Гъуэгужь, Хэкужь

Анапэ быдапIэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм нэсыху дэнэкIи ущрихьэлIэрт выгухэмрэ шыгухэмрэ щызекIуэ хъу гъуэгу куэдыкIейм. Ахэр яухуэрт цIыхухэр зэкIэлъагъэкIуэн, щIыналъэхэм сату зэдащIын папщIэ. 

АдыгэщIым тIасхъэщIэхыу ита, артиллерием и генерал Новицкий Георгий 1830 гъэм дунейм къытригъэхьауэ щыта и тхыгъэхэм ящыщ зым дыкъыщоджэ: «…Анапэ къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм нэсыху адыгэ щIыналъэ псоми выгукIэ ущызекIуэ хъунущ. Езы къэбэрдейхэри Анапэ къыщыкIуэ куэдрэ къохъу, тыркухэм сату дащIын папщIэ».
Выгухэм, шыгухэм папщIэ яукъуэдия гъуэгухэр, егугъуу икIи зы мардэм тету зэраухуамкIэ, шу-лъэс лъагъуэхэм къащхьэщыкIырт. Гъуэгухэр гухэр иризэблэкIыфын хуэдэу зэдащIырт зэпэщыс къуажэхэм щыпсэухэм. 
Тхыдэдж, лъахэхутэ Дьячков - Тарасов Александр и тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхигъэщащ «абазэхэхэм выгу гъуэгухэр шытх тхыцIэхэм ирагъэкIуэн яфIэфIу» зэрыщытар. А псалъэхэм я телъхьэу къоув а зэманым Екатеринодар (Краснодар) дэту щыта цIыхухъу гимназием 1897 гъэм къыщыщIэдзауэ егъэджакIуэу щылэжьа Борчевский Семён: «ХъупIэжьий (ХьэфIыцIей, Геленджик) пэмыжыжьэу «Папай» цIэр зезыхьэ Iуащхьэм (метр 819-рэ и лъагагъщ) дыщыхуэкIуэм, сэ слъэгъуащ шэрджэс гъуэгужьым къыхэнэжахэр. …Ахэр иризэхэзекIуэгъуафIэу щытауэ пхужыIэнутэкъым, лъагащэу зэраIэтам къыхэкIыу. Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы гъуэгум хуэдэхэр шэрджэс щIыналъэхэм я бгылъэ щIыпIэ псоми зэрыщыIар». 
Бгыщхьэ шытххэм гъуэгухэр щыпхашыныр щхьэусыгъуэ зыбжанэм къыхэкIат. Ар сыт жытIэмэ, япэрауэ, а зэманым абазэхэхэм я нэхъыбэр Псэкъупс, Пщыхьэ, Пшыш, Щхьэгуащэ, Лабэ я ныджащхьэхэм дэсащ. Ахэр иризэхэзекIуэну къурш тхыцIэхэр куэдкIэ нэхъ зэгът. ЕтIуанэрауэ, мыбдежым щIыр щынэхъ быдэщ, щыуэтIпсытIми къэмытIатIэу. Ещанэрауэ, лъагъуэхэр шытх нэзхэм зэрытращIыхьым зауэ зэманым дежкIэ и мыхьэнэр инт: гузэвэгъуэ къызылъэIэса хэгъэгум исахэм абыхэмкIэ шынагъуэншэу зызэпащIэрт. Псыжь и Iэхэлъахэм къедза губгъуэхэм щыпхаша гъуэгухэр адыгэщIым къафIихьэ урысыдзэу топхэр зыщIыгъухэм зэхафыщIэрт, бжьыхьэ уэлбанэрилэм щызекIуэгъуей дыдэ хъууэ.
Урысейм и гъунапкъэхэр Кавказым иджыри гъунэгъу къыщыхуэмыхъум, адыгэхэмрэ Кърым хъаныгъуэмрэ сату IуэхукIэ быдэу зэпыщIат. Абы къыхэкIыу, а зэманми гулъытэ ин хуащIырт лъагъуэхэм я щытыкIэм. 
Пасэ зэманым псэуа зекIуэлIхэм зэраIуэтэжымкIэ, КIахэм щыщу Натхъуэдж щIыналъэрат гъуэгу нэхъыфIхэр здэщыIэр. «Ахэр ямыIэу Шэрджэсыр псэуфынутэкъым, мамыр зэманми зауэ лъэхъэнэми», - дыкъыщоджэ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа тхыгъэхэм ящыщ зым. 
Къэгъэлъэгъуапхъэщ ди адэжьхэр мы лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэу, Iэзагъэшхуэ халъхьэу къызэреIуэкIари. Iуэхум щынэхъыщхьэр гъуэгухэр захуэ щIыныр арати, абы папщIэ пхъэм къыхащIыкI банэлъэхъухэр къагъэщхьэпэрт. Ар къралъэфэкIыурэ, щIыр зэтес ящIырт. Лъагъуэхэр щаукъуэдийкIэ, мэз кусэ цIыкIуу зэхэкIэжа щIыпIэхэрат нэхъ къыхахыр. Жыг лъабжьэхэр выхэмкIэ къыхатхъырти, щIыр яубэжырт. 
Псом япэу зэгупсысыр шыгу, выгухэр иризэблэкIынырт. Абы папщIэ гъуэгухэр яукъуэдийрт «зы къуэрагъ хуэдиз и бгъуагъыу» (псэлъафэщ), нэгъуэщIу жытIэмэ, «IэплIакIуэм» метри 3,5-рэ хуэдиз къызэщIрагъэубыдэу.
Яухуэм и кIыхьагъыр къыхахырт зы махуэ-махуитIым зэфIагъэкIыфын хуэдэу. Ягу ирихьа щIы Iыхьэр пхъэIэщэкIэ явэрт. Къыбгъурыт мэз кусэ цIыкIухэм еIусэртэкъым, абыхэм я лъабжьэм щIы щхьэфэр зэрызэтраIыгъэм къыхэкIыу. Выгу зекIуапIэхэр быдэ ящIын папщIэ, пэмыжыжьэу къыщIах ятIагъуэр абыхэм тракIутэрт, псы зэрызыщIимышэм къыхэкIыу. 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: