Зэрыадыгэ дунейуэ нобэ ягъэлъапIэ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр. Ар ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыналъэхэм щагъэмахуэщI, гуфIэгъуэ зэIущIэхэр щрагъэкIуэкI, зэхыхьэхэр ящI. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ Лъэпкъ музейм апхуэдэ зэIущIэ гуапэ дыгъуасэ щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Германием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэри.
Лъэпкъ музейм къыщызэхуэсахэм - нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми - уахэплъэныр гухэхъуэт. Iуэхур зытеухуар зыщIэхэр къызэщIиIэтэрт адэжь лъахэм къихьэжыну ягъуэта насыпым, зыми хуэмыдэж а фIыгъуэм зэрытепсэлъыхьри адыгэбзэ курыхт. Нэхъыжьхэм ягу къагъэкIыжырт зи гугъур яхуэмыухыу хэку хъыбархэр къахуэзыIуэтэжу щытахэр, тепсэлъыхьырт адэжь лъахэм къэкIуэжыну зэрытегушхуа щIыкIэм. НэхъыщIэхэри абыхэм мызэ-мытIэу къаIуэтэжа гукъэкIыжхэм Iэдэбу щIэдэIурт, а псом кърат гузыхэщIэхэм ирипсалъэу лъэныкъуэкIэ щытхэри мащIэтэкъым. ФIыгъуэшхуэт сыт хуэдэ гугъуехьри къызэринэкIыу унагъуэу тIысыжахэм, къащIэхъуа щIэблэм я гуфIэгъуэм хэту жьыщхьэ махуэ хъуахэм уахэплъэныр.
ЗэIущIэр къызэIузыха, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхалъхьа жэрдэмыр къадэзыIыгъа ди лъэпкъэгъухэм фIыщIэ яхуищIащ, гуапэуи ехъуэхъуащ.
- Илъэс 28-рэ хъуауэ Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэр адыгэ дунейм догъэлъапIэ. ЩIэдгъэлъэпIэн щхьэусыгъуэ дахи диIэщ: 1998 гъэм шыщхьэуIум и 1-м адэжь лъахэм зэрыIыгъыу адыгэ гупышхуэ къихьэжащ, щыпсэуну, зыщаузэщIыну, унагъуэ щыхъужыну. А Iуэхугъуэ дахэм хуэфэщэн цIэр зрита къуажэр - Махуэхьэблэ - Мейкъуапэ пэмыжыжьэу щысщ, ар йофIакIуэ, зеужь, хохъуэ. Тхыдэм щыщ хъужа къэхъугъэм къызэщIиIэтар хэкурысхэм я закъуэ- тэкъым, атIэ хамэ къэралхэм хэпхъауэ щыпсэу ди лъэпкъэгъу куэдым я хъуэпсапIэхэр къызэщIигъэушат, зэгуэр я адэжьхэм ирагъэбгына лъахэм къызэрихьэжыфынумкIэ гугъэ дахэхэр зэIуащэ хъуат. ИкIи Косовэ къикIыжахэм къыпхраша лъагъуэр гъуэгу бгъуфIэ хъуащ - Адыгейми, Къэбэр-дей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми хамэ къэралхэм къикIыжурэ ди лъэпкъэгъу куэдым къагъэзэжащ. Узэса дунейр зэпхъуэкIыу нэгъуэщIы-пIэ укIуэныр тыншкъым, уеблэмэ гугъуехь куэд пыщIащ. Ауэ зи адыгэгур къеуэхэм лъэпощхьэпохэр къызэранэкIащ, щхьэж и псэуныгъэри зэригъэпэщыжащ. Ди щIыпIэм щыпсэухэм къэкIуэжхэр нэмрэ псэмрэ хуахь, пщIэ хуащI: ныбжьэгъугъэкIэ зэувэлIахэр бжыгъэншэщ, зи Iыхьлы къэзыгъуэтыжу лъэпкъым хыхьэжахэри мащIэкъым. Лъэпкъ Iуэхур гугъуехь куэдкIэ гъэнщIащ. Ар зыпсыхьри а гугъу- ехьращ. Дызыхэс къэралым и тыншыгъуэр зэлъытар и цIыхухэращ. Къытхыхьэжахэми а тыншыгъуэр фIы дыдэу къызэрагъэпэщ, щхьэж хузэфIэкIкIэ жылагъуэ гъащIэм хуэлажьэу. Абыхэм къахэкIащ экономикэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм, нэгъуэщI IэнатIэ куэдми хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэр. КъащIэхъуэжа щIэблэри гъуэгу захуэ тетщ, къэралым и цIыху зэрыхъуным хущIэкъуу. ЩытыкIэ гугъум къэралыр итми, дызэкъуэтщ, ди гуауэр зэдэтIэту, ди гуфIэгъуэр зэдэдгуэшу. АдэкIи дефIэкIуэну си гуапэщ, - жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
ДАХ-м и тхьэмадэр тепсэлъыхьащ дзэ Iуэху хэхам хэт щIалэхэм ди щIыналъэм мамырыгъэ илъын папщIэ яхузэфIэкI къызэрамыгъанэм. Тхьэмадэм щапхъэу къихьащ зэуапIэм лIыгъэ щызыгъэлъэгъуа адыгэ щIалэ Къуэныкъуей Ахьмэд. ДАХ-м къыбгъэдэкIыу дамыгъэ лъапIэр зрита зауэлI щIалэр утыкум къыщихьэм, щIэсхэр абы IэгуауэкIэ IущIащ.
- Мы дамыгъэр сэркIэ лъапIэ дыдэщ, пэжыр жысIэнщи. Лъэпкъ музейм сыкъызэрыщIыхьэрэ слъагъуми зэхэсхми си гур къыдрашей. Псори адыгэщ, псори адыгэбзэкIэ мэпсалъэ. «ЩыIэщ, мэпсэу си лъэпкъыр», – жысIэурэ гъэлъэгъуэныгъэхэм соплъ. Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и сурэтхэм си цIыкIущхьэр сигу къагъэкIыжащ, теплъэгъуэхэм сымыщIэ куэд къызагъэщIащ. Адыгагъэр дэгъэзеигъуэщ, жаIами, щызепхьэм дежкIэ дахагъэщ, гуапагъэщ, фIыгъуэщ. Ди щIалэхэр зыхэтхэм къахэзыгъэщри аращ – адыгагъэращ. Абы гу лъызымытэ щIагъуи щыIэкъым. СызыщIэхъуэпсыр а дахагъэр щытхъумэфын дуней мамыр диIэныр аращи, ар псоми Тхьэм къытхуигъэфэщэну солъэIу, нобэрей махуэр зытеухуа ди лъэпкъэгъухэри фыузыншэну, фи бжыгъэм къыхэхъуэурэ ди лъэпкъ дахэм зиузэщIыну си гуапэщ, – жиIащ Къуэныкъуей Ахьмэд.
Сэхъурокъуэ Хьэутий адэкIэ и псалъэм щхьэхуэу къыщыхигъэщащ къэзыгъэзэжахэм цIыху зэчиифIэ, IэпщIэлъапщIэ, гъуазджэ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм хуэIэижь куэд зэрахэтыр. МахуэщIыр къигъэсэбэпри, ДАХ-м и тхьэмадэм фIыщIэгуапэ тхылърэ тыгъэкIэ я цIэ къриIуащ дыщэкI щIалэ Соснакъ Мухьэмэд, уанащIэ Къамбичэ Сонер, сурэтыщI Наджати Нарт сымэ.
Iуэхугъуэр езыгъэкIуэкIар ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Табыщ Муратщ. Абы къызэхуэсахэм кIэщIу ягу къигъэкIыжащ Косовэ щIыналъэм къыщекIуэкIа Iуэхугъуэхэмрэ абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къэшэжыным и IуэхукIэ къэралми адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэми зэфIагъэкIа Iуэху абрагъуэм и тхыдэр. Табыщым и къэпсэлъэныгъэр гъэсэпэтхыдэхэмкIэ, лъэпкъ гупсысэр къызэщIэзыIэтэ тхыдэжьхэмкIэ гъэнщIат. ЗэIущIэм хэтахэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ зэадэзэкъуитIым ятеухуа убых хъыбарыр. Табыщ Мурат ар къызэрызэщIикъуэжа гупсысэр махуэщIым зыкъомкIэ пэджэжырт:
«Дунейм щынэхъ кIыхьыр гъуэгущ, дуней фIыгъуэхэм я нэхъ инри щIэныгъэщ. Гъуэгур кIыхьми адэжь унэм сыкъишэжащ, щIэныгъэм я нэхъ фIыгъуэшхуэри си анэбзэращ», – жиIащ хъыбарым хэт щIалэм, илъэс бжыгъэкIэ къэту адэжь унэм къекIуэлIэжа нэужь. Хъыбарым къигъэгумэщIа хьэщIэхэр абы щыхьэт зэрытехъуэр къахэщу, гупсысэм Iэгур хуаIэтащ.
АдэкIэ псалъэ иратащ Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я хасащхьэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Зэтий, Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъу гуащэ Дадэ Хьэят, щIэныгъэлI, тхакIуэ, тхылъ 60-м щIигъу зи Iэдакъэ къыщIэкIа Къэбэрдей Аднан сымэ. Дэтхэнэми и къэпсэлъэныгъэр теухуат адэжь лъахэм къарит гузэхэщIэм, зэгуэр махуэщIым къызэщигъэуауэ щыта гугъэхэм, абыхэм кIуасэ зэрамыIэм, адэжь лъахэм къихьэжыну хуейхэр хэхэсхэм къащIэувэ щIалэгъуалэм иджыри мымащIэу зэрахэтым. «Дунейр блэ къэкIухьи, уи унэ къекIуэлIэж», – жаIэ, псэуныгъэм теухуауэ хамэщIхэр зи гъащIэр щезыхьэкI ди лъэпкъэгъухэм я гъуэгупэр зэгуэр адэжь лъахэм къызэрекIуэлIэжынум шэч хэлъкъым, – жиIащ къэпсэлъахэм ящыщ Къэбэрдей Аднан.
Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэщIымкIэ ди лъэпкъэгъухэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзэну зэIущIэм къеблэгъащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ и сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч.
– Мыпхуэдэ зэхыхьэ гуапэм сыкъызэрырихьэлIам сыщогуфIыкI. Дунейр къэзыгъэщIри зыхъумэри дахагъэращи, ди лъэпкъым фрифащэщ, фытегушхуэу фыкъызэрыкIуэжам къыхэкIыу. Фызыхэт адыгэ дунейр щIэщыгъуэщ, фызытет адыгэщIыр щIэращIэщ. ТIуащIэу гуапэ сщохъу си сурэт гъэлъэгъуэныгъэм и екIуэкIыгъуэм мы зэIущIэр зэрырихьэлIар. Сызыхуэлажьэр си лъэпкъырщ, схузэфIэкIыхуи аращ сщIэнур. Фэ фщIэнум и нэхъыщхьэр – адэжь лъахэм къихьэжыныр – фхузэфIэкIагъэххэщи, Тхьэм фигъэпсэу! – жиIащ Бгъэжьнокъуэ Заурбэч.
ЗэIущIэм и кIэухым къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъазэри, къэкIуэжахэмрэ абыхэм я щIэблэмрэ папщIэ къызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ плIанэпэм хьэщIэхэр иригъэблэгъащ.
Сурэтыр Къарей Элинэ ейщ.