъым, и творчествэр зыхуэдэм тетхыхьащ цIыху цIэрыIуэ куэд. Абыхэм ящыщ зыбжанэм жаIахэм фыщыдогъэгъуазэ. КIыщокъуэ Алим, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ: «Япэ зыщIым тIу ищIащ», жызыIа усакIуэшхуэм имыщIэу жиIакъым. Лъагъуэ пхышыныр IэджэкIэ нэхъ гугъущ, ар гъуэгужь хъуа нэужь, урикIуэным нэхърэ. ЩоджэнцIыкIу Алий хиша лъагъуэращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ дызытетыр. ФIы къыдэхъулIэми, ди гур щыхэщIа къэхъуами, ди япэ ищам дыкIэлъопIащIэ, нэхъ тегушхуауи докIуэ, сыту жыпIэмэ гъуэгур къуейщIейми, гъуэгу мытыншми дощIэ, щыхупIэ иIэми пэрытым игъэунэхуащ. Алий и усыгъэ вагъуэр уафэ къабзэкъым къыщыщIэкIар. Дунейр кIагъэпшагъэ къудей мыхъуу, уафэ лъащIэр къызэщIэуфIыцIа зэпыту, уафэхъуэпскIыр жэщкIи махуэкIи къыхэлъэтыкIмэ, дунейр зэIыхьэнущ, жыпIэу укъыхигъэщтыкIыу щытащ. Ардыдэм дунейр тет зэпытурэ ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэр иухащ. Иджы усакIуэр щыпсэуа лъэхъэнэмрэ и поэзиемрэ зэхуэпхьмэ, дэтхэнэ зы усэми зэман гуащIэм и нагъыщэ телъщ. Ауэ нэхъыфIт, Алий фIыкIэ хуэупсэу ятха къомым усакIуэр абы хуэдизу политикэм ирамыпхыу ятхыгъатэмэ. Езы ЩоджэнцIыкIум хузэфIэкIар мащIэкъым, зыхэмыта Iуэху хэтащ жыпIэу птхын хуэдэу, и Iэдакъэ щIэкIами уаситI хуэбгъэувын хуейщ, япэ къищри, лъагъуэ ди щэнхабзэм щыхишащи. Жанэ Къырымызэ, усакIуэ: Алий Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым ирипагэр. Ар дэри, Адыгейм и гуащIэрыпсэухэми, дыдейщ. Ар я Алийщ усыгъэр фIыуэ зылъагъуу ди къэралыгъуэшхуэм ис псоми. Алий… А цIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щылъапIэщ, Адыгейм Теувэж Дзыгъуэ, Хьэткъуэ Ахьмэд сымэ я цIэхэр зэрыщылъапIэм ещхьыркъабзэу. Алий… А цIэр щыжытIэкIэ, ди нэгу къыщIохьэ а цIыхур къызыхэкIа адыгэ лъэпкъ уардэр. Алий… А цIэм пыщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху телъыджэхэм, и къуршыпс уэрхэм, и къурш уардэхэм я цIэхэри, Алий и цIэр щыжытIэкIи, а псор тлъагъуу къытщохъу. Алий… И цIэр зэхэсх къудей мыхъуу, абы и щхьэри слъэгъуащ сэ. Щыслъэгъуар I936 гъэм и кIэхэм щыгъуэщ. А гъэм Адыгейм и тхакIуэхэм я япэ съезд екIуэкIырт. А зэIущIэшхуэм кърихьэлIат адыгэ псоми фIыуэ тлъагъу, Кавказ Ищхъэрэ псом щынэхъ цIэрыIуэ дыдэ усакIуэшхуэр. Абы съездым щыжиIа псалъэ гуапэхэр ноби си тхьэкIумэм итщ. Ар зэрыцIыху акъылыфIэр белджылыуэ къыхэщырт абы и псалъэхэм. ТхакIуэм и къалэным щытепсэлъыхьым абы жиIа псори сэ иужькIэ къыхэзгъуэтэжауэ щытащ езым и тхыгъэ гъуэзэджэхэм. Абыхэм уадэплъейуэ, зэрыплъэкIкIэ ахэр щапхъэ зыхуэпщIыныр дэтхэнэ зы адыгэ тхакIуэм дежкIи зэрынасыпышхуэр къызгурыIуащ. Алий и тхыгъэхэм щIэупщIэшхуэ щаIэщ ди дежи. Литературэр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми къыщыбгъуэтынущ ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэхэр. Школхэм щадж абы и усэхэр, и рассказхэр, поэмэхэр. ЩоджэнцIыкIум и «Мадинэ», «Къамботрэ Лацэрэ», нэгъуэщI тхыгъэхэми къытращIыкIа спектаклхэр ди радиомрэ телевиденэмрэ куэдрэ щагъэув. Ауэ ди цIыхухэм дежкIэ ахэр сыт щыгъуи щIэщыгъуэщ, абыхэм къащIэупщIэ, къащIэлъэIу щыIэ зэпытщ. Адыгэ литературэм, ди усыгъэм нобэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ псомкIи фIыщIэ ин бгъэдэлъщ абы. Си щхьэкIэ, си лъэпкъым сыт хуэдэ тхыгъэ хуэстхми, абы ЩоджэнцIыкIу Алий и фIыщIэ хызолъагъуэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, литературэм и гъуэгум сыщытехьэм гъуазэу, хъуэпсапIэ лъагэу сызыхуэплъэу щытахэм ящыщщ Алий и усыгъэм къыхэлыдыкI нэхури. Инбер Верэ: тхакIуэ: Абы къыщIэна тхыгъэхэр зыбгъэдэлъыр усакIуэр къэзылъхуа лъэпкъым и закъуэкъым – ахэр зэдай хъуащ къэралыгъуэшхуэм ис псоми. ЩоджэнцIыкIу Алий сыт щыгъуи жыжьаплъэт, абы и гупсысэхэм къэухьышхуэ яIэт: урысхэм, дунейм тет лъэпкъ псоми я щэнхабзэм щыгъуазэ зищIу, ар езым и творчествэми къыщигъэсэбэпу зэрыщытар холъагъуэ усакIуэ и тхыгъэ нэхъыфIхэм. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, ЩоджэнцIыкIум и «Къамботрэ Лацэрэ» поэмэр. Мыр, къыфIэбгъэкIмэ, поэмэкъым – усэу тха романщ. Литературэм и жанр нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщ усэу зэхэлъ роман нэсщ. Ар зытхам Iэзагъэ ин, зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъыр нэрылъагъущ. ЖыпIэ хъунущ ар адыгэхэм я тхыдэм и гъуджэу. Апхуэдэ тхыгъэ гъуэзэджэ зи Iэдакъэ къыщIэкIынкIэ хъунур зи лъэпкъым и дыгъуасэми и нобэми фIыуэ щыгъуазэ, гууз, лыуз зиIэ усакIуэшхуэращ.
Поделиться:
Читать также:
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
10.08.2026 - 13:00 →
«УЭРЩ СИ ДАМЭР»
| ||




