ЩиIэщ пщIэшхуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, тхыдэдж, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр зыхуагъэфэща   Опрышкэ Олег. И ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъур мы махуэхэм зыгъэлъапIэ  нэхъы­жьыфIым республикэм и Iэтащхьэм и УказкIэ фIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ ­лъапIэр. Опрышкэ Олег Къэбэрдей-Балъкъэрым пщIэш­хуэ щиIэщ, и Iэдакъэ­щIэкIхэр куэдым гунэс ящохъу.

КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ Хэку зауэшхуэм и тхыдэм и пэжыпIэр ­хъумэным Опрышкэ Олег хуищI хэлъ-хьэныгъэр зэрыиныр икIи Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэр гъэбыдэным хуэгъэзауэ зэ­фIигъэкI лэжьыгъэ къызэрымыкIуэм папщIи фIыщIэ зэрыхуищIыр.
Опрышкэ Олег и гъащIэр триухуащ тхыдэ щIэныгъэм, абы и Iэдакъэм къы­щIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд ды-      дэ. ЩIэджыкIакIуэхэр щыгъуазэщ абы ­и тхы­лъ­хэу «Заоблачный фронт Приэльб­русья», «По тропам истории», «На Эльбрусском направлении», «Выстоять и победить», «Кавказская конная дивизия. Возвращение из забвения» жыхуиIэхэм. Апхуэдэуи щIэныгъэлIыр жыджэру яхэтащ «Боевая слава Кабардино-Балкарии» къыдэкIыгъуэр зыгъэхьэзырахэм, республикэм щыщу Дзэ Плъыжьым ираджа зауэлI 70-м ятеухуауэ итха очеркхэр абы ихуащ.
И сабиигъуэм, Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм ща­Iыгъам, абы и нэгу щIэкIащ гитлерыдзэм хэтхэм зэрахьа щIэпхъаджагъэхэр. Абыи мыхьэнэ иIащ тхыдэдж IэщIагъэр къы­зэрыхихам икIи республикэми къэралми я хэкупсэ нэс, щIэныгъэлI зэрыхъуам.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм щепсэлъылIэм Олег Леонид и къуэм и ­гугъу ищIащ щIэныгъэм зэрыхыхьа щIыкIэм:
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр сэ си хэкущ. Сэ мыбы, Нартан къуажэм сыкъыщалъ­хуащ. Си анэр тхыдэмкIэ егъэджакIуэу щытащ. Сызэрысабийрэ тхыдэм сыдихьэхырт икIи тхыдэдж сызэрыхъунур сщIэрт. Курыт еджапIэр 1954 гъэм Тырныауз къыщызухащ. ЩIэныгъэ нэхъыщ­хьэ щызэбгъэгъуэт хъуну а зэманым ди­Iэр егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр институтрат. Зэгуэрым, цIыхухэр зыщIэлъэIуа уэрэдхэр къату радиомкIэ нэтын екIуэ­кIырт. Репродукторым къиIукIыу зэхызох: «Москва къалэм дэт, къэрал тхыдэ-архив институтым и студент гупыр уэрэд къыщIолъэIу». Абдеж къыщысщIащ ап­хуэдэ институт зэрыщыIэр. Абыхэм сахуэтхащ, жэуапи къызатыжри, сыкIуэри сыщIэтIысхьащ. Ар 1960 гъэм къэзухащ. Аращи, абы къыщыщIэдзауэ сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, си лъахэм, ди зэхуэдэ хэку Урысейм къулыкъу яхузощIэ тхыдэм теухуа си тхылъхэмкIэ. Фэри зэрыфщIэщи, си тхыгъэхэм я тегъэщIапIэр архив дэфтэрхэрщ. Хэнейрэ сыщыIащ Зы­хъумэжыныгъэмкIэ министерствэм и архивым. Илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, КГБ-м и арэзыныгъэ хэлъу фIэкIа абы ущыщIамыгъэхьэу щыта лъандэрэ, 1960 гъэхэм сэ сыкIуэрт, тхыгъэхэр зэхуэс­хьэсырт, зауэм хэта лIыхъужьхэм ятеухуа хъыбархэр къэзгъуэтыжырт. Ноби ди щIалэхэр Урысейм и щхьэхуитыныгъэм щIозэу… зэманыр гугъущ. Урысыдзэхэр 1760 гъэм - Илъэсибл зауэм и зэманым - Берлин япэу дыхьауэ щытащ, иужькIэ 1812 гъэм Наполеон и дзэр зэтракъутэри, абы и лъэужьыр яхуурэ 1813 гъэм етIуанэу Берлин щыIащ ди сэлэтхэр. 1945 гъэм ещанэу дыхьащ ди зауэлIхэр Берлин икIи рейхстагым ТекIуэныгъэм и Бэракъ Gлъы­жьыр щыфIадзащ. Хэт ищIэрэ - ­гъащIэр апхуэдэу къекIуэкIыу ди дзэхэр иджыри зэ Берлин дыхьэнри зыхуэIуа щыIэкъым икIи я рейхстагым ди текIуэныгъэм и бэ­ракъыр щыфIадзэнкIэ хъунщ. Дэ дытекIуэнущ. Абы шэч къытетхьэркъым.
- ТекIуэныгъэрщ ди къэрал зэкъуэтыныгъэр, ди цIыхубэр тхъумэжыну Iэмал къы­дэзытынур, сэ апхуэдэу къызолъытэ, - республикэм и Iэтащхьэм диIыгъащ щIэ­ныгъэлIым и псалъэр.

Поделиться: