ЛIэщIыгъуэкIэрэ зэIэпахыртКуэдым ящIэркъым сурэтыщI цIэрыIуэ Да Винчи Леонардэ IуэтэжакIуэ Iэзэу, псысэ, хъыбар кIэщI цIыкIухэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэуи зэрыщытар. ЩIагъыбзэ куу зыщIэлъ и тхыгъэ кIэщIхэми абы и цIэр фIыкIэ ягъэIуащ, и сурэтхэм къыхуахьа пщIэми къыхигъэхъуащ. А цIыху телъыджэр зылъагъуну зи насып къихьа и лъэхъэнэгъухэр абы жиIэжхэм дихьэхауэ едаIуэрт, къиIуэтэж таурыхъхэр лIэщIыгъуэкIэрэ зэIэпахырт. Да Винчи Леонардэ и Iуэтэжхэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ Хьэту Пётр.
Бэджымрэ къалэ пцIащхъуэмрэ Бэджым и хъы дыжьыныфэр зэIуищэурэ жыг зэхуакум щишэщIырт, ауэ къалэ пцIащхъуэм блэлъэтыкIыурэ абы и хъыр даIиму зэпиупщIырт. – Сыт зэран укъыщIысхуэхъур? – къэгубжьауэ щIэупщIащ бэджыр. – ЗезгъэлIалIэу сщIы лэжьыгъэр щхьэ хэбгъэкIуадэрэ? Уэ сыткIэ сынокъуэншэкIрэ сэ? – СынокъуэншэкIрэ, жи!.. Хьилэ бзаджэр къызытращIыкIыжар уэращ! – бзэрабзэу жэуап къитыжащ къалэ пцIащхъуэм. – А уи нэрымылъагъу бэджыхъри гъудэбадзэхэм я ажал зыхэлъ къапхъэнщ. – Уэрат иджы апхуэдэ псалъэхэр жызымыIэжар! – игъэщIэгъуащ бэджым. – Уэ езыр сыткIэ унэхъыфI сэр нэхърэ? Махуэ псом уи жьэр ущIауэ къыболъэтыхь, ижьымкIи сэмэгумкIи а узытегузэвыхь гъудэбадзэ дыдэхэм уепхъуэу. Уэ уи дежкIэ ар Iуэху джэгу хуэдэщ. Сэ-щэ, лъэкI къэзмыгъанэу солажьэ, Iуданэ псыгъуэхэр соджри, хъару бэджыхъ зэIузощэ. А си лэжьыгъэ хьэлэлым пшэрыхьри къыпокIуэ, ар си хъым ихуа нэужь. Аращ игъащIэми: дэтхэнэми, езым и щыгу тесу дунейр зэрилъагъум, къызэрыщыхъум трищIыхьу, нэгъуэщIхэр игъэкъуэншэну хьэзырщ.
Ахъомрэ къэсмыжымрэ Ахъом, пхъэщхьэмыщхьэ пызу къыпыкIати, зигъэпагэу, ахэр мыхъуауэ зыпыт и къудамэхэр игъэуфафэрт. Зэгуэр и щхьэр къиIэтри, игъэщIагъуэу гу лъитащ щхьэ баринэ хъужауэ и гъунэгъуу жыгышхуэ къызэрыкIам. – Хэт уэ хуит укъэзыщIар дыгъэр щIэпхъумэну?.. Си пхъэщхьэмыщхьэхэм къару ягъуэтыным зэран уахуэхъуну?.. – жыг мыцIыхум шынагъуэжьу щIэгубжьащ ахъор. – Хэт ухъуну уэ езыр? Зумылъэфыхьу, жыIэт! – Сэ сыкъэсмыжщ, – нэмысыфIэу жэуап къитыжащ гъунэгъу жыгым. – А-а… укъэсмыжщ… икIи укъэсарэ икIи умыжу… тхьэмпэм щIихъума! – зыпищIыжу, ехъурджэуащ абы мыарэзыуэ ахъор. – АтIэ уи пхъэщхьэмыщхьэр дэнэ щыIэ? Сэбэпыншэу укъызэрыкIымрэ нэгъуэщIхэм зэран уазэрыхуэхъум утеукIытыхьыжыркъэ?! Зэ умыпIащIэ-тIэ! Мыгувэу сэ спыт пхъэщхьэмыщхьэхэр хъунщ, тIыгъуэжынщи, къыспыхужынщ, щIы псыIэм хэхуэнщи, сэ схуэдэу псори къэкIынщ, къызэщIэрыуэнщи, мис итIанэ зэуэ уэри дунейм утетхужынщ. ИкIи пэж дыдэу, ахъом къыпыкIа пхъэщхьэмыщхьэр – псори зэхуэдэ защIэу – дэгъуэкIейуэ хъуащ. Ауэ зэгуэр, блэкIрэ пэт, сэлэтхэм абы гу лъатащ. Хъууэ тIыгъуэжа ахъо хъуэпсэгъуэм нэпсейуэ ежэхэри, зыри къыпамынэу зэхафыщIащ, и къудамэхэри гуащIыкIащ, уеблэмэ, апхуэдизкIэ IэфIыщэт ахэри, щIым щылъи къагъэнакъым. Къэсмыжыр зызыущэхужа и гъунэгъум гущIэгъу хуищIу еплъащ: – Ей, ахъо тхьэмыщкIэ! Уэ езым къыпщыщIыну мыгъуагъэр умыщIэжу, сэ си ажалыр къэсыну пщIэншэу уегупсысат. Си жагъуэ дыди хъуащ уэ къыпщIэхъуа пхъэщхьэмыщхьэм и зэранкIэ лей къызэрыптехьар. Ахъор иджыри куэдрэ къыщыщIам ирибэмпIащ, къытрадза фэбжьыр игъэхъужу; мыдрей гу хьэлэл къэсмыжым зиужьу, нэхъри зэбгрыкIыкIыу и гъащIэм къыпищэжащ, зыми емыфыгъуэу икIи зыри Iей хуэзэну щIэмыхъуэпсу.
Бын фIыщIэ Зы пщэдджыжь гуэрым жьы хъуа зэхъузэбз хьэрхьупитIым я абгъуэм къызэримылъэтыкIыжыфынур зыхащIащ. Я нэхэм пшагъуэ Iув къытрихьат, уафэр бзыгъэми, махуэми дыгъэпсу щытыну къигъэгугъэ пэтми. Ауэ тIуми ялъагъур гъуэз утхъуати, ихъуреягъкIэ зыри яхузэхэгъэкIыжыртэкъым. Бзухэр жьыт икIи яхулъэкI щыIэжтэкъым. Я дамэхэм, я кIэхэм тет цыр фагъуэ хъуат икIи чы гъурым хуэдэу зэпыщIыкIырт. Я къарур щIэкIыпэрт. Хьэрхьупыжьхэм, я ажалыр зимыгъэгувэу къызэрысынур къагурыIуэжри, мурад ящIащ, афIэкIа я абгъуэм къимылъэтыкIыжу, псэхэхыр къыщысыну сыхьэтым ежьэу щысыну. Ауэ лIыжь-фызыжьыр щыуащ – я бынхэр къалъыгъуэзащ. ЯпэщIыкIэ я къуэхэм щыщ зым, абгъуэм блэлъэтыкIрэ пэт, гу лъитащ и адэ-анэр зэрысымаджэр икIи я закъуэу гъугъу зэрехьыр. Ар занщIэу и къуэш-шыпхъухэм деж лъатэри, хъыбар яригъэщIащ я адэ-анэм я Iуэхур зытетымкIэ. Хьэрхьуп ныбжьыщIэхэр адэжь лъапсэм деж псори къыщызэхуэса нэужь, зым жиIащ: – Дэ дыкъэзылъхуахэм уасэ зимыIэж тыгъэшхуэ къытхуащIащ – гъащIэ къыдатащ. Абыхэм, я къару емыблэжу, я хуабагъэр, я IэфIыгъэр зыхэтщIэу, къыттеубгъуауэ дапIащ, дыкъагъэтэджащ. Иджы, тIури набгъэ, сымаджэ хъуахэщ, я щхьэ Iуэху яхузехуэжынукъыми, дэ ди къалэн лъапIэщ абыхэм пщIэ лей хуэтщIыну – ахэр дгъэхъужыну, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэдгъэпэщыну! А псалъэхэм иужькIэ, псори зэгурыIуэу Iуэхум еувэлIащ. Языныкъуэхэм нэхъ хуабэу абгъуэщIэ ящIу щIадзащ, нэгъуэщIхэр щакIуэ ежьэхэри, гъудэбадзэ, хьэмбылу сытхэр къахьэсащ, къэнар нэгъуэщI IуэхукIэ мэзымкIэ лъэтахэщ. Мыгувэу абгъуэщIэри хьэзыр хъури, бынхэм жьы хъуа я адэ-анэр хуэсакъыпэу абы яхьащ. Диижыным нэсахэр къагъэбэдзэуэжын щхьэкIэ, я дамэхэмкIэ зытраубгъуащ, джэдыкIэр игъэхуабэу зи шырхэр къизышыну гъуэлъхьэжа къуртым ещхьу. ИужькIэ псы ирагъэфащ, ягъэшхащ, хуэсакъхэури зэлымпIа я цы щабэхэмрэ зэпыщIыкI я цы пхъашэмрэ къыхачахэщ. Абы хэту, мэзым щыIа хьэрхьупхэри къэсыжахэщ, – абыхэм нэр къэзыгъэплъэж удз хущхъуэ къахьащ. Арыххэуи а удз хущхъуэ телъыджэм и псымкIэ еIэзэхэу щIадзащ. Ауэ лIыжь-фызыжьым я гъэхъужыныр хуэмурэт зэрекIуэкIри, шыIэ зыхамылъхьэу хъуакъым – зым зыр ихъуэжурэ, адэ-анэр я закъуэу зы дакъикъэкIи къагъанэртэкъым. Арати, адэ-анэм я нэхэр къыщыплъэжа, я къарур къащыхыхьэжа махуэри къэсащ. ГуфIэгъуэшхуэт а махуэр: лIыжь-фызыжьым лъагъуныгъэ къахузиIэ я бын псори къацIыхужат. ФIыщIэр зыщымыгъупщэ бын зиIэ адэ-анэм я насыпщ: ахэр жьыщхьэмахуэ мэхъу.
Жызумей къуэпсымрэ мэкъумэшыщIэмрэ Жызумей къуэпсым и гуфIэгъуэр мыухыжт, абы илъагъурт жызумгъэкI мэкъумэшыщIэр гурэ псэкIэ къызэрелIалIэр: хуэмыныкъуэIауэ, хуиту къэкIын щхьэкIэ, гъатхэм и лъабжьэр, и щабапIэхэм белыр лъимыгъэIэсу, хуэсакъыу къитIыхьырти, щIыр игъэщабэрт, кIэрипхэрт, щIэгъэкъуэн быдэхэр хуищIырт. МэкъумэшыщIэм апхуэдэ гулъытэшхуэ къызэрыхуищIым щхьэкIэ, жызум къуэпсым мурад быдэ ищIащ Iэмал имыIэу фIыщIэ хуищIыжыну: щызу псыIэфI зыщIэт, мэ гуакIуэ къызыпих IэрамэхэмкIэ цIыхум сыхуэупсэнщ. Жызум Iухыжыгъуэр къыщысым, абы и къуэпсым уIуплъэну гухэхъуэшхуэт: хуэфIу Iэрамэ пIащэхэр къеблэблэхырт. МэкъумэшыщIэм Iэрамэ хьэлъэхэр зырызыххэу хуэсакъыпэу къыпиупщIурэ матэхэм ярилъхьащ. ИужькIэ, зэгъэзэхуэным есар егупсысри, зыкIэрипха бжэгъухэмрэ хуищIа щIэгъэкъуэнхэмрэ къыхитIыкIыжри, пхъэгъэсын ищIыжащ, «мыхэр мазэ бжыгъэкIэ пщIэншэу щIыщызгъэтынур сыт», жыхуиIэу. Жызум къуэпс тхьэмыщкIэм зыри къыхуэнэжатэкъым, хуэмыфащэу кърапэсар игъэву, щIыIэм исрэ нэщхъейуэ щIы псыIэм хэлъыну фIэкIа. Ауэ къыкIэлъыкIуэ гъэм жызум къуэпсыр япэрейм хуэдэу жумарту къэтэжакъым. Мис апхуэдэу мыжыжьаплъэ мэкъумэшыщIэр и нэпсеягъэкIэ щIэщхъуащ. Аращ-тIэ, узэгугъур къогугъуж, узэбакъуэр къобэкъуэж. Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 10:51 →
Адэм и гущыщIэ
12.08.2026 - 16:36 →
УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 →
Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
05.08.2026 - 16:23 →
Сабийхэм къахуэщхьэпэн защIэщ
03.08.2026 - 19:28 →
Уэрэд
| ||




