ЦIыхур цIыху щIыжщ, жыхуаIэращ. Дунейм къытехьэ дэтхэнэ зыми щысэ хуэхъун, щапхъэ зытрихын гуэр и гъащIэм къыхохьэ. Апхуэдэ зы гъэсэпэтхыдэ кIэщI сигу къэкIыжащи, сыхуейт абыкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм садэгуэшэну.
Уэрамым щызэрихьэлIащ, жи, зи ныбжьыр фIыуэ хэкIуэта, зэрыеджагъэшхуэр зи теплъэм къытещ лIырэ дунейм и хыхьэхэкI псори иджыри фIыуэ къэзымыщIа зы щIалэщIэрэ. ЩIалэщIэм и егъэджакIуэр къицIыхужри бгъэдыхьащ, гуапэу фIэхъус ирихащ.
– Уэ себгъэджауэ щытащ, уи фIыгъэкIэ егъэджакIуэ сыхъуащ, жиIащ. Хуабжьу си гуапэщ узэрыслъэгъуар.
– Сэри си гуапэщ. Ауэ сыт сэ къыздэплъэгъуар егъэджакIуэ гъуэгум утеувэн хуэдэу? – щIэупщIащ зи ныбжь хэкIуэта егъэджакIуэр.
– УмыщIэжу ара? – игъэщIэгъуащ щIалэм. – Хуит сыкъэпщIмэ, уигу къэзгъэкIыжынут. ДызыщIэс пэшым къыщIыхьа си еджэгъу щIалэм уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал имыIэу сыхьэт дахащэ Iэрылът. Псалъэмакъ теIущIыкIыпIэ иремыхъу, жиIэри, сыхьэтыр зыIэрылъ щIалэм ар зыдэс партэм дилъхьащ, дерсхэр иухмэ, къищтэжыну. АрщхьэкIэ, дауэ хъуами, сехъуэпсэщати, схуэмышыIэу къэсщтащ. Сыхьэтыр зыфIэкIуэда щIалэр гъырнэIуу къыббгъэдыхьэри къыпхуэтхьэусыхащ. Уэ укъытхэплъэщ аби, кхъыIэ, къэзыщтам щэхуу, зыми къимыщIэу ирегъэтIылъыж, сыныволъэIу, жыпIащ. АрщхьэкIэ, псори дыщымт.
Апхуэдэу щыхъум, дыкъыдэкIыу дыкъеувэкIыу дэтхэнэри дыкъызэрыпщынур, сыхьэтыр къэбгъуэтыху дызэрумыгъэтIысынур къыджепIащ, псоми ди нэхэр зэрыщупхыкIынури къыдгурыбгъэIуащ. ЗэрыжыпIам хуэдэу пщIащ, псори къэпщащ, зы тэлай мащIэ дыдэкIэ си деж укъэса нэужь, укъызэрыувыIар къэпщIэну си жыпым укъытеIэбэри, сыхьэтыр къипхыжащ. А узэрыкIуэм хуэдэу псоми уатеIэбэ хуэдэурэ уекIуэкIри, сыхьэтыр къызэрыбгъуэтыжар, ущIэгузэвэн зэрыщымыIэжыр жыпIэри дыбгъэтIысыжащ. Зы псалъэ къыпыбдзакъым, мы щIэщхъуми абы иужькIэ зэи дрипсэлъэжакъым. Ауэ а махуэм уэ пхъумар си напэм и закъуэкъым, си псэри къебгъэлащ, дыгъу цIэр стемыIукIыу си ныбжьэгъухэм я пащхьэ пщIэ щызиIэу сыкъэбгъэнащ. Абы иужькIэщ сэ хьэкъыу щыспхыкIар егъэджакIуэ сыхъуну сызэрыхуейр.
ТIури зы тэлайкIэ щым хъуащ. Зыр и гукъэкIыжым зэщIищтащ, адрейм зэхихам и щхъуэфэцыр дэтэджауэ умэзэхащ. Сытми, щIалэщIэр тхьэмадэм йоупщI, сыкъэпцIыхужа иджы, жеIэри.
ЛIыжьри къопсалъэри:
– ПщIэрэ, си щIалэ, сэри си нэр зэтепIауэт цIыкIухэр къызэрысщар, жеIэ…
Арыххэуи, егъэджакIуэр сыт щыгъуи сакъщ, нэгъуэщIым и пIэ зрегъэувэ, и пщIэр ехъумэ, дяпэкIэ цIыху хъунум и лъагъуэм къэрэгъул хуохъу. Арыххэуи, егъэджакIуэр цIыхугъэм и зэхэшакIуэ мэхъу, щыIэ къэгъэщIыгъэм и гъуазэу къолъагъуэ.