ГъущI гъуэгум и лэжьакIуэм и махуэ

 

         ГъущI гъуэгухэр - Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щыпсэухэр нэхъ тыншу зэпызыщIэ, IэнатIэхэр гъэсыныпхъэкIи, ухуэныгъэм ирахьэлIэ пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIи, нэгъуэщI-къинэмыщIхэмкIи щызэхъуажэ, къэралым и экономикэр зэпIэзэрыт щытыкIэм изыгъэт, ипэкIэ зэрыбэкъуэным телажьэ Iэмал нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ.  

УФ-м мы зэманым къыщагъэсэбэп гъущI гъуэгухэм, псори зэхэту, километр мин 90-м щIигъу я кIыхьагъщ. ЦIыхухэр лъэпощхьэпоуншэрэ гугъуехьыншэу Хэкум и щIыналъэ зэхуэщхьэхуэхэм я зы дэтхэнэ лъэныкъуэми къыщыхутэн, хуей хъуамэ, нэгъуэщI къэралхэми я лъэр нахусыфын папщIэ, Урысей Федерацэм и гъущI гъуэгу IэнатIэм цIыху мин 700-м нэблагъэ щолажьэ. ГурыIуэгъуэщ, абыхэм ящыщ дэтхэнэри а IэнатIэм фIыуэ хэзыщIыкI, зыбгъэдэт техникэм ехьэлIа щIэныгъэ куу зиIэ IэщIагъэлIу щытын зэрыхуейри, цIыхум и хьэл-щэн нэхъыфIхэм ящыщу къалъытэ жэуаплыныгъэмрэ зэпIэзэрытыгъэмрэ зэрахэлъыпхъэри. «ГъущI гъуэгум и лэжьакIуэм и махуэ» зыфIащар а псори дигу къэзыгъэкIыжщ.

Урысей Федерацэм и гъущI гъуэгухэм мыхьэнэ ин дыдэ ягъэзащIэ Евразие континент абрагъуэм хыхьэ къэралхэм зызэпащIэнымкIи. Сыту жытIэмэ, ди Хэкур Европэмрэ КъуэкIыпIэ Азиемрэ я зэхуаку дэт щIыналъэщи. ЗэрызыщаубгъуамкIэ, ди къэралым и гъущI гъуэгухэм ди планетэм, США-м иужькIэ, етIуанэ увыпIэр щаIыгъщ, ток кIапсэ зэкIуалIэ и щIыпIэхэмкIэ - япэ увыпIэр.

                                         Хэт зыгъэлъапIэр?

«ГъущI гъуэгум и лэжьакIуэм и махуэ» зыфIащар ди къэралым «щынэхъыжь» дыдэхэм ящыщщ. Хабзэ зэрыхъуауэ, ар шыщхьэуIум и япэ тхьэмахуэ махуэм ягъэлъапIэ.

Урысей      Федерацэм и мызакъуэу, мыбы гулъытэ хэIэтыкIа щыхуащI Белоруссием, Армением, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Узбекистаным, Молдовэм, Болгарием, Польшэм.

Мы махуэм гъущI гъуэгум и лэжьакIуэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм ярысхэмрэ ирагъэблагъэ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щрагъэкIуэкI гуфIэгъуэ зэхуэсхэмрэ спорт зэхьэзэхуэхэмрэ. Абдежым, хабзэ зэрыхъуауэ, зыхуагъэфащэхэм къэрал дамыгъэхэмрэ зыпэрыт IэнатIэм я тыгъэ лъапIэхэмрэ щрат.

Я гуфIэгъуэмкIэ йохъуэхъу машинистхэм, гъуэгу дэгъуазэхэм (проводникхэм), диспетчерхэм, гъущI гъуэгу зекIуапIэхэм кIэлъыплъхэм, ахэр пхызышхэм, инженерхэм, вокзалхэм къулыкъу щезыхьэкIхэм, IэнатIэм и ветеранхэм, мы IэщIагъэм щыхуагъэхьэзыр еджапIэхэм щIэсхэм.

      Тхыдэм щыщу

Махуэр гъэлъэпIэныр ди къэралым япэ дыдэу къыщаублар пащтыхь Николай Езанэр къызэралъхурэ илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэущ. КъызэралъытэмкIи, а пащтыхьырщ Урысейм гъущI гъуэгухэр ухуэн щыщIезыгъэдзауэ щытар.

I896 гъэм бадзэуэгъуэм и 10-м Урысей империем и щIыналъэхэр зэпыщIэнымкIэ и министр Хилков Михаил Iэ щIидзат «ГъущI гъуэгум и лэжьакIуэм и махуэ» жыхуаIэр гъэ къэс гъэлъэпIэн зэрыхуейм хуэгъэза унафэм.   

Тхыдэтххэм къызэрабжамкIэ, 1865 гъэм къыщыщIэдзауэ 1875 гъэ пщIондэ къэрал абрагъуэм и гъущI гъуэгухэм я кIыхьагъым, ику иту, зы илъэсым километр минрэ ныкъуэрэ къахэхъуэрт.  

1887 гъэм ирихьэлIэу, Урысейм и гъущI гъуэгухэр и щIыналъэ зэхуэмыдэу 61-мкIэ зэбгрыкIырт. Абыхэм яхэтт Москварэ Санкт-Петербургрэ зэпызыщIэхэри хамэ хэгъэгухэм я къалащхьэхэм екIуалIэхэри.

1880 – 1900 гъэхэм гъущI гъуэгухэр нэхъ щыпхашу щытар къэралым къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и щIыпIэ нэхъ пхыдзахэрт, Китайм уизышэри яхэту.

1900 гъэм ирихьэлIэу, Хэкум и гъущI гъуэгу «хъым» Урысейм и щIыналъэхэм (губерниехэм) ящыщу ЕвропэмкIэ щыIэ 64-р, Финляндием (а лъэхъэнэм пащтыхь къэралыгъуэм и зы Iыхьэт) ейуэ 8-р, АзиемкIэ щыIэ 7-р къызэщIиубыдэрт.

1917 гъэм къэхъея Октябрь революцэ иным зи гугъу тщIы Iуэхур, «ГъущI гъуэгум и лэжьакIуэм и махуэ» жыхуаIэм гулъытэ хэха хуэщIыныр, IэщIыб ящIыжауэ щытащ. АрщхьэкIэ, илъэсхэр блэкIами, СССР-м и Правительствэм и унафэкIэ, 1936 гъэм и бадзэуэгъуэм махуэщIыр ягъэлъапIэу яублэжащ. ИкIи, 1940 гъэм къыщегъэжьауэ а махуэр гъэлъэпIэн хуейуэ къэралым и лIыщхьэхэм къагъэлъэгъуар шыщхьэуIум и япэ тхьэмахуэ махуэрщ. Аращ ар гъэ къэс щIагъэIэпхъуэри…

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

Читать также:

12.08.2026 - 12:25 НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 НОБЭ
07.08.2026 - 15:30 МащIэ пэтми, беягъэщ
07.08.2026 - 13:44 Нобэ
06.08.2026 - 09:49 НОБЭ