ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэджыIакIуэАдыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Быштокъуэ (Быштэ) Азэмэт цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, Урысейм, адыгэ щыпсэу дэнэ щIыпIи къыщацIыхуа уэрэджыIакIуэхэм ящыщщ.
ЦIыхухэм гунэс ящыхъуа адыгэ уэрэд куэд зыгъэзащIэ Азэмэт Адыгейм къыщалъхуащ. ЩIыналъэм и къалащхьэ Мейкъуапэ дэт гимназиер Быштэм ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. ЗэрыцIыкIурэ къафэр, макъамэр зи псэм хэлъ щIалэм и уэрэд жыIэкIэр, утыку итыкIэр, зыми хэмыгъуащэ и макъ жьгъырур куэдым ягу ирохь, пшыхь зэмылIэужьыгъуэхэм Iэгуауэшхуэ щыхуаIэт. «Мейкъуапэ пшэплъхэр» ансамблым илъэс 15-кIэ хэта щIалэр пшынэ, бэрэбан еуэным хуэхамэкъым, уэрэд жыIэнми хуэIэзэщ.
- «Мейкъуапэ пшэплъхэр» ансамблым сыхэту япэу Налшык сыкъыщыкIуам гуапэу къытIущIащ «Нал цIыкIу» гупым и художественнэ унафэщI Куэшей Аликрэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэща «Нал цIыкIу» псапащIэ фондым и унафэщI Борсэ ХьэIишэтрэ. Абы лъандэрэ дызэроцIыху, дызэкIэлъокIуэ. Къафэм и мызакъуэу, Алик сабийхэр хабзэм, нэмысым, утыку итыкIэм, гуп хэтыкIэм хуегъасэ. Къафэм хуэбгъэсэным гугъуехьу пыщIамрэ дэрэжэгъуэу къуитымрэ фIыуэ сыщыгъуазэщ. АбыкIэ фIыщIэ яхуэфащэщ икIи сахуэарэзыщ сыщысабийм къафэм сыхуэзыгъэсахэу Къул Мухьэмэдрэ Ныныжь Айдэмыррэ, - жеIэ Быштэ Азэмэт.
Быштэр Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэми Урысейми щыцIэрыIуэщ. УэрэджыIакIуэм и Интернет сайтым ущрохьэлIэ Астрахань, Москва, адыгэхэр щыпсэу хамэ къэралхэм я деж концертхэр щыщитынум куэд щIэупщIэу. Макъамэр фIыуэ зылъагъухэм я гур къэзыхьэхуфа, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ, зи теплъэкIэ щIалэ лъагъугъуафIэр Урысей псом цIэрыIуэ зэрыщыхъуар узыгъэгуфIэщ икIи узыгъэгушхуэщ.
Азэмэт игъэзащIэ уэрэдхэм («Си дахэ уей», «Узмылъагъуу махуэр блокI», «Лъагъуныгъэ», «Си дахэкIей», «Си дахэ цIыкIу», «Потанцуй», «Нас судьба связала», «Моя Адыгея», «Лилии», «Сто причин», «Я не стану», «Скучаешь», «Горький чай», «Моё сердце», «Украду тебя», нэгъуэщIхэми цIыхухэр щIыпэджэжым и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ. ЦIыхубэм дэрэжэгъуэ езыт лъагъуныгъэм, насыпым, зыгъэгумэщI Iуэхухэм Быштэм и уэрэдхэр зэрытеухуам къыдэкIуэу, щIалэм макъ гуакIуэ иIэщ. Аращ а уэрэдхэр цIыхухэм я псэм щIыпэгъунэгъур, я гур щIигъэхуабэр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэ, пшыхь, хьэгъуэлIыгъуэхэр ягъэдэхэн папщIэ Быштэр зэпымыууэ ирагъэблагъэ. КъыжыIапхъэщ, Азэмэт утыку ихьакIэ уэрэд зыбжанэ жимыIауэ къызэрырамыгъэкIыжыр. ЩIалэм и уэрэдхэр къыщемыуэ, и макъ щымыIу зэхыхьэхэри зэшыгъуэ хъууэ къалъытэ. КъищынэмыщIауэ, Мэремыкъуэ Резуан, Лилу, НэщIэс Анжеликэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Тхьэгъэлэдж Мурат, Лауритэ, нэгъуэщIхэми ящIыгъуу Азэмэт игъэзащIэ уэрэдхэри цIыхухэм япхъуэтащ. «9 волна» макъамэ телеканалымкIэ екIуэкI хит-парадым Быштэ Азэмэт зэпымыууэ пашэ щохъу.
- Зызмыхъуэжу нэхъыбэу зиужь ситыр сэ спэгъунэгъу адыгэ уэрэдхэращ. Си концертхэр Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэрщ нэхъыбэу щыстыр. Хабзэ хъуауэ, ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу концертхэр нэхъ сот, - жиIащ Азэмэт.
ПсынщIэ дыдэу Азэмэт цIэрыIуэ хъуами, цIыху къызэрыгуэкIыу къэнэжащ, языныкъуэхэм хуэдэу зыкъыфIэмыщIыжу. УэрэджыIакIуэм зэчий къызэрымыкIуэ зэрыбгъэдэлъым, лъэпкъ макъамэр гукIи псэкIи зэрызыхищIэр и щыхьэтщ абы и зэфIэкIым. Азэмэт щхьэгъусэ хуэхъуари макъамэр зи псэм хэлъ уэрэджыIакIуэ Дзыбэ ФатIимэщ.
И ныбжьыр илъэс 23-рэ фIэкIа мыхъуауэ «Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщар закъуэтIакъуэщ. А ехъулIэныгъэр къыпэкIуащ и гур етауэ, и къаруи зэмани емыблэжу Азэмэт и лэжьыгъэм зэрыпэрытым. Ди гуапэщ и зэфIэкIым хигъахъуэ зэпыту ар иджыри куэдрэ утыку итыну, цIыхухэм я гукъыдэжым пэджэж уэрэдыщIэхэмкIэ дигъэгуфIэну.
Поделиться:
Читать также:
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
10.08.2026 - 13:00 →
«УЭРЩ СИ ДАМЭР»
| ||




