Бзэ зэлъэбжьэгъухэр

Адыгэхэмрэ, абазэхэмрэ, абхъазхэмрэ, убыххэри къытхэту, зы щIэдзапIэ зэрыдиIэм шэч къыщIытетхьэн щымыIэжым хуэдизщ. Зэлъэбжьэгъухэр ди зэхэтыкIэкIи хабзэкIи дызэгъунэгъущ, ди дуней тетыкIэми гупсысэкIэми зэщхь куэд яхэтщ. 
Дауи, пасэ зэманхэм къызэрыунэхуауэ, щIыгукIэрэ зэлъэIэс лIакъуэхэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдымкIи зэдогуашэ: зым имыIэр адрейм къриту, яжь зэщIихуу. 
Адыгэхэр лъэпкъ Iэджэми къадэгъуэгурыкIуащ. АтIэми, ахэр благъагъэкIэ абхъаз-абазэхэм хуэдэу дэ зэи гъунэгъу къытхуэхъуфакъым. Адыгэхэмрэ абазэхэмрэ ижькIэрэ дызэрызэхущытыр къызыхэкIыр ди щIыналъэхэри зэпыхьэу зэрыщыта къудейр аракъым, атIэ дэ тIур (абхъазхэри убыххэри къытхэту), зэман жыжьэ дыдэхэм я деж къыщыщIэдзауэ, зэлъэбжьэгъуу дыкъызэрекIуэкIарщ.
БлэкIа жыжьэр зи тегъэщIапIэ бзэщIэныгъэм къигъэлъагъуэм мащIэу дытепсэлъыхьын ипэ къихуэу къыхэдгъэщынщи, иужьрей лIэщIыгъуэхэми адыгэхэмрэ абазэхэмрэ (абхъазхэм зэкIэ я гугъу дымыщIу) яку дэлъа зэгъунэгъугъэм ижь къащIихуащ яIурылъ я бзэхэми: адыгэхэм къагъэщхьэпэ псалъэ Iэджэ абазэбзэм хыхьащ, абазэ лексикэм и хуэмэбжьымэхэри адыгэбзэм щыщ хъуащ. Псалъэм и хьэтыркIэ къэдгъэлъэгъуэнщи, ди бзэм къыхэкIыу абазэбзэм къищта псалъэхэм ящыщу къэкIыгъэцIэхэм увыпIэшхуэ щаубыд. Апхуэдэщ удз, жыг, хадэхэкI, пхъэщхьэмыщхьэ куэдым зэреджэхэр. 
ХадэхэкIхэм, нэгъуэщI къэкIыгъэхэм зэреджэм ятеухуауэ щапхъэ зыбжанэ къэтхьынщ. ЯпэщIыкIэ къэдгъэлъэгъуэнщ ахэр абазэбзэм къызэрыщапсэлъымрэ абдежым къазэрыщыгурыIуэ мыхьэнэмрэ, иужькIэ къыхэдгъэщынщ абыхэм яхуэдгъэдэну адыгэбзэм хэт фIэщыгъэхэр, языныкъуэхэм деж урысыбзэкIэ гъэбелджылыжауэ: 
«Бджьый» (абазэ) - (тхудэшеяфэ, чинара) - «бжей» (адыгэ) - (бук).
Мы фIэщыгъэм ехьэлIауэ бзэщIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къумахуэ Мухьэдин зэригъэувымкIэ, ар «бжэ» псалъэм еигъэ къэзыгъэлъагъуэ суффикс «ей» - р пыувэкIэрэ къэхъуащ. 
Урысей Федерацэм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и академикыу щыта, профессор Шагъыр Iэмин къызэрыхигъэщауэ, жыгыцIэм лъабжьэ хуэхъуар бжы (зэрыпыджэ пасэрей Iэщэ) псалъэрщ. Абы и телъхьэу Шагъырым къехь шапсыгъ диалектым хэт пчыйэ жыгыцIэу пчы (бжы) псалъэм къытехъукIар. 
Къэдгъэлъэгъуам екIуалIэу, адыгэбзэм дыщыхуозэ а щIыкIэм тету къэунэхуа къинэмыщI жыгыцIэхэми. Псалъэм папщIэ, «Iэней» - бгылъэ мэзхэм къыщыкI жыг лъэпкъыгъуэщ. Адыгэхэм а цIэфIэщыр абы иратащ, Iэнэ къыхащIыкIыу къызэрекIуэкIам къыхэкIыу - «Iэней» («Iэнэ» + «ей»). 

Бзэхэр щызэпэтплъыткIэ 

Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, бзэщIэныгъэлI Абдокъуэ Ауес «Фонетические и лексические параллели абхазо-адыгских языков» и тхылъ телъыджэм дыщрохьэлIэ: «Абхъаз-адыгэхэм я бзэхэр зэрызэблагъэр куэд щIауэ зэрагъэунэхуар шэч къызытумыхьэжынщ. Зэпэджэжыныгъэу дызыщыIущIэхэм я нэхъыбапIэр, зэIэпаха къудей мыхъуу, дэтхэнэми лъабжьэ щызыгъуэтащ, зэрыщызэщхьри къызэрыщыщIэтэджари нэрылъагъуу». 
БзэщIэныгъэлI цIэрыIуэм жиIар дэзыIыгъщ абхъаз щIалэ, езым и анэдэлъхубзэри фIыуэ зылъагъуу, кIахэ адыгэбзэми щыгъуазэ зыхуэзыщIа тхыдэдж-этнолог Дасание Давид. 
Интернетым къыщызэIуиха «Кавказ–наш общий дом» утыкум къыщихьа и щапхъэхэм ящыщ зыбжанэ (абхъазыбзэрэ адыгэбзэу) мыбдежым къыщытхьынщ: 
Сэ, сэра – сэ, сэррэ.
Уэ, уэра – уэ, уэра.
Йэра – ар.
Апхъа, эпхьа – пхъу. 
Ашьа́, эща – шы, къуэш.
Аншьа, анщэ – анэш. 
Айахьущэ, ахьущэ, шыпхъэ – дэлъху, шыпхъу.
Умш – уи мафэ (уи махуэ). Мыбыи гу лъытапхъэщ: абхъазыбзэм хэт «ш» макъыр «нэху», «хужь», «хуабэ» мыхьэнэхэр къыщикIыу адыгэбзэм къыщыкIуэ псалъэхэм пэгъунэгъущ, «м» макъыр абхъазыбзэм еигъэ къыщызыгъэлъагъуэщ (Дасание Давид зэригъэувымкIэ). 
Сэра стыхуейтI – сэ сотхэ (абхъазыбзэкIэ «сэ сурэт сощI»).
ИсыжъууейтI, изжъууейтI – сешъо (псы софэ).
Асыр шкIуакIуоупI – уэсыр хужьщ.
Ашъуапш, эшъуапщ – кIахэ адыгэбзэкIэ «ошъуапщ» (уафэ пшэ).
Абри́ сыюны́ ауп (эбри сыюны аупI) – мыр си унэ. 
Ацъуэ (ацу) – цу («вы» псэущхьэм кIахэ адыгэхэр зэреджэщ).
Ац (ац) – цэ (дзэ).
Абызшъуа (эбызшъуа) – бзэ. 
Абгара́ (эбгъэра) – бгэн. 
Апсаа́ (эпсэа) – бзыу (бзу).
Апсаада́гуэ (эпсээдагуэ) - бзыудэгу (бзу дэгу). 
Абылра́ – блэн. 
Агуы́ (эгу) – гу. 
Агуы змам (эгу змам) – гу зимыIэ (шынэкъэрабгъэ).

ЩIыуэпсым ехьэлIахэр

Бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къумахуэ Мухьэдин «Очерки общего и Кавказского языкознания» и тхылъым адыгэ-убых-абхъаз бзэхэм щIыуэпсым ехьэлIауэ хэт псалъэ зэпэджэжхэр:
Ахъвыжь / хъвыжь - мыр абхъаз-абазэбзэм хэтщ, «пщэдджыжьым къуршхэмкIэ къриху жьы» мыхьэнэр къыщикIыу. Къэбэрдей адыгэбзэм, зэрытщIэщи, къызэрыщыкIуэр апхуэдабзэущ, «къуршхэмкIэ» жыхуиIэ псалъэр хэмытми. 
Уэрэжь (убых) - уэрыжь (кIахэ адыгэ) - псыпцIэ (къэбэрдей-шэрджэс).
Псэ (убых) - пцэ, пцэжьий (кIахэ адыгэ) - бдзэ, бдзэ-жьей (къэбэрдей-шэрджэс) - псыз (абазэ) - апсыз (абхъаз).
Хъуа (убых) - хъу, хъупIэ (адыгей, къэбэрдей). 
Псыхъу (шапсыгъ) - псыхъуэ (къэбэрдей-шэрджэс).
А-тх (убых - лъагапIэ, Iуащхьэ) - тхы (адыгэхэм - бгыщхьэ тхыцIэ). 
Д(ы)гъа, (н)дыгъэ (убых) - ттыгъэ (шапсыгъ, бжьэдыгъу) – дыгъэ.
Бзы (убых) - дзы (абазэ) - адзы (абхъаз) - псы (адыгэбзэ). 
Бзы чIы (убых) – псы чъыIэ (кIахэ адыгэ) - псы щIыIэ. 
Сы (абхъаз-абазэ) – уэс (адыгэ). 
Сыуыбы – (абхъаз-абазэ) – уэ Iэтэ (адыгэ. 
Мзы (абазэ) – Мазэ (адыгэ). 
Пшэ (абхъаз-абазэ) - «жьы къепщэ» жыхуиIэщ. 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: