Псэущхьэхэми къащхьэщож

«МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм (рейнджерхэм) я зэгухьэныгъэ» зыфIаща IэнатIэ щхьэхуэ япэ дыдэу къыщыунэхуар 1992 гъэращ. А Iуэхур къыхэзылъхьауэ къалъытэр Шотландием щыпсэу IэщIагъэлIхэу дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэм гулъытэ хуэщIын зэрыхуейм къыхуезыджэхэрат. 

Дызэрыт лъэхъэнэм МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм (рейнджерхэм) я дунейпсо махуэр ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 46-м гъэ къэс бадзэуэгъуэм и 31-м щагъэлъапIэ. АбыкIэ унафэр щыщIагъэбыдар Рейнджерхэм я къэрал зэхуаку федерацэм 2007 гъэм иригъэкIуэкIа и зэIущIэрщ. 

  Махуэ щхьэхуэр щагъэбелджылым нэхъыбэу зытращIыхьар зыщысхьыпхъэ щIыпIэхэмрэ цIыхуIэ зэмыIэба къуэладжэхэмрэ, зыми хуамыгъадэ мэз гуэрэн дахащэхэмрэ  Iуащхьэжьхэмрэ «къащхьэщыжыныр» зи пщэрылъу хэкIуэда мэзхъумэхэм я фэеплъым пщIэ лей хуэщIын зэрыхуейрат.

А Iуэхум щхьэусыгъуэ хуэхъуар ди планетэм и плIанэпэ зыбжанэм, псом хуэмыдэжу Африкэм, зи пщэрылъ щезыхьэкIыу щыIа рейнджерхэм ящыщ куэдыр хьэкIэкхъуэкIэхэр мардэншэу къэзыукIхэм зэраIэщIэкIуэдар арат.

Зи гугъу тщIы дунейпсо зэгухьэныгъэм хэтщ и гуэдзэн къудамэу ЩIы Хъурейм и дэнэ хэгъэгуи а лэжьыгъэм хуэгъэзауэ щызэхашахэр. Абыхэм язщ ЩIыпIэ дэгухэр хъумэнымкIэ дунейпсо фондым и зы Iыхьэу Урысей Федерацэм щылажьэри.

ЖыпIэнур арамэ, мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ зехьэныр, якIэлъыплъыныр зи къалэн къэрал инспекторхэр, я жэщ-махуэ плъырыным къриубыдэу, псэзэпылъхьэпIэ щихуэри мащIэкъым. Апхуэдэ щытыкIэ къызэрымыкIуэхэм ахэр изыгъэувэхэм, дауи, ящыщщ хьэкIэкхъуэкIэхэм хутыкъуауэ зэраIууэри, мэзхэмрэ губгъуэхэмрэ иужьрей илъэсхэм щIэх-щIэхыурэ къыщыхъей мафIэсхэри, хабзэм тебэкъукIыу псэущхьэхэм ещакIуэхэр къазэрегуауэри, нэгъуэщI абы хуэдэ мыхъумыщIагъэхэри.

Мэзкъуэдыхэр зыхъумэхэм псапэ къыщахьи куэдрэ къохъу. Ахэр йоIэзэ машинэ зыжьэхэуа, уIэгъэ хъуа псэущхьэхэм, цIыхухэр нэхъ щызэхуэс, щызекIуэ щIыпIэхэм щхъухьзехьэ блэхэр къыщаубыд, къуакIэбгыкIэхэм, мэз дэгухэм къыщызыкIухь зыплъыхьакIуэхэм гъуэгугъэлъагъуэ щыхуохъу, жыпIэнурамэ ЩIы Хъурейм зи бжыгъэкIэ мащIэ щыхъуа псэущхьэхэм къащхьэщож.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

 

Поделиться:

Читать также:

17.08.2026 - 12:26 НОБЭ
14.08.2026 - 13:50 НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 НОБЭ