Гъэ къэси хуэдэу, шыщхьэуIум и 4-р щIыпIэ куэдым дызыщримыхьэлIэ IэщIагъэм, спелеологием, ирилажьэхэм я махуэщ.
ЗэрытщIэщи, щIалэхэм я нэхъыбэм, я цIыкIугъуэм къыщыщIэдзауэ, я плъапIэщ лIыхъужьыгъэу къахулъыкъуэкIынур зыхуэдэр къызэрагъэлъэгъуэфын IэщIагъэхэр зэрызрагъэгъуэтыным. Языныкъуэхэм уахэр джыныр, ялъэкIамэ, кIуапIэ щIыныр я хъуэпсапIэщ, мыдрейхэм я нэхъ хышхуи я нэхъ цIыкIуи зэрыщесын икIи зэрыщызыпаупщIын кхъухьхэм ираIэтащхьэрэ зыхуеймкIи зрагъэгъэзэныр я гуращэщ, къэнэжахэми, зэрыжаIэу, щIы щIагъым къатиблкIэ ехыу къыщекIуэкIхэр зрагъэщIэныр я гуращэщ.
Спелеологхэр бгъуэнщIагъхэм, щIыгу лъабжьэм зыщрихьэлIэ гъуэдыджхэм я зэхэлъыкIэмрэ я къэунэхукIэ хъуамрэ къэхутэным, зи гугъу тщIы а къэщIыгъэхэр зэпIэзэрыт щытыкIэм зэрырагъэтыным елэжь IэщIагъэлIщ. Ауэ щыхъукIи, мы IэнатIэр къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ щIэныгъэм и къудамэхэу физикэми, археологиеми, геологиеми.
Уегупсыс зэрыхъунумкIи, иджырей спелеологхэр, «щIыщIагъырыкIуэ гъуэгуанэ къыфпоплъэ» яжепIамэ, здынэмысыфын щымыIэм хуэдэщ. Ахэр тогушхуэ бгы лъабжьэхэм зыщызыгъэпщкIуа гъуэжлау-гъуэдыджхэмрэ щиухыр зэуэ къыпхуэмыщIэ, зи кIэм унэмыплъысыф бгъуэнщIагъ абрагъуэхэмрэ зыщыплъыхьынми, мылым хуэдэу щIыIэ щIыщIагъыпсхэм я къежьапIэхэми къыщакIухьынми. А псом къадэкIуэуи, спелеологием зезыпщытхэр зи зэмылIэужьыгъуагъэкIэ зэхуэмыдэ бгъуэщIхэр зыдж, зэхэзекIуапIэ зыщI геологхэщ.
Зи гугъу тщIы унэтIыныгъэр къыхэзыхахэм я пщэрылъ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар здежьэм къриубыдэу зыщIыхьэ гъуэдыджхэм, здыпхыкI бгъуэнщIагъхэм къыщагъуат, къыщаулъэпхъэщхэр зищIысыр щызэхагъэкIыфын лъэщапIэхэм нашэсу, а Iуэхум хуэIэижь щIэныгъэлIхэм я пащхьэ иралъхьэнырщ.
Спелеолог IэщIагъэр къыхэзыхыну тегушхуэ дэтхэнэми, гуфI кIуэцIылъын зэрыхуейм имызакъуэу, и Iэпкълъэпкъри а IэщIагъэм хузэщIигъэуIуапхъэщ, къыхиха IэнатIэм, псэху жыуаIэр имыщIэу, жэщ-махуэ имыIэу, зэрыхуэщыпкъапхъэм къыхэкIыу. АтIэми спелеологыр и лэжьыгъэ мытыншым щыIуощIэ апхуэдиз гугъуехьыр щызыгъэгъупщэж дахагъэ, нэгузыужьыгъуэ куэдым.
Мыри къыхэгъэщыпхъэщ. Дызэрыт зэманым щIы щIагъым узыщыIущIэри щыплъагъунури бгъуэнщIагъ-гъуэдыдж пэлъытэу езы щIыуэпсым къигъэщIахэм я закъуэкъым, атIэ пасэ лъэхъэнэхэм псэуахэм я IэрыщIхэми уащыIуощIэ. Иужьрейхэм яхэтщ дунейм тетахэм къагъэна къалэжьхэм щыпхыкIа уэрамхэри, зэман зэхуэмыдэхэм щагъэхьэзыра, зауэ-банэ Iуэхум хузэтраухуа зыгъэпщкIупIэжьхэри, бгым щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэзыххэм щыпхаша гъуэжлаухэри, псы жапIэжьхэри. Езыр-езыру щIыуэпсми жьыуэпсми къагъэщIам нэмыщI, иджырей ухуэныгъэхэм я Iыхьэу щIы щIагъым щIыхьэхэр щIэплъыкIынырщ спелеологием и къудамэщIэ «спелестологие» жыхуаIэр къыщIэунэхуари.
Мы IэщIагъэм и къежьапIэщ лъэхъэнэ жыжьэ дыдэхэр. Псалъэм папщIэ, илъэс мин бжыгъэ ипэкIэ псэуахэм, зыщыщ унагъуэхэри я щхьэхэри ирахъумэжыфын, псы къыщIэжыпIи ерыскъыпхъи къыщIагъуэтэн хьисэпкIэ, зыпэгъунэгъу бгъуэнщIагъхэр щIащыкIрэ, хуей щыхъукIи, зыщагъэпщкIуу зэрыщытар «спелеологие»-къэ?
Зэрынэрылъагъущи, спелеологиер сэбэпщ дунейпсо щIэныгъэм и къудамэ зэмылIэужьыгъуэхэм адэкIэ заужьынымкIи, ди планетэм щыпсэуахэм я тхыдэ жыжьэм нэхъри щыгъуазэ зыхуэтщIынымкIи, геологие и унэтIыныгъэу ЩIым и щхьэфэм и «зэрыубыдыкIэ» хъуар зыджым дежкIи, ди адэжьхэм къащIэна хьэпшыпыжьхэр цIыхухэм я пащхьэ къилъхьэжынымкIи.
Экологием зэрыхуэщхьэпэм и гугъу тщIымэ, спелеологием телажьэхэм я нэIэ зытрагъэт икIи нэхъ зыщысхь гъуэдыджхэмрэ бгъуэнщIагъхэмрэ хъума нэхъ щохъу къэкIыгъэрэ псэущхьэу ЩIы Хъурейм текIуэдыкIыжыпэным нэсахэм ящыщ гуэрхэри. .
Дыщыпсэу лъэхъэнэм спелеологхэр ядолажьэ щIым и зэхэлъыкIэр къэзыхутэ геологхэми, ухуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къезыгъажьэ IэнатIэхэми, археологием хуэIэижь IэщIагъэлIхэми. А псом къыхэкIыуи гурыIуэгъуэщ, нэхъри дгъэбелджылынщи, спелеологыр шыIэныгъэшхуэ зыхэлъ, зи акъылыр жан, и IэпкълъэпкъкIи псыхьауэ зэрыщытыпхъэри, иджырей дунейм щыпэрыхьэт тыншыгъуэхэр, нэгъуэщI мыхъуми зэман гуэркIэ, IэщIыб зыщIыфу къызэрекIуэкIыпхъэри...
КЪУМАХУЭ Аслъэн