НОБЭ

ШыщхьэуIум и 5, бэрэжьей

Светофорым и дунейпсо махуэщ
2016 гъэм
Рио-де-Жанейрэ (Бразилие) къыщызэIуахащ XXXI гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Ахэр шыщхьэуIум и 21 пщIондэ екIуэкIащ. Мудрэн Беслъэн дыщэ (дзюдо), Джэду Iэниуар дыжьын (бэнэкIэ хуит) медалхэр къыщахьат абы. 
1900 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Пащты Салимэ.
1934 гъэм
къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Хъаний Мирон.
1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и цIыхубэ артист Алэкъей Мухьэмэд.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 27-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Ди бжэIупи лъагъуэ Iуохьэ.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

14.08.2026 - 13:50 НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 НОБЭ