«ЛIым и ныбжьыр къызэрабжыр илъэс бжыгъэкъым»

Анэдэлъхубзэм, адэжь лъахэм, адыгагъэм, лъэпкъ шыфэлIыфэм теухуа гупсысэхэм я чэзущ сытым щыгъуи, зэпымыууэ дызытепсэлъыхьыпхъэщ. АтIэ усэбзэ лъахэ гъунэншэм узышэ гупсысэхэмкIэ адыгэ дунейр гъэпсарэ, а дунейм тепсэлъыхьыжри, щIэныгъэм и пIалъэр зыщIэ цIыху щэджащэмэ нэхъ лъэщыжщ. Фыщыдгъэгъуэзэну дыхуейщ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, публицист, «Адыгэ псалъэ» газетым илъэс куэдкIэ щылэжьа КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид усакIуэ цIэрыIуэ КIуащ БетIал триухуа тхыгъэ купщIафIэмкIэ.
ГЪУЭТ Синэ. 
 
Апхуэдэ псалъэхэр къызэринэкIащ КIуащ БетIал. МыбыкIэ акъылэгъу мыхъун щыIэкъым. НыбжькIэкъым тхыдэм лъэужь къызэрыханэр – гуащIэкIэщ. КъэбгъэщIамрэ ныбжьымрэ щIэупщIэркъым цIыхур, абыхэм ягу къинэр уи гуащIэдэкIырщ. Дзэпщ цIэрыIуэ гуэрым жиIэгъащ: «ЛIыгъэ зепхьэнумэ, ныбжьыр зэран хъуркъым» - ущIалэ дыдэми, уи пащIэ-жьакIэр зэщIэтхъуэху дунейм утетами. 
КIуащ БетIал лIы ныбжь къигъэщIакъым – илъэс щэщIрэ блырэщ зэрыпсэуар, пасэу дунейм ехыжащ. Дунейм къытринам тепщIыхьмэ, ар ноби къыддэпсэу пэлъытэщ: къыддопсэу и усэр, и цIэр, и щIыхьыр. Къыддопсэу езыр – адыгэ усакIуэ щэджащэр. КIуащ БетIал и усэри, и цIэри, и щIыхьри ди тхыдэм уахътыншэ щыхъуащ, абы и гуащIэм егъэбжьыфIэ адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр. 
КIуащ БетIал адыгэм и гум къыщIинэн гуащIэ къызэринэкIащ, лъэпкъыр зэрыпагэ хъугъуэфIыгъуэщ абы и IэдакъэщIэкIхэр, и цIэмрэ и пщIэмрэ зэи мыкIуэдыжынщ. Дунейм тетыху – зауэ гуащIэм щыхэтами, лэжьыгъэ IэнатIэ щыбгъэдэтами – БетIал зы махуи игъэпудакъым адыгэлIым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ, нобэр къыздэсым яхуэIуэтэщIыркъым абы хэлъа цIыхугъэмрэ лIыгъэмрэ я хъыбарыр. Апхуэдэ хъыбар къэзымыIуэтэж яхэткъым усакIуэ телъыджэм и ныбжьэгъуахэмрэ и лэжьэгъуахэмрэ – ар зыцIыхуу щыта дэтхэнэми. Нэхъыжьми нэхъыщIэми бзэ къахуэзыгъуэт, я пщIэр зылъытэф цIыхушхуэт БетIал, и нэмысымрэ и щэныфIагъкIэ, и акъылрэ и щIэныгъэкIэ цIэрыIуэ хъуауэ. ЦIэрыIуэ зэрыхъуам ирипагэ, зи щхьэр япэ изыгъэщ цIыхухэм ящыщакъым КIуащыр, и напщIэ телътэкъым ар – апхуэдэращ цIыхум я гум фIыкIэ къинэр, ящымыгъупщэр. Апхуэдэхэм ящыщащ БетIал – щэныфIагъыр къыдалъхуауэ, и лъым хэпщауэ къыдэгъуэгурыкIуащ. 
ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа цIыхущ КIуащыр. Тхыдэр, бзэр, литературэр, IуэрыIуатэр куууэ зэриджам щыхьэт тохъуэ абы къызэринэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр. Нало Заур зэритхымкIэ, БетIал и анэдэлъхубзэм нэмыщI, бзэ зыбжанэ ищIэу, лъэпкъ куэдым я щэнхабзэм куууэ щыгъуазэу щытащ. Аспирантурэм щыщIэса илъэсхэм иужькIи КIуащым къаруушхуэ ирихьэлIащ IуэрыIуатэр джыным, ар зэхуэхьэсыным, къыдэгъэкIыным. Куууэ зыщыгъуазэ адыгэ IуэрыIуатэр БетIал лъабжьэ хуищIащ и усыгъэ купщIафIэ зыбжанэм («Си псыхъуэ гуащэ», «Нартхэр», нэгъуэщIхэми). 
БетIал и япэ тхылъыр, «Си гъащIэм и гуащIэ» зыфIищар, I950 гъэм къыдэкIащ. «Си гъащIэм и гуащIэ» тхылъым КIуащым щызэхуихьэса усыгъэхэм я нэхъыбапIэр абы щитхар аспирантурэм щыщIэса илъэсхэрщ. Абы щыгъуэщ БетIал «ХамэщIым» циклым хыхьэ усэ хьэлэмэтхэр («Нил гъатхэм», «Самум», «Хьэрыпхэм я лъэщкIэ», «Англичанхэр», «Мэжджытым», «Феллахыр мэщакIуэ», «ЧэбакIуэхэр») щитхар. Абы щыгъуэщ «Шагъдий», «Розэ», «Си псыхъуэгуащэ», «Индыл» усэ цIэрыIуэхэри дунейм къыщытехьар. Аспирантурэм щIэсущ БетIал и усыгъэ нэхъ пIащэ дыдэри – «ДжонитI» поэмэр - щитхар. Зи цIэ къитIуа усыгъэхэм я закъуэкъым а зэманым КIуащым и къалэмыпэм къыщIэкIар (и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я гугъу умыщIыххэми) – зауэ нэужь илъэс зыщыплIым абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ и пшыналъэм и фIыпIэр. «Си гъащIэм и гуащIэ» усэ тхылъыр дунейм къытехьа нэужь, ди литературэм усакIуэ телъыджэ къызэрыщIэтэджар наIуэ хъуащ – езым и макърэ зыми хэмыгъуэщэн хъэтIрэ зиIэ усакIуэ щэджащэ! 
Дунейм ехыжын ипэIуэкIэ БетIал и къалэмыпэм къыщIэкIащ мыпхуэдэ сатырхэр: 
ДыгъэфI махуи жэщ мазэгъуи
Сызыщышынэр зыщ:
«ИщIэгъа щыIакъым щIагъуи,
ЛIащ, дыхуэарэзыщ»,- 
СхужыпIэнырщ си лъэпкъ мащIэ:
Ар си лIэн тIэунейщ.
Уэ Iумпэм умыщI си гуащIэр,
Сэ уэ сурыуейщ. 
Нобэ зыми шэч къытрихьэжыркъым: КIуащ БетIал и гуащIэр адыгэ литературэм и фIыпIэщ, лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыбжьыфIэ гуащIэ къызэринэкIын хузэфIэкIащ усакIуэ телъыджэм. 
«Уэр мыхъуам сыбгъэ дамэншэт», «Гур зыдэкIуэм кIуэфыр лIыфIщ», «Уэрэдыр фадэм къыхэкIыркъым», «Розэ», «Си псыхъуэ гуащэ», «Си лъахэ», «Ухыгъэ» - ди поэзием уахътыншэ щыхъуащ а усэхэр. КIуащым и мащIэкъым апхуэдэ усыгъэхэр – усакIуэм и гущIэм щызэщIэна, и гупсысэмрэ и гурыгъу-гурыщIэмрэ къэзублэрэкIа пшыналъэ купщIафIэхэр. 
Дэтхэнэ усакIуэми, къалэмыр IэщIэлъыху, и гущIэм щигъафIэ, зэи къыIэщIэмыужагъуэ образ къыдогъуэгурыкIуэ. КIуащ БетIал дежкIэ ар, гу зэрылъытэгъуафIэщи, лъахэращ. Къытригъэзэжурэ тетхыхьми, усакIуэм дежкIэ «дыгъэ бзийри ди деж щынэхъ уэрщ», «вагъуэхэр ди деж щынэхъ гуэрэнщ», «пшэплъри ди деж щынэхъ дыхьэрэнщ». Лъахэм, Хэкум псэр щIитыфынущ усакIуэм, абы и пщIэмрэ и щIыхьымрэ ихъумэным нэхъ къалэн ин и пщэм дилъхьэркъым. Апхуэдэ усакIуэрщ – БетIал хуэдэрщ мы усэр зи гущIэм къиIукIынкIэ хъунур: 
Уэр мыхъуам сыбгъэ дамэншэт,
Шыуаныншэ лъахъшт,
Жыг къута щIэгъэкъуэныншэт,
Шэншэу жэм шхуэл къашт.
Ауэ сэ узиIэщ. ГъащIэр
Уэрщ къызэзытар.
ПхуэсщIыжыну пщIэ сопIащIэр,
НэгъуэщIхэр хъымпIарщ.
ЗэрыжаIэу, «жэм и лъакъуэ
И шкIэ имыукI»,
Ауэ, лъахэ, узгъэплъакъуэм,
СыщI хьэрэм, сыукI. 
Дунейм тетыху, лъахэр щигъэплъэкъуа къэхъуакъым. КIуащым и къарум къихьыр хуилэжьащ и лъахэм, и гъащIэр щхьэузыхь хуищIащ абы, и гъащIэм и гуащIэкIэ етащ. Уи жагъуэ хъур, уи гум къеуэр БетIал и гъащIэр пасэIуэу къызэрытенкIыфIэжарщ – и къару илъыгъуэу, и гур зыдэплъэм и Iэр нэмысауэ, ищIар фIэмащIэрэ нэхъыбэм хуэпабгъэу. БетIал и псэм ищIагъэнт ар – и ныбжь нэмысауэ и щIылъэ дунейр зэриухынур…
«ГъащIэр кIэщIми, дзищэ Iуткъэ» - ар БетIал езым и щхьэкIэ зэригъэунэхуар зэкъым-тIэукъым: дзищэ зыIут гъащIэм и удын мащIэ къытехуакъым усакIуэм, и нэгу щIэкIащ абы и дыджри и хьэлъэри. ЦIыху псэ махэр, гуащIэмащIэр егъэдзыхэ апхуэдэ гъащIэм, и щхьэр щIрегъэхьэ. Апхуэдэхэм ящыщакъым БетIал: гъащIэм и нэхъ дыджри зышэчыфын къарурэ гуащIэрэ, лIыгъэрэ бэшэчыгъэрэ хэлъащ КIуащым. Абы щыхьэт тохъуэ БетIал и дэтхэнэ усэри, и дэтхэнэ сатырри. 
Анэдэлъхубзэм и IэфIыр фIыуэ зыхэзыщIэ усакIуэщ КIуащ БетIал, абы хузэфIэкIынумрэ кърипIуэтэфынумрэ фIыуэ гурыIуауэ. Бзэм зэманымрэ гъащIэмрэ зыдаужь – аращ хабзэр. Зы лъэбакъуэ нэхъ мыхъуми, анэдэлъхубзэм иригъэчыфамэ, усакIуэм, тхакIуэм – къалэмыр зи Iэщэ дэтхэнэми – фIыщIэ ин бгъэдэлъщ. Апхуэдэ фIыщIэ зыбгъэдэлъ усакIуэщ КIуащ БетIал. Ди бзэм зы лъэбакъуэкъым абы иригъэчар. ПсалъэщIэ мащIи къигъэщIакъым БетIал и къалэмым, абыхэм я нэхъыбэм цIыхур есэжащ нобэ, уеблэмэ зыхащIэжыркъым ахэр усакIуэ гуэрым къигъэщIауэ. БетIал къигъэщIа псалъэхэм ящыщщ «ухыгъэр» («ухыгъэ, си гум щхьэ укъепхъуа»), «къэхъугъэр» («си хэкууэ дыщэ губгъуэ, къэхъугъэм и епэр»), нэгъуэщIхэри. 
КIуащ БетIал къэбэрдей поэзием къыхолыдыкI, абы и дэтхэнэ сатырми усакIуэ щэджащэм и дамыгъэ телъщ. БетIал и усэр зыхэгъуэщэн щыIэкъым, дэнэ ущрихьэлIэми, ар усакIуэм и Iэдакъэм къызэрыщIэкIар зыхыбощIэ. Псоми къехъулIэркъым ар, къызэхъулIэр усэр зи натIэм къритха цIыхурщ. Апхуэдэ усакIуэт БетIал. Усэр къыдалъхуауэ – ухыгъэр абыкIэ къыхуэупсауэ.
Поделиться:

Читать также:

12.08.2026 - 16:36 УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
03.08.2026 - 19:28 Уэрэд