Къаплъэным и махуэМыр, зы гъэ къэмынэу, бадзэуэгъуэм и 29-м къэралхэм я нэхъыбэм щагъэлъапIэ. 2010 гъэм, «Къаплъэнхэм я саммит» зыфIащу, Санкт-Петербург щызэхаша зэIущIэм щызэхалъхьат 2010-2026 гъэхэм тращIыхьа программэу къаплъэн лъэпкъыгъуэхэм ящыщу дэнэ лъэныкъуэкIи щыIэхэм я бжыгъэр гъэбэгъуэжын зэрыхуейм теухуар. А псэущхьэр бзэхыжыпэнымкIэ гузэвэгъуэ зэрыхэхуар, ар къэмыгъэхъунымкIэ Iэмалрэ хэкIыпIэу щыIэхэм яхуэгъэза нэтынхэмрэ дерсхэмрэ телевиденэкIи радиокIи а махуэм техуэу къагъэлъагъуэ, къат, концертхэр адэкIэ-мыдэкIэ щокIуэкI, хьэкIэкхъуэкIэ тэхъуанэу «зоопарк» жыхуэтIэхэм Iуэхум хуэгъэпса тыгъэ цIыкIухэр щагуэш. Къаплъэнхэр узэщакIуэ мыхъун псэущхьэу хэгъэгу куэдым я хабзэгъэув тхылъхэм иратхащ. А Iуэхум ехьэлIа сатырхэм дащрохьэлIэ Урысей Федерацэм и Тхылъ Плъыжьми Псэущхьэхэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и дэфтэрми. КъимыдэкIэрэ, къаплъэнхэм ещэкIуэныр дэнэ лъэныкъуэкIи щызэпыгъэуным ехьэлIа хабзэр 1947 гъэ лъандэрэ ди планетэм тет къэрал псоми (ахэр здэщыIэхэм) щызокIуэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ЩIы Хъурейм и щIыгу «дэгухэмрэ» цIыхухэр зэран зыхуэмыхъуфу къыщызэтена Iэхэлъахэхэмрэ къаплъэнхэм ящыщу мы зэманым хуэзэу къащыхуэбжар, псори зэхэту, мини 4,5-м нызэрыхьэсщ. АтIэми, зы илъэсым къриубыдэу а бжыгъэм куэду зэрыхэмыхъуэр къэтлъытэмэ, зи гугъу тщIы псэущхьэ гъэщIэгъуэнхэм я къэкIуэныр узыгъэпIейтейщ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрабжамкIэ, ди планетэм къаплъэну тетам я бжыгъэм иужьрей илъэсищэм къриубыдэу хуэдэ 25-кIэ кIэрыхуащ. ЗэрыжаIэмкIэ, а псэущхьэ телъыджэхэр нэхъыбэу зэтезыукIэр хабзэм емыдаIуэу абыхэм ещакIуэхэрщ. Мыдрейуэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, УФ-р халъытэ зи гугъу тщIы хьэкIэкхъуэкIэхэр нэхъ къыщызэтена, щахъумэ икIи зыхуей нэхъ щыхуагъазэ хэгъэгухэм. ЖытIам къыдэкIуэу къэдгъэлъэгъуэнщи, дуней псом щынэхъ ин дыдэ «амур» лъэпкъыгъуэм щыщу дэнэ лъэныкъуэкIи къыщызэтенам я процент 95-м (псори зэхэту я бжыгъэр 600-м нызэрыхьэсщ) я хэщIапIэр здэщыIэр ди къэралым КъухьэпIэ ЖыжьэмкIэ щыIэ и щIыгурщ. Лъэпкъыгъуэхэр зэщхькъым Къаплъэныр щIым щызэхэзекIуэ псэущхьэ нэхъ «домбей» дыдэхэм хабжэ. Хъум и хьэлъагъыр килограмм 275-м ноблагъэ (килограмм 320-м щыфIэкIи къохъу), и пкъым и кIыхьагъыр метри 2,5-м къыщыщIэдзауэ метри 2,8-м щынэблагъи щыIэщ, и щхьэр здэгъэзамкIэ щIым къыщегъэжьауэ метрым щIигъу щилъагагъщ. Я фэм хэплъагъуэ кусэ зэмыфэгъухэм я зэхэлъыкIэ–зэхэухуэнэкIэр лъэпкъыгъуэ къэс зэхуэдэкъым, иризэхэбгъэкIынуи тыншщ. Къаплъэн лIэужьыгъуэу мы зэманым къызэтенар 6 къудейщ (нэхъапэхэм зэхэтцIыхукIыу къыддэгъуэгурыкIуа 9-м ящыщу). Ди планетэм къыщызэтенар Малайзие къэралым узыщрихьэлIэ лъэпкъыгъуэр а хэгъэгум хыхьэ Малаккэ хытIыгу ныкъуэм «щыхэгъэрейщ». Китайм узыщыхуэзэр лIэужьыгъуэ щхьэхуэщи, а хэкум и цIэр фIащащ. «Бенгалие» къаплъэныр и бжыгъэкIэ ди планетэм щынэхъыбэ дыдэщ, Непалыр, Индиер, Бангладешыр, Бутаныр и зекIуапIэщ. Вьетнам, Лаос, Камбоджэ, Таиланд, Мьянмэ хэгъэгухэм узыщыIущIэ лIэужьыгъуэм «индокитай» фIэщыгъэр зэрехьэ. Зи гугъу тщIы псэущхьэм я нэхъ цIыкIу дыдэм и хьэлъагъыр килограмми 150 иримыкъущ. Индонезием хыхьэ Суматрэ хытIыгум ущыхуозэ, зэреджэр а щIыпIэр къызэрацIыхущ. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 12:26 →
НОБЭ
14.08.2026 - 17:00 →
Псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэми - гулъытэ
14.08.2026 - 13:50 →
НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 →
НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 →
НОБЭ
| ||




