Адыгэ новеллистикэм и зэхэублакӀуэТхакIуэ Мэзыхьэ Борис республикэм и жылагъуэ, щэнхабзэ гъащIэм увыпIэ щхьэхуэ щиубыдэу къекIуэкIащ. Сыт хуэдэ Iуэху пщэрылъ щамыщIами, ар жэуаплыныгъэ хэлъу зэфIигъэкIащ, зыпэрыта IэнатIэхэми щIэ гуэр зэрыхилъхьэным, зэрыригъэфIэкIуэным хущIэкъуу сытым дежи щытащ. Ар къыхагъэщ Мэзыхьэр фIыуэ зыцIыхуу щытахэм.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ: Критикхэми, тхакӀуэхэми, щӀэджыкӀакӀуэхэми Мэзыхьэ Борис нэхъыбэу къызэрацӀыхур ар адыгэ новеллистикэм и зэхэублакӀуэу зэрыщытымкӀэщ. ТхакӀуэ куэдым къехъулӀэркъым псалъэ мащӀэкӀэ гупсысэшхуэ къэӀуэтэныр. Мэзыхьэр а жанр мытыншым дэгъуэу зэрыпэлъэщыр пасэу наӀуэ къыщыхъуащ газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуа и япэ новеллэхэм. АбыхэмкӀэщ зэман кӀэщӀым къриубыдэу ар тхакӀуэ цӀэрыӀуэ ээрыхъуар. А тхэкӀэ лӀэужьыгъуэмкӀэ Мэзыхьэ Борис лъэщӀыхьа къахэкӀагъэнкъым нобэрей ди тхакӀуэхэм. Апхуэдэу зи дамыгъэ зиӀэжу адыгэ литературэм къыхыхьа Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэр I940 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 7-м Щхьэлыкъуэ къыщалъхуащ. Курыт еджапӀэр а къуажэм къыщиухащ. МэкъумэшыщӀэ унагъуэм къихъукӀа щӀалэр школ нэужьым колхозми щылэжьащ. ИтӀанэщ ар щыщӀэтӀысхьар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. А еджапӀэм щӀэныгъэ нэхъыщхьэ къыщӀэзыха Мэзыхьэ Борис къулыкъу ӀэнатӀэ зыбжанэ зэблихъуащ: ар щылэжьащ печатым и щэхухэр щахъумэу КъБАССР-м щыӀа ӀуэхущӀапӀэм, «Адыгэ псалъэ» газетым (корреспонденту, къудамэм и унафэщӀу, жэуап зыхь секретару, редактор нэхъыщхьэу), КПСС-м и обкомым печатымкӀэ, телевиденэмрэ радиомкӀэ и къудамэм и унафэщӀуи щытащ, Мэзыхьэр тӀэунейрэ хахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и депутату. Ар КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщӀщ. Художественнэ творчествэми жылагъуэ лэжьыгъэхэми ехъулӀэныгъэфӀ щызиӀа Мэзыхьэ Борис сытым щыгъуи и къалэнхэр нэсу игъэзэщӀащ. Ар Урысей Федерацэм щэнхабзэмкӀэ щӀыхь зиӀэ и лэжьакӀуэщ, абы къыфӀащащ Адыгэ Республикэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щӀыхь зиӀэ я журналист цӀэ лъапӀэри. Мэзыхьэм къыхуагьэфэщащ СССР-м, Урысей Федерацэм я Журналистхэм я союзым и саугъэтхэри, ЩӀыхь, Щытхъу тхылъ зыбжани. «Гъуэгупэ псалъэ», «Вагъуэзэшибл», «ПцӀащхъуэ хужь», «Мазэхэ жэщ», «Бжьыхьэр пщӀащэ пылъэлъыжыгъуэщ», «Къуажэ пшыхьхэр», нэгъуэщӀ тхылъхэмкӀэ, дэгъуэу адыгэбзэм къригъэзэгъэжа романхэмкIэ лъэпкъ литературэм хуэупсащ Мэзыхьэр. Творческэ зэфӀэкӀышхуэ къигъэлъэгъуащ, и ехъулIэныгъэхэмкIэ лъэпкъ щэнхабзэм и тхыдэм къыхэнащ ар. Шал Мухьэмэд, журналист: Сыщыстудента лъандэрэ сцIыху, пӀальэ кӀыхькIэ сызыдэлэжьа Мэзыхьэ Борис теухуауэ сэ, зэрыгурыӀуэгъуэщи, куэд схужыӀэнущ, ауэ мы си тхыгъэ кӀэщӀым къыщызгъэлъэгъуэну сызыхуейр къулыкъу зыбжанэ иӀыгъами, ахэр зыӀэригъэхьэну зэи зэрыхущӀэмыкъуарщ. Иджыпсту хуэдэу сощIэж ар «Ленин гъуэгу» (ди газетым нэхъапэм апхуэдэ цӀэ зэрихьащ) щэнхабзэмкӀэ и къудамэм и унафэщӀ зэрыхъуар. ТхакӀуэ цӀэрыӀуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и редактор нэхъыщхьэу яшати, абы и пӀэм иувэну зыхуэфащэр арауэ къалъытащ. Журналист Ӏэзэ, жэуап зыхь секретарь Джаурджий Ӏэбисал Полиграфкомбинатым и Ӏэтащхьэу щагъакӀуэм, абы и къулыкъур Мэзыхьэм нэхъ ирагъэзэгъащ. Зэман дэкӀри, КПСС-м и обкомым печатымкӀэ, телевиденэмкӀэ, радиомкӀэ и къудамэм и унафэщӀу Борис ягъэуващ. Мис апхуэдэ гъуэгу къикӀуащ Мэзыхьэм, ди газетым и редактор нэхъыщхьэ хъуху. И Ӏуэху къикӀауэ жыпӀэ хъунущ, пэжкъэ? Ауэ мы зыр зыщыдвмыгъэгъэгъупщэт: гу къыплъатэу удрагъэкӀуеин папщӀэ, дауи, уи пащхьэ кърагъэувэ къалэнхэр зэрыпхуэгъэзэщӀэнур фӀэкӀыпӀэ имыӀэу къэбгъэлъэгъуэн зэрыхуейр. КъыпхуащӀа дзыхьыр умыгъэпэжмэ, узэраӀэтам нэхърэ нэхъ псынщӀэжу а зэманым укърадзыхыжынут. Куэдыр щыгъуазэу къыщӀэкӀынущ къыхуагъэфэща ӀэнатӀэ псоми Мэзыхьэм Ӏуэхум куууэ хэзыщӀыкӀ, ар зыунэтӀыф лэжьакӀуэу зэрызыкъыщигъэлъэгъуар. Ар дэ ди нэгу щӀэкӀащ. Мыри къыхэзгъэщыну сыхуейт: дэ ди ныбжь итхэм, нэхъыжьхэм фӀыуэ дощӀэж, мыдэкӀэ дыкъэмыӀэбэми, блэкӀа лӀэщӀыгъуэм и иужь илъэс I5-р зэрыщытар. Горбачев Михаилрэ Ельцин Борисрэ кӀэ ямыӀэжу къыхалъхьэ зэхъуэкӀыныгъэхэм цӀыхухэм я щхьэр ягъэунэзат. Къэралым и щӀыналъэ псоми, абыхэм ди республикэри яхэту, щытыкӀэр щызэщӀэплъат. Мис апхуэдэ зэманым дылэжьащ икӀи, жысӀэнуращи, ди унафэщӀ Мэзыхьэ Борис куэдкӀэ и фӀыгъэкӀэ ди пщӀэр тӀыгъыу абы дыкъикӀыфащ. ЩӀызгъужыфынущ ар гудзакъэ зиӀэ редактор нэхъыщхьэу зэрыщытари. Мыхьэнэншэ зэи къыппиубыдынутэкъым, абы папщӀэ утыку укърилъхьэнутэкъым. Хэбгъэзыхьмэ, къысхуэщӀэжыркъым абы зыгуэрым хуэмыфащэу и жагъуэ ищӀауэ, фӀыщӀэ «къэзылэжьыну» хуейхэм ялъагъу псори Iурадзэжу, Iурызыдзэжыр хэтми фIыуэ дыщыгъуазэу щыта пэтми. Мэзыхьэ Борис ар къигъэсэбэпу и щхьэр игъэлъэхъшэфынутэкъым. Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:
Читать также:
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
10.08.2026 - 13:00 →
«УЭРЩ СИ ДАМЭР»
| ||




