«Си анэм и бзэр сэри сфIэфIт»

 

КIыщокъуэ Алим и цIэр адыгэ щэнхабзэм и дамыгъэ хъуащ. Ар зауэм щыIэ полкым и унафэщIу, КъБАССР-м егъэджэныгъэмкIэ и министру, РСФСР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ. Къэрал саугъэтхэм я Лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ бадзэуэгъуэм и 22-м илъэси 112-рэ ирикъуащ.

КIыщокъуэр Кавказ Ищхъэрэм и щыгу нэхъыщхьищым языхэзу къагъэлъагъуэрт. Адрей щыгуитIыр зейр Гамзатов Расулрэ Кулиев Къайсынрэт. 
КIыщокъуэ Алим и литературэ гъуэгуанэм пасэ дыдэу техьащ. Езы усакIуэм къызэриIуэтэжамкIэ, ар щэщI гъэхэм техуэрт. Нобэ фигу къыдогъэкIыж цIыхубэ усакIуэм и IэдакъэщIэкI зыбжанэ.
«Ди бзэмрэ сэрэ»
ЛIэщIыгъуэ дапщэ къэдгъэщIами,
Сэлам къытпежьэм дэ етхынщ.
Ди бзэр псэужмэ, апщIондэхукIэ
Си гугъуи ящIу зэхэфхынщ.
МакIуэ сыхьэтыр къимыгъазэу,
Вагъуэм нэсыни хулъэмыкI.
Нэхъ згъэкIыхьынут бзэм и гъащIэр,
АрщхьэкIэ зыми ар лъэмыкI.
КъэдгъэувыIэнут а сыхьэтыр,
АрщхьэкIэ ди бзэр дигу пымыкI.
Си щIыбым илъу стелъщ сэ хьэлъэ,
Бэлыхьу Iэджэм сыхэмыкI.
Сэ щIы къатиблыр къыслъысами,
Си анэм и бзэр сIэщIэмыкI.
Щыблэр къыщыуэм щыщIэдзауэ
Вагъуэзэшиблым деж нэсыху –
Аращ дэ гъуэгуу дызытетыр
Ди анэм и бзэр тхъумэжыху.
 

«Гъуэгу къежьапIэ»
«Адыгэбзэр сыт щIэдджынур,
Зыдынэсыр КъалэкIыхьырщ»,-
Ар ауану Iэджэм жаIэр,
Мышыу псалъэм тIэкIу хэчыхьу.
ЩызэхэскIэ сэ а псалъэр,
А гушыIэр сигу темыхуэ.
Станцым нэси унигъэсмэ,
Ар бзэм дежкIэ уфIэмащIэ?
Бзэр шу лъагъуэм хузогъадэ,
Бгъузэу щытми, станцым нос.
Унэсакъэ - гъущI гъуэгушхуэм
Къыщыппэплъэу тетыр поездщ.
Уи гъуэгуанэр жыжьэу щытрэ
УкIуэфынум къыумыгъазэу-
Шым епсыхи кIуэ мафIэгукIэ,
Тетщ а гъуэгум вагъуи мази.
Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу
ГъущI гъуэгушхуэм сытехьакъым,
Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу
Урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым.
Iуащхьэмахуэ телъ уэс къабзэу,
Си анэм и бзэр сэри сфIэфIт.
Си букварыр зэIусхауэ
Сыкъеджамэ, махуэр уэфIт.
Ноби школым кIуэм а тхылъыр
Я блэгущIэм цIыкIухэм щIэлъщ,
Урысыбзэм и гъуэгушхуэм
Нытехьэну я гум хэлъщ.
Адыгэбзэр хэт фIэгугъуми-
Ещхьщ си дежкIэ псыIэрышэм,
Ар уэрэду зэхызохыр,
Къурши губгъуи къыдэушу.
Хэт ухуейми сыкъыдожэ,
Iэджэм япэ сэ сищащ.
Адыгэбзэу си шы Iэсэм
Шы тесыкIэ сигъэщIащ.
Ар си гъуэгум и къежьапIэщ,
Ар си дамэщ, ар си напщIэщ,
Ар сымыщIэу щытыгъатэм,
КIэщI дыдэнут сэ си гъащIэр.
Си анэм и бзэу си нэм хуэсхь,
Уэ къыптехуэр схуохъу удын.
Гъуэгу тетыныр сэ щызухкIэ,
Уи Iэр сIыгъыу сыухынщ.

«Ди хэку аргуэру къызогъазэ»
Ди хэку аргуэру къызогъазэ.
Слъэгъуамэ къуршхэр, гур хохъуэж.
Удзымэ IэфIхэм чэф сащIауэ
Ди унэ тIэкIум сокIуэлIэж.
Ныбжьэгъухэр ноби къысхуосакъыр,
Къызэдэуэни щагъэтыж.
Щхьэщытщ унащхьэм Iугъуэ мащIэ,
Пшэм лъэIэсамэ, къемыхыж.
Сахуэзэм цIыхум, согумащIэ,
СымыщIэ хэкур зэзгъэпщэн.
Дыдауэу гъащIэр сыт щIетхьэкIыр,
Зэпыдгъэуауэ дылъэщэн?
Дэ махуи жэщи демызэшу,
ДыпIащIэ – тхъытхъыу къыдожыхь.
Ди псэм нэхъ къищтэр дымыщIэжу,
Дигу иримыхьыр хыдокухь.
Дунейм къутэхукIэ утетыну
Уи гугъэм, уи щхьэр къогъэпцIэж.
ГъэлъапIэ жэщыр, махуэм хуэдэу,
Уи хэку дахащэр гъэлъэпIэж.

«Си дыгъэ»
Дыщэ пащIэр бжэм щIигъакъуэу
Бгы къуапэшхуэм ящхьэщохьэ,
Ич лъэбакъуэм ар хуэсакъыу,
Къуршыжь щIыбым дыгъэр къуохьэ.
Тлъагъужынкъым дыгъэр, жиIэу
Хэт гузавэр мы дунейм?
Дэрщ а нурыр дыгъэм щIиIэр –
Щынщ аргуэру нэху пщэдей.
ФIыуэ слъагъур зэ укIуэдми,
Уэ аргуэру къэбгъэзэнщ.
Узмылъагъуу дэкIыр куэдми,
Сэ аргуэру сыпхуэзэнщ.
Уэ сэр папщIэ угубжьами,
Си псэр гукIэ къыболъыхъуэр,
Мис аракъэ, уэ уежьами,
Ныкъуэ си гур зэи щIэмыхъур.

Си анэм»
Си гъунэгъуу къакIуи уэ къэтIысыт,
Къащтэ дзасэр, лыпцIэр сэ згъэжьэнщ,
Мис си дамэм вагъуэу тху щонэхур,
Кремль вагъуэм ар я къуэшщ, уэ пщIэм.
Жьыбгъэм уэсыр пщIантIэм къыдекIутэ,
Нобэ махуэм ещхьти сыщежьар,
Сэ къысфIощIыр ар дыгъуасэ хуэдэу,
ИлъэсиплIкIэ нобэм упэплъащ.
Уи псэлъэкIэу жыIэт «а си дотэ»,
Гуауэ псори хъуащ иджы IэщIыб,
ЩIы тхьэлъэIуи, уеблэм ноби содэ,
Сэлэт хабзэу фляжкэм дегъэIуб.
Ефэ, ди анэ, уэ ипфащ нэхъ гуащIэ –
Гуауэ Iэджэм уи щхьэр хужь ящIащ,
Ефэ, уи къуэу къэкIуэжами папщIэ,
Куэди нэпсу щэхуу уэ плъэщIар.

«Къэзгъэзэнущ сэ»
Псыежэхым къимыгъазэ,
Псыхъуэм дэтщи пхудэмыж.
Псым симыхьмэ, къэзгъэзэну
СщIащ уэрэдыр сэ лъэмыж.
ЩIым и гъуни сыщыщIэфлъхьэ,
Мывэ сынри сыту сщIын?
СыздыщIэлъыр хы адрыщIми,
Дыгъэмыхъуэ пхуэмыщIын.
Уэгум итщи щхьэуназэу,
Пшэ Iэрамэм уэшх къахьынщ.
Жьым симыхьу къэзгъэзэнщи,
Сэламышхуи къыфхуэсхьынщ.
Бзухэм гъатхэм къыдагъазэр,
Уаер къэсмэ, дэгызынщ.
Сэ жэщ вагъуэм сакъыхэту
Аркъэн хужьыр къывэздзынщ.
Къэзгъэзэнущ псыхьэлыгъуэу,
Къуэр си макъкIэ згъэпсэлъэнщ.
Гъатхэ жылэу сахъумауэ
ЩIы вагъэщIэм сыхалъхьэнщ.
Къыщызгъазэм уафэр бзыгъэу,
Уэшхи уэси зэщIэлъынщ.
СыхэбдзынкIэ Iэмалыншэу
Гъыбзэм псалъэу сыхэлъынщ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также:

12.08.2026 - 16:36 УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
03.08.2026 - 19:28 Уэрэд