Дэтхэнэми тхыдэ щхьэхуэ иIэщНыбжьышхуэ зиIэ нарт эпосыр хъыбар гъэщIэгъуэн куэду зэхэлъщ. Абы и дэтхэнэ лIыхъужьми тхыдэ щхьэхуэ иIэщ. Ахэр зыхуэдэр, абыхэм я шыфэлIыфэр зэпкърыхауэ къыщахьащ адыгэ щIэныгъэрылажьэхэу Мыжей Михаилрэ Пащты Мадинэрэ зэдатха «Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъым. Абыхэм ящыщ зыбжанэ нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхунщ.
Акуандэ. Нарт эпосым хэт пщащэ дахэщ, Алыджхэ япхъущ. Зэм Алыдж ипхъурэ Джылахъстэн и шыпхъуу къокIуэ. Зэм Джылахъстэн ипхъуу урохьэлIэ. Акуандэ и пкъым, и бгъафэ хужьым апхуэдизу нэхушхуэ едзри, жэщ кIыфIыр къегъэнэху, шэджагъуэм къепс дыгъэм хуэдэу. Акуандэ чэщанэм щопсэу, ар хьэм яхъумэу, езым уIуплъэнкIэ шынагъуэу зыхэт тхыгъэ щыIэщ. Мы тхьэпэлъытэ цIыхубз образым апхуэдэ шынагъуэхэр иужькIэ кIэрыпщIауэ къыщIэкIынщ (егъапщэ Сэтэней - ар нартхэм я анэрэ фыз Iущу, тхьэпэлъытэу зэрыщытым къыдэкIуэу уду, щхъупсыхь зэрихьэу къокIуэ).
Акуандэ и псэлъыхъухэм ящыщщ Сосрыкъуи Бэдынокъуи. Езы Акуандэ къыхихыр Бэдынокъуэт. Бэдынокъуэ и бжыр Акуандэ и унэ бжэIупэм щыхиIум, нарт Джылахъстэн жиIащ: «Бэдынокъуэ и бжыр къыхэзычым Акуандэ естынщ». Бжыр зыми къыхухэчакъым, Сосрыкъуэ мыхъумэ. Ауэ Джылахъстэн идакъым Акуандэ абы иритын: «Уэ ущIэгъутхьэщ, бгъэсысри, итIанэщ къыщыхэпчар», - жиIащ.
Сосрыкъуэрэ Бэдынокъуэрэ зэрыгъэIущри, Джылахъстэн и жылэм цIыхуи Iэщи икIи дамыгъэхьэу, икIи дамыгъэкIыу мэув. Сосрыкъуэ нэхъ цIыкIути, бжьэпэм тоувэ, Бэдынокъуэ нэхъ инти, лъэгум макIуэ. Джылахъстэн Лъэпщ деж макIуэри, а тIум я шабзэшэ зырыз ирегъэщI, зэуэм фIэмыкIыу. Ар къыздэкIуэжым, Сосрыкъуэ къыпотIыс, егъащтэри, зы шабзэр Iэпегъэху. ИтIанэ Джылахъстэн Акуандэ йоупщI: «Лъэгум итым сеуэн, хьэмэрэ бжьэпэм тетым сеуэн?» Акуандэ жиIэр зэрихъуэкIыу ищIэн и гугъэти, «лъэгум итым еуэ» жиIащ пщащэм. Джылахъстэн а зэм фIэкIа едэIуакъым Акуандэ жиIам: уэри, Бэдынокъуэр иукIащ. Апхуэдэу Iуэхур къыщыщIидзым, Сосрыкъуэ лIа нэпцI зищIри зигъэукIуриящ. Джылахъстэн и фIэщ хъуакъым Сосрыкъуэ лIауэ: «… и лъэдий къупщхьэр фубрууи, брум и дзэм щыз куцI къысхуэфхьи севгъэплъ», - жиIащ. КIуэхэри, Сосрыкъуэ и лъэдийр яубрури, брум и дзэм щыз куцI къыхуахьащ. Джылахъстэн куцIым епэмри, жиIащ: «И лIыхъужьыгур мэжьэражьэ». Джылахъстэн Сосрыкъуэ деж кIуэри, джатэпэкIэ еуIуурэ жиIащ: «Куэдрэ ущылъыну мыбдеж?» Сосрыкъуэ зэуэ къыщылъэтщ, джатэкIэ Джылахъстэн и щхьэм къеуэри, зэгуиупщIыкIащ. Джылахъстэн и щхьэр иIыгъыу я деж кIуэжащ, иужькIэ абы илIыкIыжащ. Акуандэ Сосрыкъуэ дэкIуащ.
Алыдж. Алыджхэ я пщы тхьэмадэщ; Акуандэ, Джылахъстэн сымэ я адэщ. Алыджхэ я унэм щекIуэкI хасэм и тхьэмадэуи къокIуэ. ПщIэрэ щIыхьрэ зиIэ нартщ, бзаджагъи зэрихьэуи къыхохуэ. И гуащэри бзылъхугъэ Iущщ, ауэ абы и цIэр IуэрыIуатэм къыхэщыркъым.
Алыджыпщым тетыгъуэр нартхэм яфIиубыдын папщIэ, мурад ещI Уэрзэмэдж игъэкIуэдыну. Алыдж и IупэфIэгъухэр егъэIущри зэгуроIуэ, Уэрзэмэдж и бжьэм шэджыблэ хагъэтIысхьэу ягъэлIэну. Ар Сэтэней къещIэри, Уэрзэмэдж къригъэлыну хасэм Бэдынокъуэ егъакIуэ.
Бэдынокъуэ Алыджхэ макIуэ, хасэр здекIуэкIым яхохьэ, Уэрзэмэдж и бжьэр IэщIеудри, шэджыблэр еукI. ИтIанэ а бзаджагъэр зи IэщIагъэ Алыджыпщ и тхьэкIумэр къыгуеупщIыкI. Ар щхьэкIуэ ещIри, Алыджыпщ идэркъым Акуандэ Бэдынокъуэ иритын. Абы къыщынэркъым - Алыдж и къуэ Джылахъстэн Бэдынокъуэ еукI. Езы Алыджыпщыр Сосрыкъуэ IэщIокIуэдэж.
Сосрыкъуэ джатэкIэ къызэгуиупщIыкIа и щхьэр IэкIэ иIыгъыу Алыдж Лъэпщ деж кIуащ, ар зэгуригъэдэжыну. Ауэ Лъэпщ Алыдж и щхьэм щидэжа гъуаплъэм зы Iунэ уапIэ къренэ. Ар Сосрыкъуэ къещIэ, хуабэ зрещIэкIри, Алыджыпщ и щхьэм хьэмбылу ирырегъащIэри, егъалIэ.
Ахумыдэ. Нарт эпосым хэт бзылъхугъэ образщ. Нарт Емызэгъ ипхъущ, пщащэ дахэ пагэщ, нарт лIыхъужь лъэрыхьхэр псэлъыхъуу хузэблокI. Адрей нарт пщащэхэм ещхьу, Ахумыдэ жылагъуэ Iуэхухэм жану хэткъым, Iэпщэ къарукIи бланэкъым.
Мифым зэрыжиIэмкIэ, Ахумыдэ Амыщ игъалIэри, и лыр (вариантым: и шабзэр) псэлъыхъу щауэхэм яхуигъэлъэгъуащ: мыр зи лыр (зи шабзэр) къэзыщIэм сыдэкIуэнущ, жери. Адрей псэлъыхъу куэдым ещхьу къыпригъэха нарт Ашэмэз губжьауэ щыкIуэжым, и дыщэ бжьамий телъыджэр къыщыгъупщэри, Ахумыдэ и унэм къыщIинащ.
Бжьамийри Ахумыдэри благъуэм идыгъуащ. Дыщэ бжьамийм и кIапэ фIыцIэмкIэ епщэурэ Благъуэм Нарт Хэкур уэгъу ищIащ, псори зэтелIэу. Ашэмэз я пашэу бжьамиймрэ Ахумыдэрэ къалъыхъуэху нартхэм гъущI вакъэ ягъэлэжьащ. Тхьэрыкъуэхэм я чэнджэщкIэ ахэр щIыкъатиблкIэ ехри, Благъуэм и быдапIэр къагъуэтащ. Ар яукIри, Ахумыдэ хуит къащIыжащ, бжьамийри къахьыжащ. Ашэмэз бжьамийм и кIапэ хужьымкIэ епщэри, дунейр къигъэщIэрэщIэжащ. Зи лIыгъэмрэ Iущыгъэмрэ наIуэ хъуа Ашэмэз Ахумыдэ дэкIуащ.
Поделиться:
Читать также:
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
10.08.2026 - 13:00 →
«УЭРЩ СИ ДАМЭР»
| ||




