НОБЭ

ШыщхьэуIум и 6, махуэку

Ядернэ Iэщэр къагъэсэбэпу мыдэным и дунейпсо махуэщ
Хиросимэ и дунейпсо махуэщ
«Дунейм и дохутырхэр мамырыгъэм и телъхьэщ» дунейпсо махуэщ
1927 гъэм
къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къасым Алий.
1934 гъэм
къалъхуащ Тыркум щыщ тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Челик Уэсмэн (Хьэкъуратэ).
1954 гъэм
къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Хьэрэдурэ Динэ.
1964 гъэм
къалъхуащ опернэ уэрэджыIакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артисткэ Шэгъудж Маринэ.
1969 гъэм
къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Пащты Лейлэ.
 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 26-рэ, жэщым градус 18 – 20 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дахагъэм дагъуищэ егъэпщкIу.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

14.08.2026 - 13:50 НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 НОБЭ