Псэм къищтэ усэхэрКъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и IуэхущIапIэм щекIуэкIащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ, «Минги Тау» журналым и редактор нэхъыщхьэ Додуев Аскэр и пшыхь. ЗэIущIэм щхьэусыгъуэ дахэ хуэхъуащ иджыблагъэ Додуев Аскэр и «За белыми снегами» тхылъыр урысыбзэкIэ къызэрыдэкIар. Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, физкультурэмрэ спортымкIэ и комиссэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье зэхуэсахэм хьэщIэр щаригъэцIыхум къыхигъэщащ усакIуэм Iэзагъэ зэрыбгъэдэлъыр, нэгъуэщIхэм хэмыгъуащэ хъэтI щхьэхуэ абы зэриIэр, и усэхэм гупсысэрэ купщIэрэ зэращIэлъыр. Хабзэ зэрыхъуауэ, зэгухьэныгъэм хэтхэр щIэх-щIэхыурэ зэхуэсурэ усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм къоджэ. Иджырейм зыкърагъэхьэлIащ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и библиотекэ зэгъэуIуахэм я унафэщI Тебердиевэ Лейлэ, Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэ унэ-музейм и унафэщI Лэжьэрей Инессэ, Шэджэм, Нарткъалэ, Налшык щыщхэу тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм. ЗэIущIэм хэтахэр чэзууэ къеджащ Додуевым и IэдакъэщIэкIхэм ящыщу фIыуэ ялъэгъуа усэхэм. Додуевыр зэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. Зыхуеджа IэщIагъэр есэпми, журналистикэмрэ усэ тхынымрэ ар зэрыдахьэхар гъэщIэгъуэн ящыхъуащ. Зэхыхьэм хэтхэм Додуев Аскэр зыхуагъэзащ «Минги Тау» журналыр тхакIуэ ныбжьыщIэхэм зэрадэлажьэм, балъкъэрыбзэкIэ тха тхыгъэхэр урысыбзэкIэ зэрызэрадзэкIым, Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэм я IэдакъэщIэкIхэм гулъытэ зэрыхуащIым, нэгъуэщI упщIэхэмкIи. Шинкарёвэ Наталье и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща «Старость меня дома не застанет» Iуэхум хыхьэу зэIущIэр ирагъэкIуэкIащ «Живые строки» зэгухьэныгъэм хэтхэр. - Зэрытлъагъущи, ныбжь зиIэхэм я хущхъуэгъуэр мыпхуэдэ зэхыхьэхэрщ, - жеIэ Шинкарёвэм. – ЗэIущIэм зыкърезыгъэхьэлIа нэхъыжьыIуэхэм усэр хьэуа Iубыгъуэ зэрахуэхъур ди нэгу щIэкIащ. Хабзэ хъуауэ, Къэбэрдей уэрамым щедгъэкIуэкI «литературэ гъэмахуэм» и чэзу дыдэщ. Зэрыдубзыхуам тету мы зэIущIэхэр едгъэкIуэкI къудей мыхъуу, куэдым я дежкIэ ахэр псэм зыщигъэпсэху зэхыхьэ зэрыхъур гуапэщ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
10.08.2026 - 13:00 →
«УЭРЩ СИ ДАМЭР»
| ||




