Дунейр шэрхъщи мэкIэрахъуэ

«Дунейр шэрхъщи, мэкIэрахъуэ», - жеIэ адыгэм. Абы къокI псэукIэм, гупсысэм, щытыкIэм зэрызиужьыр, нобэмрэ пщэдеймрэ зэрызэтемыхуэр. Мы жыIэкIэр псалъэжь хъужауэ куэдрэ жыдоIэ, щапхъэуи къыдохь. АтIэ псалъэжь куэдым я лъабжьэщ хъыбар. «Дунейр шэрхъщи, мэкIэрахъуэ» жыхуэтIэри абыхэм ящыщщ. Псалъэжьым и хъыбарым дыкъевгъаджэ. 
ГЪУЭТ Синэ. 

 

Пщым зы пщылIрэ зыврэ иIэт. Пщым и пщылI тхьэмыщкIэр вым пэщIищIауэ игъавэрт, пщIэнтIэпсыр ирикъуэкIыу. ЗэхэзекIуэр блэкIыу ар щилъагъум, къэувыIэри куэдрэ еплъащ, фIэгуэныхьи хъури жиIащ:
– Ярэби, сыту хьэзабышхуэ птелъ! ПхуэзмыщIэфIами, сигу пщIогъу, – жиIэри.
– Аращ, мыри зэманщи макIуэр. Мы зэманри блэкIынщи, нэгъуэщI зэмани плъагъунщ, – жиIэри пщылIым пхъэIэщэр иришэжьэжащ. ЗэхэзекIуэри кIэлъыплъри, игу щIэгъури ежьэжащ.
Арати, зы илъэси блэкIауэ, зэхэзекIуэр аргуэру къыблэкIыжырти,
витI щIэщIауэ пщылIыр вэуэ илъэгъуащ.
– Иджыри фIы дыдэкъым, ауэ япэм нэхърэ нэхъыфIыIуэщ уи
Iуэхур: нэгъуэщI мыхъуми уэ пхъэIэщэм ущIэщIакъым, – жиIащ зэхэзекIуэм.
– АтIэ аращ, мыри зы зэманщи, йокIуэкI, мыри блэкIынщи, нэгъуэщI зэмани къэхъуауэ плъагъунщ, – жиIэри, вым яхэуэри ежьэжащ.
Ари зы илъэсти блэкIащ. Аргуэрыжьти, зэхэзекIуэр блэкIыу пщылIыр виплIкIэ вэуэ къыхуэзащ.
– Ярэби, сыту фIыт: иджы виплIкIэ уовэ, вакIуи уи гъусэщ. ИкIи уезэшынкъым, лэжьыгъэри апхуэдэу къыптехьэлъэнкъым. Си гуапэ хъуащ мыпхуэдэу узэрыслъэгъуар! – жиIащ зэхэзекIуэм.
– АтIэ, мыри зы зэманщи, макIуэ, мыри блэкIынщи, нэгъуэщI зэмани къэхъуауэ плъагъунущ, упсэумэ, – жиIэри, пхъэIэщэкIыр иубыдри ежьэжащ.
ЗэхэзекIуэми игу фIы хъуауэ блэкIащ. Арыххэти, зы илъэси кIуащ. ЗэхэзекIуэр къыблэкIыжу илъэгъуащ пщылIым пхъэIэщэкIыр имыIыгъыжу, ауэ унафэ яхуищIу яхэту.
– Иджы уи Iуэхур нэхъыфIщ, хуабжьу си гуапэщ, уи гум зигъэпсэхужауэ къыщIэкIынщ. Ахъумэ, сыблэкIыхукIэ улажьэу слъагъурт, - жиIащ зэхэзекIуэм.
– АтIэ, мыри зэманщи, макIуэ, мыри блэкIынщи, нэгъуэщI зэмани къэхъуауэ плъагъунщ, – жиIэри унафэ ищIу хыхьэжащ. ЗэхэзекIуэми, и щхьэр игъэкIэрахъуэри, ежьэжащ.
БлэкIащ аргуэрыжьти илъэс гуэр. «Сэ мы си ныбжьэгъур зэрыхъуар
зэзгъэлъагъунщ», – жиIэри зэхэзекIуэр къэкIуащ. КъыздэкIуам – пщыр
лIауэ, пщым и фызым и пщылIыр хыхьэжауэ, пщым и мылъкур зэрыхуейм хуэдэу ищIу кърихьэлIащ.
– Сыту фIыт ярэби! Уи Iуэхур нэхъ иныж хъуащ! Иджы къызыхуэтыншэу уопсэу, ахъумэ япэм сигу пщIэгъуат, иджы сыту гуфIэгъуэшхуэ мыпхуэдэу услъагъуну! – жиIащ зэхэзекIуэм.
– Еблагъэ, си ныбжьэгъуфI зэхэзекIуэ! – жиIэри иригъэблэгъащ. – Аращ, мылъкур си пщIэнтIэпскIэ къэзлэжьати, сысей хъужащ. Ар зимейр телIыкIри, зейр теувэжащ. Япэм си щхьэм сыхуиттэкъым, иджы укъезгъэблэгъауэ узогъатхъэ, – жиIэри игъэхьэщIащ, игъэшхащ, игъэлъэпIащ.
Пщэдджыжьым зэхэзекIуэр къыщыдэкIыжым, пщылIым жиIащ:
– АтIэ, мыри зэманщи, макIуэ, мыри блэкIынщи, нэгъуэщI зэмани плъагъунщ, упсэумэ. Узыншэу ущыт! – жиIэри и Iэри иубыдыжащ. 
Аргуэрыжьти, зы илъэси блэкIауэ, зэхэзекIуэр абыкIэ блэкIыу дыхьащ «си ныбжьэгъур зэзгъэлъагъунщ» – жиIэри. ЗэхэзекIуэр щыдыхьэм, и ныбжьэгъур лIауэ икIи щIалъхьэжауэ, хьэдагъэ дэту ирихьэлIащ. «И хьэдащхьэр щызмылъагъужакIи, и кхъэр зэзгъэцIыхунщ», жиIэу зэхэзекIуэм и щхьэр игъэкIэрахъуэри, къыдэкIыжащ.
Аргуэрыжьти, зэхэзекIуэр, зы илъэс блэкIауэ кхъэмкIэ блэкIырти, и ныбжьэгъур игу къэкIыжри, кIуащ и ныбжьэгъум и кхъэм еплъыну. ЗдэкIуам, псыр къыдэжэхри кхъэр псым ихьауэ, сэтей хъужауэ, кхъэ итарэ имытарэ умыщIэжыну хуэзащ. «Ярэби мыбдежырауэ пIэрэт си ныбжьэгъум и кхъэр зыдэщытар?» – жиIэу, шэч къытрихьэжу щытащ зиплъыхьу. ЩыIукIыжым, зиплъыхьыжри, и нэм къыфIэщIащ: «АтIэ аращ, мыри зэманщи макIуэр, мы зэманри кIуэнщ, нэгъуэщI зэмани, упсэумэ, къэхъуауэ плъагъунщ» жиIэу. ЗэхэзекIуэми, аргуэру и щхьэр игъэкIэрахъуэри, къыдэкIыжащ.
БлэкIащ аргуэру зы илъэс. ЗэхэзекIуэ гуэрыр блэкIырт абыкIи, и ныбжьэгъум и кхъэр здэщытам деж еплъыну дыхьащ. Здыдыхьам и ныбжьэгъум и кхъэр здэщытам деж жыг дахэ къикIауэ, мыIэрысэфI дыди пыту, икIи хъуауэ ирихьэлIащ. ЗэхэзекIуэм жыг жьауэм зыщигъэпсэхуащ, мыIэрысэм щыщи ишхри, къыдэкIыжри ежьэжащ. ИтIани, хуэмышэчу зэплъэкIыжащ жыгым еплъыну. «АтIэ аращ, мыри зэманщи макIуэр. Мы зэманри блэкIынщ, нэгъуэщI зэмани къэхъуауэ плъагъунщ, упсэумэ», – жиIэу и нэм къыфIэщIащ. ЗэхэзекIуэм, и щхьэр игъэкIэрахъуэри, зэхэзекIуэти, ежьэжащ.

Поделиться:

Читать также:

12.08.2026 - 16:36 УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
03.08.2026 - 19:28 Уэрэд