Псэужамэ, мы мазэм и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат Хьэкъун Барэсбийй. Абы фIыщIэшхуэ щIыхуэпщIым и зы щхьэусыгъуэщ уасэ зыхуэщIыгъуей «Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр» псалъалъэр къызэрыдигъэкIар. Барэсбий и лэжьыгъэм щIэныгъэу хилъхьар, а лэжьыгъэр гугъу дыдэу зэрыщытар къызгурымыIуэн щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ дэ нэхъ гу зылъывэдгъэтэну дызыхуейр адыгэ лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр къызыхэщым щыщ гуэрхэрщ. Мыр щIэныгъэкIэ щIэгъэбыдыхьа Iуэху еплъыкIэщ, армыхъумэ щхьэусыгъуэншэу зыщытхъуэжыным зыкIи бгъэдыхьэркъым.
КъэкIыгъэцIэхэм мащIэущ уазэрыщыхуэзэр урысыбзэ-адыгэбзэ, адыгэбзэ-урысыбзэ псалъалъэхэм. Абыхэм языныкъуэхэри тэмэму зэдзэкIа хъуакъым. Адыгэбзэм хэту, ауэ тхыбзэм къыщамыгъэсэбэпу къэкIыгъэцIэ куэди дэхуэха хъуащ. Ари гъэзэкIуэжыпхъэщ. ЗылI къарукIэ сэ зэкIэ схузэщIэгъэуIуар къэкIыгъэцIэу минрэ щитхум нэсщ. Адыгэ къуажэ псори, зэрыгурыIуэгъуэщи, схузэщIэгъэхьакъым.
Шэч хэлъкъым мы Iуэхум дяпэкIи елэжьын зэрыхуейм. КъэкIыгъэцIэ зэхуэхьэсыжыным щыщIэдзапхъэу къызолъытэ хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я дежи. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ а къэралхэм щыбгъуэтынкIэ угугъэ хъунущ щIыпIэ жыжьэхэм къикIыурэ адыгэхэм къаIэрыхьэу, хущхъуэу къагъэсэбэпу, шхыныгъуэхэм халъхьэу щыта къэкIыгъэхэмрэ абыхэм я адыгэ фIэщыгъэцIэхэмрэ.
Си псалъэм къызэрыхэщащи, зищIысыр зэIубз тхуэмыщIа къэкIыгъэцIэхэри щыIэщ. Адыгэхэм шэгын, хущхъуэ, н. къызыхахыу щыта удз лIэужьыгъуэхэм я цIэхэр ящIэж пэтми, езыхэр уагъэлъагъужыфыркъым.
Псалъэм папщIэ, бегъымбарIэпэлъыр «мыращ» - жаIэу щыдагъэлъагъуфар жылагъуэ Iэджэ дыздэщыIахэм ящыщу зы закъуэщ, Краснодар крайм щыIэ Щхьэщэхужщ (аул Урупский). Апхуэдэ щытыкIэм урегъэгупсыс къэкIыгъэцIэхэр зэхуэхьэсыным куэдкIэ нэхъ пасэу щIэддзэн зэрыхуеям. Бетэмал, къэкIыгъэцIэ куэд щIы фIыцIэм здыщIахьащ ди нэхъыжьыфI дунейм ехыжахэм!
Адыгэ лъэпкъым и ботаникэ, мэкъумэш щэнхабзэр нэхъапэхэм лъагэу зэрыщытам и щыхьэтщ мыри. Ди къэкIыгъэцIэ куэд (трасэу къагъэкIхэм щыщу) нэгъуэщI лъэпкъхэм (абхъаз-абазэхэм, нэгъуейхэм, осетинхэм, къэрэшей-балъкъэрхэм) я бзэм хыхьащ. Ари бзэм елэжь щIэныгъэлIхэм, шэч хэмылъу, гу зылъатапхъэщ.
Ботаникэм Карл Линей 18-нэ лIэщIыгъуэм къызэрыщигъэжьащи, дэтхэнэ къэкIыгъэми латиныбзэкIэ псалъитIу зэхэту фIэщыгъэ ират. Япэ псалъэр лъэпкъыгъуэцIэщ (родовое название), етIуанэр - лIэужьыгъуэцIэщ (видовое название). ЦIыхухэм унагъуэцIэмрэ цIэмрэ зэраIэм хуэдэу. Абы ещхьу ди лъэпкъми псалъитIу зэхэт фIэщыгъэ яритащ жыг, гъурц, удз, хадэхэкI зэщхь-зэгъунэгъу Iэджэм. Щапхъэхэр гъунэжщ: шэдыгъуей, мэзшэдыгъуей, губгъуэшэдыгъуей, унэшэдыгъуей; къуэн, къуэнтхъурей, адыгэкъуэн; сэтэней, губгъуэсэтэней, мэзсэтэней; дзэл, хьэдзэл, дзэлыгъуэ, дзэлкъэдабэ, дзэлхужь, дзэлыпцIэ, н. куэдхэр. Абыи къагъэлъагъуэ адыгэхэм зи теплъэкIэ зэщхь, ауэ зыгуэрхэмкIэ зэщхьэщыкI къэкIыгъэхэр фIыуэ зыхагъэщхьэхукIыфу зэрыщытар, ди лъэпкъым гупсысэ жан, набдзэгубдзаплъагъэ зэриIэр.
Бзэр тхыдалъэщ. АбыкIэ гъэщIэгъуэнщ къэкIыгъэцIэхэри. Ахэр щыхьэт тохъуэ тхыдэм и гъуэгуанэ гугъухэм, залымыгъэ мыкIуэщIхэм зэкIэщIадза адыгэхэр, шэрджэсхэр, адыгейхэр, нэгъуэщIхэри зы лъэпкъыу, зы унагъуэшхуэм хуэдэу зэхэту, зэрыIыгъыу, зэкIэлъыкIуэу зэрыщытам. Абы и щыхьэтщ къэкIыгъэцIэхэм я нэхъыбэр зэтехуэу, ди лъэпкъ псоми я зэхуэдэу зэрыщытыр.