Кишиев Кунтэ-хьэжы щихъышхуэр илъэс 214-рэ зэрырикъуар Шэшэн республикэм бадзэуэгъуэм и 11-м щагъэлъэпIащ. Кавказым и мызакъуэу, дуней псом къыщацIыху узэщIакIуэ цIэрыIуэр езым и унагъуэми зэрепхар къыхигъэщащ Шэшэным и унафэщI Кадыров Рамзан.
«Кунтэ-хьэжы и щIэиныр Iущыгъэм, Алыхьталэм хуэжыIэщIэнымрэ абы и арэзыныгъэ къэлъыхъуэнымрэ я щапхъэщ. Шэшэн тхыдэм и дежкIэ мы махуэр лъапIэ дыдэщ. Кавказ зауэм и лъэхъэнэм Кунтэ-хьэжым илъагъурт ди лъэпкъыр зэрыт щытыкIэ гугъур, пащтыхьыдзэм пэщIэту зэрызауэм абы кIудыжыпэн шынагъуэр къызэрыщхьэщигъэхьар. Iуэхур апхуэдэу екIуэкIмэ, шэшэнхэм зыри къахэнэжынутэкъым. Арати, и лъэпкъыр къригъэлын папщIэ, Кунтэ-хьэжы мамырыгъэм къыхуриджэн щIидзащ, абы фIыуэ кърикIуахэри нэрылъагъущ. АрщхьэкIэ пащтыхьыдзэм и мурадхэр нэгъуэщIт. Щихъым зэранщIакIуэ къыфIащщ, цIыхухэм я гупсысэр игъэутхъуэу пцIы къытралъхьэри, ар Хэкум ирашащ. Езым лей къытехьауэ щытми, Кунтэ-хьэжы и щIэныгъэр мыкIуэдам къыщымынэу, нэхъри зиузэщIащ. Си адэ Кадыров Ахъмэт абы и муриду щытащ. Урысейми дуней псоми абы и лъэужьым тету щрокIуэ цIыху щэрэ минхэр».
Кунтэ-хьэжы и Хэкум щраша илъэсырщ ди лъэпкъэгъухэм я тырку Iэпхъуэшхуэри къыщыхъуар. 1864 гъэм щIышылэм и 3-м пащтыхь хабзэхъумэхэм Кунтэ-Хьэжы Новгород губернием ирашри, дунейм щехыжари аращ.
Ингуш тхакIуэ, профессор, депутат Албогачиев Руслан 2012 гъэм итхауэ щытащ «Кишиев Кунтэ-Хьэжы - щихъ, Iустаз, уэлий» зыфIища тхылъ. Абы тхакIуэр щытопсэлъыхь Кунтэ-хьэжы дин гъуазэ зыхуэхъуа адыгэхэм.
«Кунтэ-Хьэжы теухуа си тхылъым и еплIанэ къыдэкIыгъуэм селэжьрэ пэт, дэфтэр къызэрымыкIуэ дыдэ къыспэщIэхуащ зэчырым и Iуэхур щIыпIэ куэдым зэрынэсам теухуауэ, - етх Албогачиевым. - Псалъэм папщIэ, Къэбэрдейм и Налшык округым хыхьэ Борыкъуей къуажэм. Тхыгъэр гъэкIэщIауэ къызохь:
«Зи щIыхьыр ин Тэрч областым и унафэщIым хуэгъэза лъэIу тхылъ. Къэбэрдей адыгэхэм я деж иужьрей зэманым «зэчыр» жыхуаIэ дин дауэдапщэм зыщиубгъуащ. Ар зэрекIуэкI щIыкIэр мыпхуэдэущ: муслъымэнхэр зэхуосри, бжэр гъэбыдауэ е щIыбым дэту, диным теухуа уэрэдхэр макъышхуэкIэ жаIэ. Ахэр къыщрашкIэ удын зытрадзэжу е тхьэ хуэпщылIыным хуумыгъэфащэ мыхъумыщIагъэ гуэр къагъэхъууи щыткъым. А хабзэр иджыри ислъам диныр къыщыунэхум щыгъуэ къежьауэ жаIэ. Кавказ Ищхъэрэм ар къэзыхьар пщIэшхуэ зиIэ дин ущиякIуэ Кунтэ-хьэжыщ».
ЛъэIу тхылъыр къызыбгъэдэкI Анзорхэ я къуэр пащтыхь къулыкъущIэхэм елъэIуу аращ Кунтэ-хьэжы иужь иувахэм я гум Iей зэримылъыр я фIэщ ящIу, къэрал хабзэкIэ хамыгъэзыхьыну, хуиту зэчыр жрагъэIэну: «Зы унагъуэ хуэдэу зызыбжыж Кунтэ-хьэжы иужь иува дэ гупым гъуэгу захуэм дытемыкIыну ди тхьэрыIуэщи, ди жагъуэ ящIкIи зыми къыдищIар етщIэжынукъым, ем екIэ дыпэщIэмыувэжыныр псэукIэ хабзэу къыхэтхащ. Дэ бын Iэсэм хуэдэу Алыхьталэми тетыгъуэми жыIэдаIуэу я жьауэ дыщIэуващи, дыныволъэIу Кунтэ-хьэжы уэсят къытхуищIа зэчыр мамырхэр хуиту жыдвгъэIэну.
Зытхар Налшык округым хыхьэ Борыкъуей къуажэм щыщ Анзорхэ ХьэтIохъущыкъуэ-хьэжыщ».
Кунтэ-Хьэжы псалъэ дахэ куэд къызэринэкIащ, я нэхъыбэр IуэрыIуатэ хъужарэ цIыхухэм псалъэжьу къащыхъуу:
1. Алыхьталэр фIыуэ флъагъуну фыхуеймэ, захуагъэр фIыуэ флъагъу. Фи щхьэ фызэрыхуэхъуапсэмкIэ фи къуэшхэми фахуэхъуапсэ. Адрейхэм нэхърэ нэхъ бей, нэхъ цIэрыIуэ, нэхъ лъэрызехьэ зыфщIыну фыхэмыт. ФиIэ псомкIи тхьэмыщкIэхэм фадэгуашэ. МылъкукIэ зыгуэр зэвгъэфыгъуэным фыхуэсакъ. Евгъэхъуапсэ фи щIэныгъэм, захуагъэм, хьэлэлагъым. Алыхьым фелъэIу нэгъуэщIым и пщIэнтIэпскIэ къилэжьа зы хьэдзэ къыфкIэрымыпщIэнымкIэ. Абы кIуапIэ къывитынукъым.
2. Фэ фи Iэщэр – нэмэз щыгъэрщ, фочкъым икIи къамэкъым. А Iэщэм тепщэм я нэхъ залымри хуэкъарууншэщ, Алыхьталэм нэхърэ зыри нэхъ лъэщкъым. УзытемыкIуэну бийм зебгъэукIыныр уи IэкIэ зыбукIыжыным ещхьщ, ар гуэныхьышхуэщ. Апхуэдэ лIэныгъэр къыхэзыхым Алыхьталэм и къарумрэ и гущIэгъумрэ дзыхь яхуимыщIу аращ. Тепщэ залымхэр къыщIигъэщIыр цIыху зэхэтыкIэр игъэкъэбзэн папщIэщ.
3. Бзаджэм цIыхуфIагърэ лъагъуныгъэкIэ текIуэ. Быдэм – хьэлэлагъкIэ. Джаурым – уи фIэщхъуныгъэмкIэ. ГущIэгъу пхэлъу, нэмысыфIэу, уи щхьэ уебэкъуэн хьэзыру щыт. Алыхьталэм зептарэ уи псэм ислъам диныр и гъуазэмэ, куэдым щхьэкIэ жэуап уохь.
4. Къемэт махуэр къэсрэ псори Алыхьталэм и пащхьэм ирагъэувэмэ, ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар къытщхьэщыжынкIэ хъунущи, псоми абы и Iумэтым щыщ хуэдэу жаIэнущ. Пэжыр зэхагъэкIын папщIэ, дэтхэнэ зыми и бзэгум еплъынурэ, бзэгур хужьмэ – жиIэр я фIэщ хъунущ, мыхужьмэ – пцIыуэ къалъытэнущ. Сыту жыпIэмэ, щэлэуат къэзыбжым и бзэгур уэсым нэхърэ нэхъ хужь мэхъу.
5. Дэ ди хабзэхэмрэ ди лъэпкъ хьэлхэмрэ илъэс мин бжыгъэкIэ зэтеуващ. Аращ ахэр апхуэдизу ислъам диным пэгъунэгъуу къыщIыщIэкIари. Ахэр тхъумэн хуейщ, зыми ягъэпуду яхуэддэ хъунукъым.
6. ХьэщIэ къакIуэмэ, вгъэлъапIэ. ХьэщIэр жьантIэм дэсыху, мелыIычхэри жьантIэм дэсщ. Ар жьантIэм къыдэпшмэ, и пщIэр мэкIуэдри, мелыIычхэр фи унэм щIокIыж. МелыIыч къабзэхэр фхъумэ. ХьэщIэм хуэфащэ пщIэри фымыгъэкIуэд.
7. Унэхэр нэхъ лъагэу щыдращIей, пщIантIэхэм нэхъ хуиту зыщрагъэубгъу, сабийхэр адэ-анэм щыщIэкIиеж, цIыхубзхэр ялIхэм емыдаIуэу сондэджэракIуэ щежьэ, хьэлимхэр бажэ плъыжьым ещхьу щыбзаджэ, унафэщIхэр дыгъужьым ещхьу щыгущIэгъуншэ, духьэшыхэм шыд лIаимэ къащыкIэрих зэманыр къэсмэ, къелынур тIэрикъатым тетращ.