Уэрэд

Макъамэ гуэрым сынешэж, макъамэ гуэрым сыхогъуащэ. Ди уафэм нэпс зэрыщIигъэжыр макъамэ щэхум къыджеIэж. Псалъэншэщ. Уафэри гъунэншэщ. КууIуэщ. КууIуэщи, гупсысэри еуIэ. УIэгъэр нэхъри гуауэ кIуапIэщ. Псэр сыту лъапIэ… Макъамэм щIэлъри аракъэ… Зыгуэрым и псэ, гум и плъыфэ…
Макъамэм лъапцIэу хохьэ псалъэ. Я пситIыр уафэм щызэхохьэ, я гъащIэр вагъуэхэм япсыхь. Аргуэру нэгум укъыщIохьэ. Уэрэдыр макIуэ насыпыхь. Ар щIэхыу носри гу уIэгъэм, и лъащIэм хъуаскIэ щыIэпоху. Зы хъуаскIэ жылэр къызэрокI, гу лъащIэм гъащIэ къотIэпIыкI. Уэрэдым жеIэ: «И цIэр фIэщ, и гугъэ нэпсри умылъэщI» … ПкъыроузыкI макъамэм псалъэ. Уэрэдым ещIэ гум и пIалъэр. 

ГукъэкIыжхэр

Фи Хэкум ноби ситщ. Фи деж зыщысплъыхьынкIэ срикъуркъым. Сигугъэнтэкъым гукъэкIыжхэм апхуэдиз щэху фхэлъу. Къытезгъэзэжурэ, мызэ-мытIэу сывблэкIаи хуэдэщ. ИтIани, сыкъэкIуэху щIэ гуэрхэр, нэхъапэм фщызмылъэгъуа телъыджэхэр къызыкъувопхъуэт. ЛъащIэ имыIэу ара фи пхъуантэм? Е сызыпэмыплъа хъыбар куэдыIуэ зэуэ къыстефтхъуэмэ, уIэгъэ зи куэд гум зэрыхуэмышэчынур къывгурыIуэрэ? Ара си къэкIуэгъуэ къэс хъыбарыщIэ къыщIызэвутIыпщыр? Хьэуэ, фэ зыгуэр вдэзгъуэу аракъым. Уеблэмэ, псэм апхуэдизкIэ фыкъоIэфIэкIри, сызыщыщ зэманри сIэщIэгъупщыкIыжурэ сыфхэджэразэу сыщыфхэгъуэщэжыр нэхъыбэщ. ФызэрыблэкIар е фыкъызэрызгъэнар къыспкърошэсэжри… Аракъэ сызыукIыр?! Сэ нэгъазэ сызэримыIэри фэ фызэрызэзмышэлIэжыфынури къызгуроIуэри, блэкIам сыхуозэш. СыхуэзэшкIи къигъэзэжынукъым абы. ФIэхъуси къызимыхыжу ежьэжащ…
Хуэмурэ фызоутIыпщыж. ЗыфщызогъэпщкIу. ГъащIэм сыхокIуэтэж. Сесэжи хуэдэщ. Ауэ иIтани сыфхуэныкъуэ мэхъури лъыхъуакIуэ сыножьэж. СыфкIэлъоIэбэ. СыфкIэлъопIастхъэ. Фэри ффIэфIыпсу фыкъыслъохьэ. СызэщIывоIулIэри, си гъащIэм зыкъыхывоутхыпщIэ, фи гупсысэхэр къыстывоунащIэ. 
Сыщыфхузэгуэп къысхуохуэ куэдрэ. Ауэ екIуэлIэпIэншэ сыхъуа, гуитIщхьитIыгъэм и къапхъэным сриубыда нэужь, згъуэтыжыр фэращ. Фэращ сызэжалIэр. Сытывогъэуж, фыкъызодэхэщIэж, си нэпсыр схуволъэщIыж. Апхуэдэхэм деж согупсыс: сыту фIыщэу фызиIэт гукъэкIыжхэр! Си гумм щызэтрихьа гуныкъуэгъуэхэри а гупсысэм лъэныкъуэкIэ ирегъэкIуэтэкIыж.

Мазэм ихъумэр

Уи сурэтыр мазэм щхьэ къищрэ?!. Уи уэрэдыр жьыбгъэм щхьэ жиIэрэ?!. Уи гум илъ щэхухэр зыхъумэ вагъуэри сыту лъагэу къеплъыхрэ!..
Мазэр жэщым къыхоплъэ… Аргуэру сурэтым соплъ… Вагъуэхэр уджым щыхыхьэкIэ, мазэр уафэбгъум щозагъэ. Вагъуэхэр зэщIэпщIыпщIэу зэдоуджри, ар егъэщIагъуэ. Уджым хэмыхьэ мазэр…И закъуэщ… Щыму уахоплъэ вагъуэхэм… Дэтхэнэми и лыдыкIэм уэ гупсысэ къыпщIедзыр… Уи нурыр зытепсэ вагъуэхэм уафэм щыгъэу зрапхъэ. Нэхъри лъагэу заIэтри, уэгуми зыхуаший… Уэгум! Насып щыхадыкIыр абдежырщ!
…Щэхущ… Уи щэхур жэщым и нэхущ… Жьым кърихьэкI хьэуа къабзэр пщэдджыжьыпэм ныхехьэри, щIыгу сабырам щоуэршэр. Удзыпэ щхъуантIэхэм уэсэпсу ятелъыр зэдегъэтхытх, псы ешкIурэхым щабэу жьэхоуэри, ткIуэпсхэр мэлъей… Уафэм кърих фIэхъусыр щIылъэм трегуэшэжыр жьым…
Мазэм ихъума уэсэпс къабзэр ар зыхъуэжа пщэдджыжь дыгъэм полыдри… насыпым IуощIэ. ПIалъэр мащIэIуэт… IэфIыIуэт. Дыгъэм уэсэпсыр иреф. Лыдыжкъым… Жьыбгъэм кърихьэжьа щэхур уафэмрэ щIылъэмрэ я кум насып хъуэпскIыу докIуэсыкIыж.

Уафэм

Уафэр вагъуалъэ куэщIщ… Вагъуэ быныр унагъуэщ. Къалэм жей IэфI щызыхъумэр ахэрауэ си гугъэщ… Жэщым сыщIыхуэпIащIэр вагъуэхэм я напэлъагъущ… ПщIыхькъым сызыщышынэр, жейм сэ зыщыпыIуздзкIэ. Вагъуэхэр щызэдэлыдкIэ сакIэлъыплъыну сопIащIэ. 
Вагъуэхэм уэри епсалъэ… зыми жомыIэ щэхухэм гуапэу тIэкIу щIэгъэдэIу… Ахэр щIэлыдыр сощIэ - гухэлъ щэхуу зэхахым я нур зыщIашауэ аращ… Фагъуэ умыщI жэщ плъырхэр, гукIэ ядэуэршэр… ЩIым ущаIуэтэжынукъым. ПсэкIэ зыхэпщIэ псори уафэм щыпхуахъумэнущ… Уафэм! Уафэм гухэлъ ипхъащ… Гухэр щынасыпыфIэр уэгум зыщыхуагъазэрщ, вагъуэхэм зыщыпащIэрщ… ЩIылъэм гукъанэ иIэщ… Абы куэдыIуэ щабзыщI… Щымщ, си хъуапсапIэр щымщ… Уафэм и макъ щеутIыпщри вагъуэхэм яподжэж, гъащIэм хуэарэзыуэ. ЩIылъэм къосыжри… нэпс шугъэм ар елъэсыж…ИIэкъым гукъыдэжи. ЩыIэкъым джэрпэджэжи… Зыри къэджэжкъым… 
Жейм игъэщыма къалэм, хуэму и напIэр еIэтыр… Вагъуэхэр мэбзэхыж… Уэри уи щэхур гъэпщкIуж…

Пэж

Гум пэж щыпсэут. ГуфIэу, пIейтейуэ, хахуэу, щабэу е жану. Хэхъуэм хэхъуэурэ, гум имыхуэж хъуащ. КъыщыпкIырт. Хуейт зиIэтыну, лъэтэну, зиплъыхьыну. Ар гум идэнут?! ЕупщIакъым… Гум изэгъэжыртэкъыми, гъуэгу хишыну ежьат. Жылэ трисэурэ ирикIуэнут. Жылэр къикIыкIынут, гъуэгур гъэгъэнут. Пэж защIэ хъунут хъуреягъыр. Арат и гугъэр. Гум къызэрикIыу, гъы макъ зэхихащ. ИтIанэ кIий макъ… дыхьэшх макъ… фий макъ. Псори зэщIовууэ. Пэжыр мэкIэзыз. Зызэтреубыдэри, мэбакъуэ. Уаем, псыдзэм, мафIэсым хобакъуэ. КъыщыувыIэкIэ кIиину мурад ещI – зэхахын хуейщ… дауэ мыхъуми зэхахын хуейщ. Iэмал имыIэу! Зэ мэкIийри, уафэр къыподжэж – мэхъуэпскI. ЕтIуанэу жиIэнIауэ зыщигъэхьэзырым, и макъ къикIыжыркъым. 
«Гум сыщыпсэужатэмэ!» жи пэжым. Къабзэу къэнэнут, щыму гугъэ иухуэнут, дзапэ уэрэд хъунут. ЗэхэзыхынуIатэкъым. Пэжым къригъэуэнут гур… Щым зищIыжащ. Зыри щыдымкъым гу лъахэм. 
Пэжыр зэрыщымыр зыгуэрым зэхех. Ари гущ. Абыи пэж гуэр илъщ. Ари уIащ, пцIанэщ, щIыIэрысщ. Зиухыжыну хуеят. Ауэ нэгъуэщI зы пэжым и дуней щымыр зыхищIащ. Аращ къезыгъэлар. Гухэм я пэжхэр зэхуэзащ. Дунейр умэзэхри, гупсысащ. Егупсысащ уафэр зэрыкъабзэм! Пэжхэр зэрыщIэри, къару къахыхьащ. Къару къахыхьащ щыму гухэм щыпсэуну.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: