Дэ сыт щыгъуи дыныфпоплъэ

ПщIэ зыхуэсщI ди лъэпкъэгъухэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупми сэри къыдбгъэдэкIыу Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэмкIэ гуапэу сынывохъуэхъу.
Ди лъэпкъым и тхыдэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ 1998 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыщыхъуат: Косовэ щIыналъэм къикIыжа адыгэ гу­пышхуэ адэжь лъахэм къихьэжащ. Ар къы­зэрымыкIуэ Iуэхут, ауэ Урысейм диIыгъащ, ди лъэпкъэгъухэр къэшэжынми и гуащIэ хилъ­хьащ. Абы зыхигъэхъуар ди къэралым и пщIэм и закъуэкъым, абы къызэщIиIэтащ щIыпIэ куэдым щыпсэу адыгэхэр, адэжь лъахэм къэзыгъэзэжыну хуейхэм я хъуэпсапIэхэр къызэщигъэужащ.
Дэ нобэ ди нэгу щIокI Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщ куэдым я унапIэхэр адэжь лъахэм зэрыщызрагъэгъуэтыжыр. Ди щIыналъэм щекIуэкI гъащIэм фызэрыхэсыхьыжыр гуапэ пщымыхъункIэ Iэмал иIэкъым. Экономикэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм хуэфщI хэлъхьэныгъэр ди зыужьыныгъэм щIэгъэкъуэнышхуэ ­хуохъу. Ди цIыхухэм фытщыщу фIэкIа нэгъуэ­щIу факъыщыхъуркъым, псэукIэщIэм фыхэ­зэгъэ­жын, щыIэкIэщIэр къыфтемыхьэлъэн папщIэ, дэIэпыкъуэгъу къыфхуэхъуу яхэтри мащIэкъым. Ар фIыгъуэшхуэщ.
Ауэ къыфщIэхъуэ щIэблэр плъагъуныр зыми хуэдэжкъым. Къэзыгъэзэжахэм я бынхэр курыт еджапIэхэмрэ университетхэмрэ щIэсщ, къы­зыхэкIа лъэпкъым и хабзэхэр яхъумэ, къэралым и цIыху нэс зэрыхъуным хущIокъу.
Адэжь лъахэм бгъэзэжыныр зэхьэлIар укъыщалъхуа икIи ущыпсэуа щIыпIэр пхъуэжыным и закъуэкъым. Ар лIэужь зыбжанэм я хъуэпсапIэхэр зэгъэхъулIэным, я уэсятхэр гъэзэщIэным теухуащ. Дэ хьэкъыу ди фIэщ мэхъу а хъуэпсапIэхэм ужьых зэрамыIэнур, дяпэкIи Хэкум къихьэжыныр зэрызэпымыунур.
Дэтхэнэ зыми узыншагъэ быдэ, унагъуэ на­сып, ехъулIэныгъэ фиIэну си гуапэщ. Дунейм адыгэу (шэрджэсу) тетым Урысейм къыхуаIэ пыщIэныгъэхэр нэхъри иребыдэ, лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэри нэхъри лъэщ ирехъу!
Сынывохъуэхъу махуэщIымкIэ! Фыкъеблэгъэж адэжь лъахэм, дэ сыт щыгъуи дыныфпоплъэ!
 
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ
СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.

Поделиться: