ЦIыхур блэи дыгъужьи мэхъуф

УсакIуэ, тхакIуэ Къагъырмэс Борис и тхыгъэ кIэщIхэм гъащIэм и унэтIыныгъэ куэд къызэщIаубыдэ. КIэщIу икIи гъэхуауэ абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызыщрихьэлIэ Iуэху зэIумыбзхэр. Дэтхэнэ гупсысэ шэщIа ящIэлъщ.

***

Щхьэрыуауэ мэзым щIэт щыхь шырыр дыгъужьхэм япэщIэхуэнкIэ зэрыхъунур ищIэрти, щакIуэм къиубыдри унэм къихьащ. Щыхь шырыр цIыкIут, иджыри къэс и анэм шэкIэ ипIат, нэгъуэщI зыри хуэшхыртэкъым. ЩакIуэм и мурадт ар бжьэфкIэ жэмышэ иригъафэурэ ипIыну. АрщхьэкIэ Iуэхур нэгъуэщIу хъуащ.

Пщыхьэщхьэм щакIуэм илъэгъуащ я хьэбз лъхуагъащIэм щыхь шырыр щIэфу. Хьэр мамыр дыдэу щылът, абы къеплъу. ЩакIуэм ар имыгъэщIагъуэу къэнэнт? ИгъэщIэгъуащ, зэанэзэкъуэ зэхуэхъуахэм, ящыгуфIыкIа фIэкIа, я гугъу ищIакъым.

Хьэбзым щыхь шырыр ипIащ мазэкIэ, Iус, мэкъу щабэ ишхыф хъуху.

Апхуэдэ гущIэгъу яхэлъамэ аратэкъэ, нэгъуэщIым я бын япIын дэнэ къэна, езыхэм къалъхуахэр я бгъэм зэи щIэзымыгъэф, уеблэмэ хыфIэзыдзапэ анэ куэдым…

***

Зэманыжьым псэуа тхыдэтххэм, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм уащрохьэлIэ содом мыIэрысэхэм ятеухуа хъыбархэм. А мыIэрысэхэр я теплъэкIэ икъукIэ дахэщ, уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал имыIэу. Ауэ, гъэщIэгъуэныракъэ, къыпыпчыну узэреIусэу, ахэр Iугъуэрэ яжьэрэ мэхъу. Угупсысэнумэ, мыбы хэлъщ узэгупсысын.

***

Прозэу тха усэр япэ дыдэу урыс литературэм къыхэзыгъэхьар Тургенев Иванщ. Ар, дауи, щыгъуазэт а жанрым иту тха усэхэр франджы литературэм зэриIэм. Псалъэм папщIэ, усакIуэ цIэрыIуэ Шарль Бодлер апхуэдэ тхылъ псо къыдигъэкIат. Абы фIищат «Прозэу тха поэмэ цIыкIухэр» жиIэу. А жанрыр иджы ди адыгэ литературэми къэсащ. Аращ - зыщIыпIэ къимыкIауэ зыри щыIэу къыщIэкIынукъым.

***

Нэщхъеягъуэ имылъагъуу къэхъуа цIыхум куэд къыгурымыIуауэ, зыхимыщIауэ къонэ. Арагъэнщ педагог цIэрыIуэ Сухомлинский В. А. куэдрэ жиIэу щIыщытар цIыхур бгъэсэн папщIэ, гуфIэгъуэм, нэщхъыфIагъэм хуэдэ дыдэу, гуауэри зыхищIэу къэгъэхъун зэрыхуейр.

***

ТхакIуэм и лэжьыгъэр зэрыгугъур къигъэлъагъуэу мыпхуэдэу итхауэ щытащ Фицджеральд Скотт: «ФIыуэ утхэныр – уи бэуэныр щыбгъэтауэ псы щIагъым ущесыным ещхьщ».

***

ЗэратхыжымкIэ, Пушкиным хуабжьу гуныкъуэгъуэ къритырт литературэм бжьыпэр щызыIыгъын, абы щытепщэу щытын хуей тхакIуэ нэхъыфIхэм ар зэрылъамыгъэсым. Лъызымыгъэсри хэт жыIэт – ятхыр мыхъуми, традзэу, къыдагъэкIыну лъэкIыныгъэрэ ахъшэрэ зиIэхэрт. Ар дыдэр ноби ди нэгу щIокI. Зэманым зихъуэжми, хьэгъэщагъэр зи хабзэ цIыхухэр сыт щыгъуи куэдыжьщ.

***

Сэ захуагъэу къэслъытэркъым «ЦIыхубэ усакIуэ» цIэр къэрал унафэкIэ зэрыфIащыр. ЦIыхубэ усакIуэ ухъун папщIэ, ар лъэпкъым и бзэгупэм телъу, и псалъэхэр псалъэжь, псалъэ шэрыуэ хъуауэ, и усэхэр цIыхубэм гукIэ ящIэу, гуауэм дежи, гуфIэгъуэ щыIэми абы и псалъэр я гъусэу, бэр игъэгушхуэу (езыр лIами) щытын хуейщ. Апхуэдэ цIыхубэ усакIуэщ урысхэм я дежкIэ – Пушкиныр, Лермонтовыр, Некрасовыр, Есениныр, адыгэхэм - ЩоджэнцIыкIу Алий, осетинхэм – Хетагуров Коста … Лъэпкъ къэс иIэщ апхуэдэ усакIуэхэр.

Къэрал унафэкIэ фIэпщ хъунущ «лауреат» цIэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а цIэр щIыфIащыр IупщIу зы тхыгъэщи е тхыгъэ гупщи. «ЦIыхубэ» цIэр усакIуэм къилэжьын хуейщ и гъащIэ, и лэжьыгъэ псомкIи.

***

ГъэщIэгъуэнщ мыр: тхакIуэм талант имыIэмэ, хуагъэгъу, зыхуамыгъэгъур, бэлыхьым хамыгъэкIыу ягъэпсэур талант зиIэращ. Куэд къокI абы.

***

УсакIуэр къуалэбзукъым, сыт щыгъуи зы уэрэд цIыкIу фIэкIа къримышу, уеблэмэ а зы уэрэдыр фIэлъапIэ дыдэу, абы хуабжьу хуэIэзэу щытми. Зы уэрэд фIэкIа жимыIэфу усакIуэр къэнамэ, сыт хуэдизрэ уедэIуэн абы?! Зэ жиIам тIэу-щэ къытригъэзэжыныр усакIуэм и дежкIэ лIэныгъэм хуэдэщ. Абы и дэтхэнэ уэрэдри щIэуэ, щIэщыгъуэу щытын хуейщ.

***

Сыту зэман ябгэ мы дыкъызыхэхутар! Ахъшэ уимыIэмэ, уцIыхуу ябжыркъым, ахъшэ уиIэмэ, уаукIыну къыпкIэлъажыхь.

***

Усэ псори поэзие хъуркъым. Поэзиер искусствэ хъуа псалъэрщ, усэрщ. Абы иIэжщ езым и хабзэхэр. Ахэр пщIэн хуейщ, поэзиер къыбгурыIуэн папщIэ.

***

Цыджан Iэгуиплъэм цIыхухъу гуэрым жреIэ:

- Уэ цIыхубзхэм фIыуэ укъалъагъунукъым уи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуху.

- Абы иужькIэ-щэ?

- Абы иужькIэ я щхьэфэм ураудэкIыну? – жиIэри цыджан Iэгуиплъэр дыхьэшхыу IукIыжащ.

***

Зымахуэ къуажэм сыкIуэжауэ уэ ущыпсэууэ щыта уэрамым сыдыхьат. Сыт хуэдиз илъэс дэкIа сэ иужьу абы сыщыдэтыжа лъандэрэ?! ИтIани тыншу къэсцIыхужащ фи унэр. Иджы абы ибгъукIэ къыщытт унэщIэ дахэшхуэ. Ауэ дэнэ кIуа фи пщIантIэм дэта мэракIуейр? Абы и щIагъыр зи джэгупIэу щыта уэ къыпхуэзэшу, уи лъыхъуакIуэ ежьауэ ара? Хьэуэ, ираупщIыкIащ: солъагъу щIым къыхэщ къудейуэ къэна и лъабжьэр.

Сэ сощIэ, уэри куэд щIауэ ущыпсэужыркъым мы пщIантIэм, нэгъуэщI къуажэ хэщIапIэ пщIащ. Ауэ, итIани, щхьэ къысфIэщIа, адэ ди щIалэгъуэу щыщытам хуэдэу, узэкIужу, укъысхуэгуфIэу, моуэ иджыпсту фи куэбжэ цIыкIур къыIупхыу си деж укъыдэкIыну?..

***

ИгъащIэми жаIэ: «Уадыгэкъэ?!» Абы къикI мыхьэнэр иIэу зэи жаIэркъым: «Уурыскъэ?!» «Унэгъуейкъэ?!», «Ужурткъэ?!» ЖыпIэмэ, дыхьэшхэн хъун фIэкIа, зыри къикIынукъым.

***

ЩыIэщ цIыху, зэи пэж жызымыIэфын, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и псэр пцIым гъэр ищIауэ мэпсэури.

***

Зымахуэ Налшык здисша си ныбжьэгъу си гъусэу ди къуажэкхъэм дихьат. «Мис си адэм и кхъащхьэр, мыр си анэращ», - жысIащ сэ, сынхэм сатеIэбэурэ. Абыхэм си ныбжьэгъуми щыму Iэ дилъащ. ИтIанэ жиIащ: «Сыту уи насып уэ – уи унагъуэ укъихьэжам хуэдэщ. Мор уи адэщ, мыр уи анэщ».

Сэ згъэщIэгъуащ абы жиIар. Ар дауэ? Зи кхъащхьэ дыщхьэщыт си адэ-анэм щхьэкIэ апхуэдэу жыпIэ хъун? Сыт насып мыбы зи гугъу ищIыр?

И псэлъэкIэм Iэнкун сызэрищIам гу лъитэри, ныбжьэгъум жиIащ: «Сэ икъукIэ насыпышхуэу слъытэнт, уэ пхуэдэу, си адэ-анэм я кхъащхьэр здэщыIэр сщIэуэ, сигу къыщыкIам деж сыкIуэурэ ахэр слъагъуфу щытамэ… Си адэр, зы илъэс фIэкIа сымыхъуауэ, 1937 гъэм яукIащ. Си анэр ягъэтIысри, Север жыжьэм ягъэкIуати, абыи къигъэзэжакъым. ТIуми я кхъащхьэхэр дэнэ щыIэми сщIэркъым… Иджы къыбгурыIуа «уи насыпщ» щIыжысIэр?..»

Зыгъэхьэзырар ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэщ.
Поделиться:

Читать также:

13.08.2026 - 10:51 Адэм и гущыщIэ
12.08.2026 - 16:36 УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
03.08.2026 - 19:28 Уэрэд