Мэздэгу быдапIэм и къэунэхукIэ

Тхыдэджхэм яхэтщ Мэздэгу быдапIэр къагъэунэхуным щIэдзапIэ хуэхъуар 1759 гъэм къыкъуэкIа Iуэхугъуэр арауэ къэзыбжхэр. АрщхьэкIэ, дэфтэрхэм къызэрагъэлъэгъуэжымкIэ, Iуэхур зэрыщытар мыращ.

XVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрат. Къэбэрдей ЦIыкIу (Джылъахъстэнейрэ Талъостэнейрэ) жыхуаIэ щIыналъэр зезыхьэ пщыхэм языр, Къаншыуей (Кончокин) Кургъуокъуэ, Дагъыстэным и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ ит Кизляр быдапIэм кIуэри абдежым зыщригъэумэхъащ («умэхъын» - крещение), чыристан дин къызэрищтам щыхьэт иритехъуэу. КIэлъыкIуэ Iуэхугъуэу, 1759 гъэм щэкIуэгъуэм и 26-м Къаншыуейм Кизляр быдапIэм и комендантым деж иIуэхуащ, езым ещхьу чыристан диным ихьа осетинхэмрэ къэбэрдей адыгэхэмрэ игъэIэпхъуэн хьисэпкIэ, «Мэздэгу» зи фIэщыгъэ тIуащIэм щIы къыщыхухахыным ехьэлIа тхылъыр пащтыхь гуащэм деж нагъэсыну щIэлъэIуу.  

АдэкIэ къызэрекIуэкIар аращи, Урысейм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и коллегием и унафэкIэ, Къаншыуей Кургъуокъуэ подполковник цIэр къыфIащащ, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щIыр къатехыным хуэIэзэ къэралышхуэр Къаншыуейми православнэ диныр къэзыщта адрей бгырысхэми ахъшэкIэ къадэIэпыкъуащ, хуей хъуми къащхьэщыжыну къигъэгугъащ.

КъэзылъытэнкIи щыIэщ, урысхэм Мэздэгу быдапIэр щIаухуар Къаншыуей Кургъуокъуэ и лъэIукIэ къежьа Iуэхугъуэу, ар мыхъуатэмэ, пащтыхь дзэпщхэм апхуэдэ лъэбакъуэ ямычыну. А зэманым теухуа хъыбархэм мызэкIэ кууущэу зэрыхэдмыщIыкIым къыхэкIыу, тлъэмыкIыу дызытехьа а гупсысэм пэджэжыфыну къытщохъу Интернетым дызыщрихьэлIэ мы пычыгъуэ цIыкIури.

1762 гъэм и жэпуэгъуэм Урысейм и Сенатым къыбгъэдэкIа тхыгъэ гъэщIэгъуэн пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм къыIэрыхьат. Абы итт «Къэбэрдей ЦIыкIум щыщ пщы Къаншыуей Кургъуокъуэ, къыдэIэпхъуэхэр дэщIыгъуу, хьэблэщIэу щагъэтIысын мурадкIэ, Мэздэгу тIуащIэм щIы кIапэ зэрыщыхухахамрэ а щIыпIэм къалэ щыухуэн зэрыхуеймрэ». АрщхьэкIэ, «Кавказская война» тхылъ телъыджэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхыдэтх Потто Василий къызэригъэлъэгъуамкIэ, «быдапIэм и проектыр 1757 гъэм ягъэхьэзыракIэт».

Ауэ щыхъукIи, иужьрей псалъэухам дэ къыдегъащIэ Мэздэгу тIуащIэм зыщрагъэзэгъэн мурадыр урыс дзэпщхэм ягу къизылъхьар къэбэрдеипщ Къаншыуейр зэрыармырар, атIэ, езы пащтыхьым и блыгущIэтхэм а Iэхэлъахэм ехьэлIауэ илъэситI ипэкIэ ящIа унафэу зэрыщытыр.

Арати, 1763 гъэм и бадзэуэгъуэм Мэздэгу деж, быдапIэ щаухуэн мурадыр яIэу, къыщыхутащ урысей дзэлIрэ къэзакъыу 287-рэ, а псоми подполковник Гак Пётр я Iэтащхьэу. Зи гугъу тщIа Потто Василий зэритхымкIи, «а Iуэхугъуэр Урысейм Кавказыр къизэун зэрыщIидза япэ лъэбакъуэт».

Мэздэгу деж урыс быдапIэ зэрыщызэтеувар къэбэрдеипщхэм ягу дэхуэныр Iэмал зимыIэт. Сыту жытIэмэ, япэрауэ, щIэпхъуэжыну зи щхьэ къихьэ я мэкъумэшыщIэхэмрэ унэIутхэмрэ ар зыгъэпщкIупIэфI яхуэхъурт. ЕтIуанэрауэ, зэрыщыту къатщтэмэ, а Iуэхугъуэр къыщIэкIащ езы Къэбэрдейм и пщIэр куэду езыгъэлъэхъшэх, и лъэр щIэзыгъащIэ щхьэусыгъуэшхуэу, и IэмыщIэ илъа и щIыгур, къемыупщIыххарэ и фIэфIыныгъи хэмылъу, Урысейм зэрызыIэщIиубыдам къыхэкIыу.

А псом къарикIуэу, Къэбэрдейм и тепщэхэм лIыкIуэ зэгъэпэщахэр Санкт-Петербург яутIыпщауэ щытащ, Урысей пащтыхь къэралыгъуэжьым и Iэтащхьэхэм быдапIэр ягъэсеижыну жраIэмэ, зыхащIыкIынкIэ гугъэу. АрщхьэкIэ, текъузауэ зэрылъэIуар къыхуагъэдэхэн дэнэ къэна, абы иужькIэ урысхэр нэхъри нэхъ епсынщIэкIыу, нэхъыбэжу Мэздэгу щIыгум къитIысхьэу хуежьащ, я нэхъыбэр IэщэкIэ зэщIэузэда зауэлIхэу.  

Ауэрэ, пащтыхьым и дзэлIхэм, 1765 гъэм ирихьэлIэу, быдапIэр къуэтIыхькIэ къаухъуреихьыжащ, щIы лъагэ зэтетхъуами топ узэда 40-м нэблагъэ трагъэзэгъащ.

А Iуэхугъуэм иужь иту къекIуэкIа псоми мызэкIэ я гугъу дымыщIу, зи цIэ къитIуа тхыдэтх Потто Василий а Iуэхум теухуауэ итхауэ щытам дыкъеджэнщ: «Урысхэм къэбэрдей адыгэхэр къахущIэкIащ узытеплъэкъукIынкIэ Iэмал зимыIэ ныкъуэкъуэгъу лъэщхэу. Абыхэм Кавказ псом щаIэ пщIэмрэ фIэлIыкIымрэ зэрамыгугъауэ инт…»

Абы щхьэкIи къамыгъанэу, пащтыхь дзэпщхэм адыгэхэр ягъэкъуаншэрт, лIэщIыгъуэкIэрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэ дахэм икIи зэгъым ахэр епцIыжа хуэдэу. Къэбэрдеипщхэми я пэгъуэкIыр хьэзырт: «Ди щIыналъэм быдапIэ щывмыухуэ, хуит фыдмыщIауи фыкъимыхьэ, ныщIэпхъуа ди пщылIхэми къевгъэгъэзэж! Фэ фощIэ, дэ гъунэгъухэм фIыуэ дазэрыхущытыфыр!»

АтIэми, зэрытщIэщи, абдежым щIэзыдза зэпэщIэувэныгъэ кIыхьым Къэбэрдейр фIым хуишакъым, дапхуэдиз лIыгъи бэшэчагъи а лъэхъэнэ бзаджэм къимыгъэлъэгъуами…

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: