Зи Хэку фIыуэ зылъагъум дежкIэ абы и теплъэри, и хьэуари, щежэх псыхэри, щыпсэу цIыхухэри – псори дахэщ, лъапIэщ. А лъагъуныгъэ иныр кIащхъэ мыщIыныр и гуращэу илъэс куэд лъандэрэ сабийхэм ядолажьэ Ислъэмей къуажэм дэт 4-нэ курыт школым географиер щезыгъэдж Къундет Иннэ. «Урысей Федерацэм и егъэджакIуэ нэхъыфIхэр» къэралпсо зэпеуэм 2009 гъэм пашэ щыхъуа, «Си псэ хуабагъэмкIэ сабийхэм садогуашэ» егъэджакIуэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэм 2024 гъэм щытекIуа унэтIакIуэр и лэжьыгъэм нэхъыщхьэу хилъагъуэ Iуэхугъуэхэм ехьэлIа гупсысэхэмкIэ къыддогуашэ.
«Сыту къаруушхуэ къытхилъхьэрэ дыщалъхуа, дыкъэзыухъуреихь дунейм! И щIыпIэм хэт пэIэщIэ хъуами, ар абы и пщIыхьым хэмыкIыу, и псэри игури къеIэ зэпыту мэпсэу. Сыт атIэ ар къызыхэкIыр? Сэ сызэригугъэмкIэ, анэ быдзышэм хэлъу лъахэм хуэтщI лъагъуныгъэ IэфIырщ. ИпэжыпIэкIэ сощIэ: цIыхум щалъхуа щIыналъэм, Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэм къаруушхуэ къыпхелъхьэф, IуэхуфI куэдым утрегъэгушхуэ. А гурыщIэ къабзэр ящыщщ гум жьы дезыгъэхухэм.
Хэку лъагъуныгъэр гурэ псэкIэ зыхэзыщIёэ цIыхухэм сащыщу, щIэблэм сахэтщ сэ куэд лъандэрэ, егъэджакIуэу, унэтIакIуэу, чэнджэщэгъуу. КъызгуроIуэ а псори къалэнышхуэу зэрыщытыр, псом хуэмыдэу иджыпстурей зэманым. Нобэрей щIэблэм иIэ Iэмалхэр гъунапкъэншэщ: абы елъагъу къэрал жыжьэхэри, зэхегъэкIыф нэхъыфIу псэухэри къыкIэрыхухэри, абыхэм я щхьэусыгъуэми йогупсысыф. КIэщIу жыпIэмэ, дэни нос нобэм халъхуа цIыхур. Аращ езгъаджэхэм щалъхуа лъахэм хуэдэ зэрыщымыIэр, ар лъагъун, гъэпэжын, егъэфIэкIуэн икIи хъумэн зэрыхуейр зыхезгъэщIэныр си къалэн нэхъыщхьэу къыщIэслъытэр.
Зыхуезгъаджэ географие предметри, ди Къэбэрдей–Балъкъэрым и тхыдэри, ди Ислъэмей къуажэм и щIыпIэ дахэхэри, Бахъсэн аузым щыпсэухэм игъащIэми къадэгъуэгурыкIуэ, бынхэр зыщIапIыкI адыгэ хъыбарыжьхэри абыкIэ дэIэпыкъуэгъу ин дыдэщ. Iэмал куэд къыдет сызыщылажьэ курыт еджапIэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщауэ зэрыщытми: диIэщ компьютер классыр, интерактивнэ доскахэр, картэ, глобус, къэхутэныгъэщIэхэр зи плъапIэ нобэрей школакIуэр зыхуэныкъуэ нэгъуэщI Iэмэпсымэхэри. Ахэр лэжьыгъэм къызэрыщыдгъэсэбэпым ди дерсхэр щIэщыгъуэ, купщIафIэ ящI. Урок-семинархэр, урок-презентацэхэр, урок-экскурсиехэр, компьютерым и Iэмалхэр къыщыдгъэсэбэп дерсхэр – псори хуэунэтIащ еджакIуэр щIэныгъэм, къэхутэныгъэм дегъэхьыным, абы и дуней еплъыкIэм, гупсысэм зегъэужьыным. Абыхэм хуабжьу дахьэх ныбжьыщIэхэр, ауэ зыми хуэдэжкъым щалъхуа лъахэм теухуа дерсэхэр абыхэм зэрафэхьэлэмэтыр.
Дерсхэр нэхъри гъэщIэгъуэн папщIэ, лэжьыгъэм щIэх-щIэхыурэ къыщызогъэсэбэп ди лъахэм и тхыдэм, теплъэм, хабзэм, щэнхабзэм епхауэ адыгэ IуэрыIуатэм хэт хъыбарыжьхэр, уэрэдыжьхэр. Псалъэм папщIэ, Къызбрун бгым дыкIуэн ипэкIэ, дэ зэгъусэу иджыри зэ дриплъэжащ ЩоджэнцIыкIу Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романым, «Адыгэ хъыбарыжьхэр», «Нарт хъыбархэр» тхылъхэм. Апхуэдэу дубзыхуащ «Къызбрун», «Бахъсэн» псалъэхэм я этимологиер. «А псом географиер сыткIэ хуей?» - жыпIэмэ, ахэр къуэпс быдэкIэ зэпхауэ зэрыщытыр езы еджакIуэхэм къахутэжащ. Псалъэм папщIэ, ЩоджэнцIыкIу Алий мыпхуэдэу етх: «…Къызбруным цIыхухэр пхауэ Щрадзыхыуи уэ плъэгъуакъым…» АтIэ еджакIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэну къахутащ цIыху щхьэхуимытхэр здрадзыхыу щытауэ ялъытэ лъагапIэр, Бэдынокъуэ и адэр гъэпщкIуауэ щиIыгъауэ хуагъэфащэ бгъуэнщIагъми щыIахэщ. НыбжьыщIэхэм яфIэгъэщIэгъуэну зрагъэцIыхуащ «КъафэпIэжьыр», «ВыщхьэфIэчкIэ» зэджэ гъуэгу задэр икIи зэгъуэкIыр, нэгъуэщIхэри. Куэдрэ я нэгу щIэтын сурэту щалъхуа къуажэр ялъэгъуащ, бгыщхьэ лъагэм тету.
Ислъэмей къуажэкум хуэзэу иIэщ бгышхуэ, «Уэзрокъуэ IуащхьэкIэ» еджэу. Мыбы зэтемыхуэу хъыбар куэд иIэщ, ауэ абыхэм псоми зэщхьу къыхощ ар илъэсищэ куэд зи ныбжь кхъащхьэу зэрыщытыр, цIыхуи еIусэу щытакъым. Ауэ 30 гъэхэм къуажэм даша Бахъсэн псым и гуэжыр бгымкIэ ирашэкIащ, иужькIэ Iуащхьэр къатIыну яужь ихьащ. Iуащхьэр зэхедмыгъэтIыхьын щхьэкIэ, Iуэхум яужь сихьащ си гъэсэнхэр сщIыгъуу. Къэхутэныгъэхэр едгъэкIуэкIа нэужь, абыхэм къарикIуахэр зэуIу тщIыжащ. Пэж дыдэу, а Iуащхьэр хъыбарым къызэриIуатэм хуэдэу къыщIэкIащ. Ислъэмей къуажэ администрацэм абы теухуауэ зыщыхуэдгъазэм, унафэ къащтащ Уэзрокъуэ Iуащхьэр тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэу зэрыщытымкIэ икIи абдеж лэжьыгъэ гуэрхэри щебгъэкIуэкI зэрымыхъунумкIэ».
Ип\жыпIэкIэ, щалъхуа щIыналъэр фIыуэ зылъагъуу къэхъу ныбжьыщIэхэм къэралым хуэпэжын, ар зыхъумэфын, езыгъэфIэкIуэн цIыху къазэрищIыкIынум шэч хэлъкъым. Ди Хэкур щытыкIэ къызэрымыкIуэм щит лъэхъэнэ гугъум ар куэдым къагуроIуэ. Къундет Иннэ ящыщщ апхуэдэхэм. Аращ абы и лэжьыгъэм хэкупсэ гъэсэныгъэм гулъытэ хэха щIыщигъуэтри.