Кавказ печатыр къызэрежьар

ЛIэщIыгъуэрэ ныкъуэрэ ипэкIэ Кавказым щыпсэуа  ди лъахэгъухэм я псэукIар уи нэгум къыщIэзыгъэхьэ хъыбар нэхъ цIыкIури гъэщIэгъуэнщ. Аращ икIи газетым и къалэныр: цIыхубэ гъащIэм хуэчэмымрэ ирикъумрэ къызыфIэбгъэщIыфын хуэдэу, и щытыкIэм щыгъуазэ уищIыныр.

Нобэрей газетхэри топсэлъыхь цIыхухэр зыхэпсэукI мылъкуми, зыпэрыт лэжьыгъэми, я хэхъуэми, я  хэщIми. ИтIани, япэ лъэбакъуэхэр зычахэм тхыдэм щаIэ пщIэр пхуэгъэкIуэдынукъым.  Абыхэм датепсэлъыхьыну щхьэусгыъуэ къыдэзытар «Терские ведомости» газетырщ.

Илъэси 140-рэ ипэкIэ, 1886 гъэм Урысейм и Къэрал советым унафэ къищтат Кавказым щыпсэу цIыху бжыгъэр къыхатхыкIыну.  А илъэс дыдэм и мэлыжьыхьым  лэжьыгъэм пэрыхьауэ щытащ. Зи гугъу тщIы пасэрей къыхэтхыкIыныгъэр  щIрагъэкIуэкIар Тыркум мыIэпхъуэу къэнахэм я бжыгъэр къащIэн папщIэ къыщIэкIынт, сыту жыпIэмэ, Кавказ зауэр зэриухрэ блэкIар илъэситI  къудейт. Нэхъ телъыджэжращи, къыхэтхыкIым и бжыгъэхэр къыщагъэнэIуа «Терские ведомости» газетыр къыдагъэкIын щыщIадзар 1868 гъэрщ,  илъэситI дэкIауэ. Мы бжыгъэхэм гу ялъыдмытэнкIи хъунт а газет цIэрыIуэм и япэ редактору щытар ди лъэпкъэгъу щIалэу щымытамэ. Ар мызэ-мытIэу зи цIэ къитIуа абазэ тхакIуэ, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ КIэш Адэлджэрийщ (1837-1872). УрысыбзэкIэ дунейм къытехьа шэрджэс хъыбархэр япэу утыку къизыхьахэм язщ «Къалэмбий» цIэмкIэ литературэм къыхэна, цIыхухэм я гур къэзыхьэхуа  КIэшыр.   

Нобэрей Адыгейм хыхьэ Кечев къуажэм щыщ щIалэм 1858 гъэм ехъулIэныгъэкIэ  Шэткъалэ (Ставрополь) дэт гимназиер къиухри,  Бытырбыху дэт университетытм и КъуэкIыпIэ факультетым щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ. Владикавказ щыIэ Тэрч областым и управленэм 1867 гъэм хагъэхьа нэужь, «Терские ведомости» газетым и редактору ягъэуври, IэнатIэм илъэситхукIэ, езыр дунейм ехыжыху, пэрытащ. А газет цIэрыIуэм дэлажьэурэщ  кавказ узэщIакIуэхэу ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Къуэдзокъуэ Лэкъумэн, Ахриев Чах, иджыри нэгъуэщI куэдым тхэн щыщIадзари бгырыс интеллигенцэр къызэрыунэхуари, дунейпсо щэнхабзэм и Iыхьэ хъуным хуэгъэза япэ лъэбакъуэр кавказ литературэм щичари.

1918 гъэ пщIондэ «Терские ведомости» газетыр Тэрч областым ехьэлIа къэрал унафэ псори къызытрадзэ официальнэ къыдэкIыгъуэу щытащ. Нобэ зи гугъу тщIынур а газетым и 18-нэ къыдэкIыгъуэрщ, I868 гъэм мэлыжьыхьым и 29-м традза номерым. Аращ ди щIыналъэм илъэси 140-рэ ипэкIэ щыпсэуахэм я бжыгъэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэмрэ къызытехуар. А бжыгъэхэр зэпхахэрщ зауэ нэужьым адыгэм и жылэр зыхъумар, иджыри ягъэдэлъэн ямыуха  Iэщэм и лъабжьэм щIэту. 

А лъэхъэнэм  «Къэбэрдей округ» цIэр зезыхьа ди щIыналъэм теухуауэ мыпхуэдэ бжыгъэхэр къегъэлъагъуэ «Терские ведомости» газетым: пщIантIэ бжыгъэр 708I-рэ мэхъу, хъулъхугъэрэ бзылъхугъэу нэрыбгэ 54233-рэ щопсэу.

 АдэкIэ бжыгъэхэр «участкэхэм», нобэрей жыIэкIэкIэ – районхэм ятегуэшауэ къокIуэ.

 Бахъсэн участкэр пщIантIэ 3282-рэ мэхъу, нэрыбгэ 21714-рэ щопсэу. Къэбэрдей ЦIыкIур (Джылахъстэнейр) пщIантIэ 1659-рэ мэхъу, цIыху  10335-рэ щопсэу. Шэрэдж участкэр пщIантIэ 2140-рэ мэхъу, цIыху 12029-рэ щопсэу. Бгырыс участкэм  и пщIантIэ бжыгъэр къакIуэркъым, нэрыбгэ 10155-рэ щопсэу.

 АдэкIэ къыхэтхыкIым цIыхухэр зэхедз ахэр къызыхэкIа лIакъуэкIэ: пщыхэр, уэркъхэр, щхьэхуитхэр, мэкъумэшыщIэхэр, къинэмыщIхэр.

Адрей бжыгъэхэм нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэнщ мэкъумэш хозяйствэм ехьэлIахэр:

«Бахъсэн участкэм хууэ меркIэ 32000-рэ щыхасащ, гуэдзу – 3200-рэ. Iуахыжа гъавэр: хууэ – 400000, гуэдзу – 160000-рэ. Бжьэ матэу 16271-рэ ягъэуващ, мэкъуу пут 1500000-рэ къахащ.

Шыуэ 14386-рэ яIэщ, Iэщышхуэу – 48378-рэ (хыву 8I4-рэ яхэту), мэлрэ бжэну 159211-рэ. Щхьэли 7, жызумрэ пхъэщхьэмыщхьэрэ щагъэкI хадэу 5 яIэщ.

Къэбэрдей ЦIыкIу (Джылахъстэней) участкэм хууэ меркIэ I2000-рэ щыхасащ, 140000-рэ Iуахыжащ. Гуэдзу  2160-рэ хасащ, 21600-рэ Iуахыжащ. Бжьэ матэу 4496-рэ ягъэуващ, мэкъуу 7500000 къахащ, щхьэли 3 яIэщ. Шыуэ 3762-рэ, Iэщышхуэу 18897 (хыву 1223-рэ яхэту), мэлрэ бжэну 28363-рэ ягъэхъу.

Шэрэдж  участкэм хууэ меркIэ 28000-рэ хасащ, 320000-рэ Iуахыжащ. Гуэдзу 2800-рэ хасащ, 120000-рэ Iуахыжащ. Бжьэ матэу 18426-рэ ягъэуващ, хади 2, щхьэл 11 яIэщ. Мэкъуу пут 1300000-рэ къахащ. Шыуэ 8346-рэ, Iэщышхуэу 30789-рэ (хыву 1402-рэ), мэлрэ бжэну – 51210-рэ зэрахуэ.

«Къэбэрдей округым и унафэщIхэм зэрыжаIэмкIэ, Бахъсэн, Шэрэдж участкэхэм  мэкъуу къыщахамрэ гъавэу щыIуахыжамрэ къызэрыщыгъэлъэгъуар хуэгъэфэщауэщ, - етх газетым. - Хури, гуэдзри, мэкъури езы Къэбэрдейм фIэкIа щащэркъым, нэхъыбэу Iэщым елэжь къуажэхэм иращэ. Iэщышхуэмрэ мэлхэмрэ Псыхуабэрэ Гумкъалэрэ (Георгиевск) бэзэрым щащэ, шыхэмрэ хывхэмрэ Кавказ щIыбым яшэ. Фор нэхъыбэу щащэр Гумкъалэ щызэхэт Покровскэ бэзэрырщ, ауэ и нэхъыбэр къэбэрдей унагъуэхэм щызэбгрокI. Мэлыцыр цейхэмрэ щIакIуэхэмрэ ятокIуадэ, зэращэшхуэ щыIэкъым».

  Газетыр зэрызэрахьа щIыкIэр уи нэгу къыщIигъэувэу, мыхэр тетщ:  

«Цензурэм хуит ищIащ», «Щытрадзар Тэрч областым и унафэщIым и канцеляриерщ, Владикавказ къалэм», «Редакторыр КIэш Адэлджэрийщ.

Илъэсым и тедзапщIэр – соми 4-рэ кIэпIейкIэ 50-рэ. Унэ хьыпщIэр хэту – соми 5».

  «Терские  ведомости» газетым и тхыдэр ямыгъэкIуэдыжын папщIэ, 2015 гъэм абы хуэгъэфэща фэеплъ пхъэбгъу Владикавказ къыщызэIуахауэ щытащ. Абы ипэжкIэ, 2010 гъэм «Медиагруппа «Терские ведомости» зыфIэзыщыжа къыдэкIыгъуэм абы и лъэужьыр зэрыпищэр къигъэнаIуэу, лэжьыгъэр зэтриублэжри, газетым и цIэри къищтэжауэ щытащ.  Иджырей  «Терские ведомости» газетым къалэн зыщещIыж КИФЩI-м щекIуэкI гъащIэр IупщIу къигъэлъэгъуэну, абы щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр, щэнхабзэр, щIыналъэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ иIэ зэфIэкIыр наIуэ къищIыну. Редакцэр зыщIэс унэм тхылъ тедзапIи щолажьэ, лъахэхутэ лэжьыгъэхэр, щIэнгъуазэхэр, публицистикэр щытрадзэу.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться: