Зэман-зэманкIэрэ дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа цIыху цIэрыIуэхэр. Абыхэм я гъащIэмрэ я IуэхущIафэмрэ щIэблэм гъуазэ лъэщ яхуохъу. Апхуэдэ цIыхухэм я цIэр тхылъым иттхэ къудейкъым, абыхэм я ехъулIэныгъэхэм къагъэлъагъуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъапIэныгъэхэр: я гуащIэдэкIыр, лэжьыгъэр, Хэкур фIыуэ лъагъуныр, Iуэхум хуэпэжыныр. Абыхэм зыщыщагъэгъуазэкIэ, щIалэгъуалэм пщIэмрэ щIыхьымрэ зищIысыр нэхъыфIу къагуроIуэ, цIыхугъэ къыхахыфу зрагъасэ.
Апхуэдэ щапхъэщ Багъэтыр Аркадий - илъэс 12-кIэ радиом и диктору щытар. Приемникхэм къиIукIыу щыта и макъыр нобэр къыздэсым куэдым ящIэж. Радио нэужьым Аркадий газетхэм щылэжьащ. Абы республикэ псор мызэ-мытIэу къызэхикIухьащ, мэкъумэш IэнатIэм зэрызиужьым тепсэлъыхьу.
Журналист цIэрыIуэ хъуа Аркадий щыцIыкIум апхуэдэ лэжьыгъэ щIэхъуэпсатэкъым. Тэрч районым хыхьэ Курп Ищхъэрэ къуажэм ар 1938 гъэм мазаем и 5-м къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьащ икIи абы и тхыдэ-филологие факультетыр 1962 гъэм къиухащ. А гъэ дыдэм къыщыщIэдзауэ радиом и диктору, итIанэ Шэджэм районым къыщыдэкI «Красное знамя» газетым, иужькIэ илъэc тIощIым щIигъукIэ «Адыгэ псалъэ» газетым щылэжьащ. Дагъуэ зыхуримыгъэщIу и къалэнхэр сыт щыгъуи зэфIэзыгъэкIыу, зыхэтхэм фIыуэ къалъагъуу къекIуэкIа Багъэтырыр пенсэм щыкIуар 2000 гъэрат. Ар республикэм фIыуэ къыщацIыхурт жыпIэкIэ ущыуэнукъым, къызэрацIыхури диктору зэрылэжьа, журналисту зэрыщыта къудейркъым, атIэ и цIыхугъэрт, и гуапагъэрт, хэти зэрызыщIигъэкъуэфырт. «Абы и гъусэу тIасхъэщIэх укIуэ хъунущ», - жыхуаIэм хуэдэт Багъэтырыр. Аркадий хабзэ, нэмыс, цIыхугъэ зыхэлъ адыгэлI зэпIэзэрытт. Арат Багъэтырыр фIыуэ щIалъагъури, пщIэ къыщIыхуащIри. Зи хьэл-щэным хэбдзын хэмылъ цIыху нэст. Ар и унагъуэкIи цIыху зэхъуапсэм хуэдэт. Абырэ и щхьэгъусэ Сарэрэ бынищ зэдапIащ, IэщIагъэ-щIэныгъэ иратауэ, унагъуэ щхьэхуэу ягъэтIысыжауэ, насыпыфIэу псэууэ.
Мыбдеж и гугъу фхуэтщIынщ абы ипхъу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артисткэ Багъэтыр (Егъэн) Мадинэ. Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №23-р къиухащ. 1986 гъэм «Студент гъатхэ» зэпеуэм хэту , абы гу къылъитат къэпщытакIуэхэм я унафэщIу яхэса, «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблым абы щыгъуэм и балетмейстер нэхъыщхьэу щыта Ульбашев Мутай. Мадинэ зэрыщIыкIафIэмрэ къафэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэмрэ дилъагъури, ансамблым щылэжьэну ар иригъэблэгъат. Мадинэ езыми къэфэныр фIэфIт, ансамблым и зы концерти зэрыблимыгъэкIыным сыт щыгъуи пылъу. Абы игу къэкIыххэртэкъым апхуэдэ гуп цIэрыIуэм хэт артистхэм езыр яхэхуэну, абы къыхэкIыуи насыпышхуэу ар къилъытащ. АрщхьэкIэ адэр мыарэзыуэ къыщIэкIащ. Хьэуэ, абы гъуазджэр зищIысыр имыщIэуи и лэжьакIуэхэм пщIэ яхуимыщIыуи аратэкъым, хэт ищIэрэ, хамэ къэрал куэдым ансамблыр зэрыкIуэрагъэнт пхъур щIыхуэмыутIыпщыр. Аркадий къагъэдэIуэну куэд къепсэлъащ, ансамблым и зэфIэкIхэр къызэрыщ сурэт телъыджэхэри кърагъэлъагъуу. АрщхьэкIэ Аркадий яхутекIыртэкъым, Мадинэти - насып къыхукъуэкIар зэрыIэщIэкIыр къыгурыIуэу хэплъэрт. Апхуэдэу щыхъум, унагъуэм кърагъэпсэлъащ республикэ псом пщIэ щызиIэ, пшынауэ цIэрыIуэ ДыщэкI ФатIимэ. Адэ-анэм пхъур яутIыпщыну къэзыгъэдэIуэфар аращ. Ауэ езым жэуап зэрихьри гурагъэIуащ.
Апхуэдэу Мадинэ ДыщэкIым и нэIэ щIэту ежьащ. КъэфакIуэ хъыджэбзым пIалъэ кIэщIым къриубыдэу хузэфIэкIащ ансамблым и программэр зригъэщIэну, и артист цIэрыIуэхэм ябгъурыувэу утыкум ихьэну. Мадинэ къызэрыщыгугъауэ, ансамблым и къэфакIуэ нэхъ Iэзэ дыдэхэм ящыщ зы хъуащ.
«Псом хуэмыдэу къыхэзгъэщынут Iэсей Светланэ. Сыт хуэдэу къызэлIэлIа а къэфакIуэ хъарзынэр, - игу къегъэкIыж Мадинэ. - ДыщэкI ФатIимэ-щэ?! Къафэр си нэгу къызэрыщIыхьэр си Iэ-си лъэр, си пкъыр зэрызгъэлэжьэфынуратэкъым, атIэ а пшынауэм и макъамэут. ФатIимэт къыздэлажьэурэ, сыхъуат апхуэдэу».
Багъэтырым зэрыжиIэщи, артисткэ щыпкъэм и ехъулIэныгъэхэр иIэнтэкъым, ДыщэкIыр мыхъуамэ. Абы хъыджэбзым къыдэIэпыкъуну зэман къигъуэтырт, лэжьыгъэ нэужьми гугъу зыкъыдригъэхьырт. ДыщэкIым и фIыщIэкIэ Мадинэ и Iэзагъэм имытхьэкъурэ абы пщIэ хуищIу темыпсэлъыхь-къэзымылъытэрэ гъуазджэм хэзыщIыкIхэм яхэмыт хъуащ.
«ЩыIэщ музыкэмкIэ талант зиIэ цIыху, ар и IэщIагъэу имылъытэжми. Апхуэдэщ Мадинэ. УарихьэлIэркъэ консерваторэ къаухауэ, ауэ талант зыбгъэдэмылъхэм? Егъэн Мадинэ макъамэ защIэу зэпкърылъщ. Абы и Iэпкълъэпкъ псом уэрэд жеIэ. Уэрэдыжьхэри уэрэдыщIэхэри уэрэджыIакIуэ языныкъуэхэм нэхърэ мынэхъыкIэу ещIэ икIи жиIэфынущ. Ар абы сэбэп къыхуэмыхъуу къанэркъым къыщыфэкIэ - еIэт а макъамэ пкърытым. Ар слъагъуху, сызэгупсысыр зыщ - мис мыпхуэдэу, зы цIыху фIэкIа мыхъуми, сэ згъэсауэ дунейм тетамэ, сынасыпыфIэу зызбжыжынут… Мадинэ къафэу щыслъагъукIэ, япэу макъамэ зыхызох, итIанэщ езы къафэ игъэзащIэм гу щылъыстэр», - жиIат композитор цIэрыIуэ Даур Аслъэн.
КъэфакIуэ бзылъхугъэм езым и гукъэкIыж: «Утыкум щIэх дыдэ сесащ сэ. Ауэ зы пщыхьэщхьэ закъуэ хэтщ адрейхэм емыщхьу. Абы щыгъуэ си адэр концертым зэрыщIэсыр сщIэуэ сыкъихьат утыкум. Сэ зы Iыхьэ мыхьэнэншэ цIыкIут программэм щыщу згъэзэщIэн хуейр. ИтIанэми, абдеж сигу къэкIыжат абы къызжиIауэ щытар: «ПхузэфIэмыкIыну Iуэхум зомыпщыт, ди напэ тумых!». Зыгуэру къызэмыхъулIамэ, псори абдеж щиухынкIэ шынагъуэ щыIэт. Ауэ… си къалэным фIыуэ сыпэлъэщат, сыплъмэ - си къэтэджауэ Iэгу еуэрт, адрейхэм яхэту. Уи фIэщ хъун, унэ лъэгу сызытетыр зыхэсщIэртэкъым, сылъэтауэ къысщыхъурт. Си гъащIэм нэхъ гуфIэгъуэшхуэу слъэгъуахэм ящIыгъущ а пщыхьэщхьэри».
Илъэсий фIэкIа дэмыкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэр щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIыр къалъытэри, абы и гуащIэм къыпэкIуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ цIэ.
Ансамблым зэрыщылэжьа зэманым къриубыдэу Мадинэ щыIащ Германием, Бельгием, Сирием, Тыркум, Голландием, Испанием. Испанием (Мальоркэ хытIыгу) щыIэу, ар хэтащ европей къэралхэм я Iэтащхьэхэм папщIэ екIуэкIа концертым.
Багъэтырыр ансамблым 1999 гъэм и дыгъэгъазэ пщIондэ щылэжьащ. Къафэр лъэпкъым и хьэл-щэным, и тхыдэм, и гъащIэм къыщотэдж. Мис ар къоплъым ебгъэлъагъуфу щытмэщ уи къафэр къафэ щыхъур.
«Къафэм зи гъащIэр тезыухуэм ищIапхъэщ: уи фIэщу а IэщIагъэр уигу илъмэ, быдэу улэжьэн хуейщ. зэи пщымыгъупщэу… къыщыпкIухькIи укъафэ уи гугъэжу. Къыпщыхъун хуейщ гъащIэр, дунейр уи гъусэу къафэу», - щIэщыгъуэщ и гупсысэр Егъэным.
… КъэфакIуэ ансамблыр ноби утыкум итщ. Зэм псы пыхуу зрач щIалэ къуданхэм, зэми хуэм мэхъуж, тафэм телъэда нэхъей. Хъыджэбзхэр зэпIэзэрытщ. Хъейуэ умыщIэну щумэзэхыпи къахэкIыу. А псом щыму еплъ дэтхэнэми игу щыщIэхэр зэтехуэркъым. Хэт псынщIагъым, хэти Iэдэбу щызэщIэувыIыкIым дехьэх. А псор уи нэгу щIегъэкI дуней псом зи Iэзагъ яхуэмыух «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым.