Уи бзэм ухуэсакъынри Хэкур пхъумэнри лIыгъэщ

ЩIэ
 

Али Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым къыдигъэкI литературэ-художественнэ, щIэныгъэ-егъэджэныгъэ «Хэку» журналыр дунейм къытохьэ Узденов Таусолтан и унафэщIу, Иуан Зэуал и редактор нэхъыщхьэу. Абы елэжь редколлегием хэтщ Абидокъуэ Люсанэ, Астэжь Айшэт, Къантемыр Баблюстэ, БакIуу Хъанджэрий, Бемырзэ Зураб, Дыгъужь МыIуминат, ДыщэкI Маринэ, Иуан Лолэ (жэуап зыхь секретарь), Пащты Мадинэ, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, Шэрджэс Расьят сымэ. КъШР-м и мызакъуэу, гъунэгъу адыгэ щIыналъэхэми фIыуэ щацIыху а щIэныгъэлIхэм я Iуэху зехьэкIэм щыгъуазэхэм шэч къытрамыхьэжу ящIэ фIым и фIыжу зи ужь ихьэр абыхэм зэрызэфIахынур. Абы и щыхьэт наIуэщ журналым и етхуанэ къыдэкIыгъуэр, иужьрейуэ дунейм къытехьар. 
НапэкIуэцIи 160-рэ мэхъу зи бжыгъэр 300-у традзэ журналыр. Ар мащIэкъым икIи куэд дыдэу пхужыIэнукъым, ику итщ, зыфIэгъэщIэгъуэным, абы тет тхыгъэхэр зи лэжьыгъэм къыщызыгъэсэбэпынухэм яIэрыхьэфын хуэдиз мэхъу. Тхылъ пэлъытэ зыхужыпIэкIэ ущымыуэну къыдэкIыгъуэр Iыхьийуэ зэпыудащ: «IуэрыIуатэ», «Литературэ» (усыгъэ, прозэ, драматургие), «Адыгэ хэхэс литературэ», «Къэхутэныгъэхэр. Гупсысэхэр», «Публицистикэ», «Али Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым Анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымрэ ехьэлIауэ илэжьхэр», «Адыгэбзэмрэ литературэмрэ джыным и IуэхукIэ», «Жьэгу пащхьэ. Юбилейхэр, гукъэкIыжхэр». Зэрынэрылъагъущи, дэтхэнэ зыми фIэгъэщIэгъуэнын, и псэм пэгъунэгъу гуэр къригъуэтэнущ журналым. 
Япэ Iыхьэр хухахащ нарт Уэзырмэсрэ нарт Уэзырмэджрэ ятеухуа хъыбархэм щыщхэм. ЕтIуанэм гулъытэ щыхуащIащ литературэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьищми. Усыгъэм и лъахэм дыхашэ Мыжей Мамыржан, Гъуэщокъуэ Мадинэ, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ сымэ. Зи прозэ тхыгъэ дыкъеджэр Дыгъужь Къурмэнрэ («Бжьыхьэ псыдзэ» тхыгъэм щыщ Iыхьэ) Бемырзэ Зурабрэщ («Хьэгъундыкъуей новеллищ»). Журналым гулъытэ зыхуищIыр Къэрэшей-Шэрджэсым и тхакIуэ-усакIуэхэм я закъуэкъым, гъунэгъу республикэхэми хамэ къэралхэми щыпсэу адыгэхэми я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр къалъытэ ар зэхэзыгъэувэхэм. Абы и щыхьэтщ «Нур» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ Аброкъуэ Беллэ (КъБР) итха «Ди хьэгъуэлIыгъуэм зелыгъуэж» пьесэр, КIэрэф Эрол «Нанэхэр, дадэхэр магъыр» и Iуэтэжыр, ЛIыгуащIэ Мукаддес и Iуэтэжрэ усэхэмрэ къыдэкIыгъуэм зэрихуар. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Социальнэ-гуманитар институтым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и доцент, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Абазэ Албэч и къэхутэныгъэ лэжьыгъэщ «Хэхэс адыгэхэм я япэ спектакль» зыфIища тхыгъэ купщIафIэр. Журналым и къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIхэм дыкъыщоджэ зыщымыгъуазэIа «Андемыркъан къызэралъхуар» пьесэм теухуауэ КъардэнгъущI Зырамыку итхыжахэм. 
Журналым и иужьрей Iыхьищыр хухэхащ къэхъуагъащIэ Iуэху щхьэпэхэм, репортаж щIыкIэм тету тхащ ахэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, анэдэлъхубзэм ехьэлIауэ университетым зэфIигъэкIхэм ящыщщ къэралпсо Iуэрытхыр, а зэIущIэр къызэрызэрагъэпэщыр, щIэныгъэ зэхуэс купщIафIэр. Иуан Маринэ ди папщхьэ кърелъхьэж Бемырзэ Мухьэдин и фэеплъ пшыхьыр зэрекIуэкIар. Гъуэщокъуэ Хъусин къызэралъхурэ илъэси 110-рэ зэрырикъур, ди нэхъыжьыфI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий «Адыгэ Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къызэрыфIащар гулъытэншэ ящIакъым.
2003 гъэм къыщыщIэдзауэ къыдэкI «Хэку» журнал щхьэпэр зэрагугъам хуэдэу илъэсым тIэу яхуэгъэхьэзырыркъым, ауэ а зэрелэжьри IуэхуфI зэрызэфIахыфри Iэджэ и уасэщ. Куэд щIауэ срихьэлIакъым апхуэдэу щыуагъэншэу гъэхьэзыра хъуа лэжьыгъэ жысIэкIэ пцIыупс сыхъуну си гугъэкъыми, адыгэм и жыIауэ, щэм и щIагъ ухъу, зи жэрдэмхэри зэхэзыгъэувэхэри нэхъри иригъэхъулIэ. 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: