Налшык теухуа фильм

Республикэм и Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм утыку къыщрахьащ Налшык теухуа фильмыщIэ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ар къызэрыщыхъуамкIэ и  Макс-напэкIуэ­- ­ц­Iым цIыхухэм щадэгуэшащ. 

«Фильмыр зыгъэхьэзырахэм Налшык къыщыпIущIэ гу хуабагъымрэ гуапагъэмрэ хапщэфащ я лэжьыгъэм. Ар куэдым къы­хокI: къалэр къабзэщ, зэгъэпэщащ, архитектурэ и лъэныкъуэкIэ, тхыдэр зи лъабжьэ, езыр къызэрыпцIыхуж, зэманым декIу ­теплъэ иIэщ. Ауэ а псоми ятокIуэ Налшыкрэ ди республикэмрэ щыпсэу цIыхухэм игъащIэ лъандэрэ я лъым хэпщауэ къыздрахьэкI хьэщIэ гъэлъэпIэкIэр. 
КIэщIу жыпIэмэ, Налшык зэрыкъалэ псэгъэтыншыр къагъэлъэгъуэфащ. 
Фильмыр зыгъэхьэзырахэм гурэ псэкIэ фIыщIэ яхузощI апхуэдэ лэжьыгъэ къызэрымыкIуэ зэрагъэхьэзырам папщIэ. Проектым елэжьа гупым, ягу къэкIа псори нэрылъагъу зэращIыну Iэмалхэм елIэлIахэм ехъулIэныгъэрэ гукъыдэжрэ яIэу псэуну сохъуэхъу. 

Поделиться: