Мы махуэхэм дунейм къытохьэ «Адыгэ псалъэ» газетым и мин тIощIрэ етхуанэ къыдэкIыгъуэр. Лъэпкъым и джакIуэу, анэдэлъхубзэм и хъумакIуэу, ди щIыналъэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм и щIэнгъуазэу щыт адыгэ газетым и махуэщI дахэщ а къыдэкIыгъуэр. Зи япэ номерыр илъэси 100-м щIигъу ипэкIэ дунейм къытехьа «Адыгэ псалъэ» газетым и зэфIэувэныгъэм, ехъулIэныгъэм зи зэфIэкIрэ щIэныгъэрэ езыхьэлIахэр дигу къыдогъэкIыж газетым а и къыдэкIыгъуэ екIум ирихьэлIэу. Апхуэдэщ ди хэщIапIэ Печатым и унэм къедза щIыпIэм «Фэеплъым и хадэу» ТекIуэныгъэ иныр илъэс 80 щрикъум и саулыкъукIэ нэгъабэ щыхэтсам зи фэеплъыр щыдгъэлъэпIахэм ящыща КъардэнгъущI Хъалид Шухьиб и къуэр (1902 - 1943).
Ди щIыналъэм и журналист пажэхэм ящыщащ КъардэнгъущIыр, апхуэдэуи зауэм ипэ илъэсхэм адыгэ газетым и редактиор нэхъыщхьэ къулыкъури ирихьэкIащ. Хэкум и щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ зи псэр зэуапIэ губгъуэм щызыта Хъалид адыгэ редакцэм щылажьэ журналистхэр лэжьыгъэфIым къыхузэщIигъэуIуэу, ди республикэм и ехъулIэныгъэмрэ зэпэщэныгъэмрэ яхуэгъэза лэжьыгъэфIхэр зэфIихыу дунейм тетащ.
Ди газетым и щIэджыкIакIуэ гумызагъэ икIи и ныбжьэгъу пэж, егъэджэныгъэм и ветеран КъардэнгъущI (Семэн) Iэмсирэт и фIыгъэ куэд хэлъщ КъардэнгъущIым ехьэлIауэ нэхъыбэм щыгъуазэ дызэрыщыхъуам. И тхьэмадэ къуэш нэхъыжьу щыта Хъалид и сурэткIи и гъащIэм теухуауэ езыр зыщыгъуазэхэмкIи къыддэгуэшащ Iэмсирэт. Абы къызэрыджиIэжамкIэ, КъардэнгъущI Хъалид Аруан щIыналъэм хиубыдэ Псыгуэнсу (Жанхъуэтхьэблэ) къуажэм къыщалъхуащ. Зэщхьэгъусэхэу Шухьибрэ Дадурэ я къуэхэм ящыщу Хъалид курытт. Зэшхэм я нэхъыжьыр ФIыцIэт (1900 - 1942), нэхъыщIэр Хьэлийт (1904 - 1995). Абыхэм зы шыпхъуи яIащ, АфиянкIэ еджэу.
1917 екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэ иным иужькIэ КъардэнгъущI Хъалид граждан зауэми хэтащ лIыхъужьу. Дунейр мамыр хъужа нэужь, Хъалид щеджащ Лениным и цIэр зэрихьэу Налшык дэта еджапIэм (ЛУГ). КъардэнгъущI Зырамыку и къуэш Мурид и гъусэу абы щIэтIысхьати, зы лъэпкъым щыщу тIу къащтэ мыхъуну щыжаIэм, Хъалид Къардэну зригъэтхауэ щытащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ЛУГ-м щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэта щIалэщIэм еджэным щыпищащ Профессурэ плъыжьым и институткIэ зэджэу къэралым и щыхьэрым дэтам (Московский институт Красной профессуры). ВКП (б)-м и Комитет Нэхъыщхьэм и нэIэм щIэту лажьэ а еджапIэ нэхъыщхьэм щагъэхьэзыру щытащ парт лэжьакIуэхэр, жылагъуэ щIэныгъэхэр (тхыдэр, экономикэр, политикэр, къэрал ухуэкIэр, цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэр, н.къ.) институтхэм, университетхэм щезыгъэджыну IэщIагъэлIхэр.
Институт цIэрыIуэр ехъулIэныгъэкIэ къиухыу IэщIагъэ зригъэгъуэта нэужь, Хъалид щылэжьащ партым ди щIыналъэм щиIа комитетым, пропагандэмкIэ абы и къудамэм и унафэщIу. ИужькIэ КъардэнгъущIыр «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым япэщIыкIэ журналисту, редактор нэхъыщхьэу илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ.
1941 гъэм Хэку зауэшхуэр къэхъея нэужь, КъардэнгъущI Хъалид езыр лъаIуэри фронтым кIуащ, зауэм Iумыхьэну хуитыныгъэ иIэу щытами. Кърымыр хуит къыщащIыжым щыгъуэ, 1943 гъэм, ар лIыхъужьу япэщIэтащ бийхэм. Зэзауэ гуащIэхэм ящыщ зым хэкIуэдащ ар икIи а щIыпIэм щыщIалъхьащ.
КъардэнгъущI зэкъуэшхэм ящыщу тIур (ФIыцIэрэ Хъалидрэ) зауэм хэкIуэдащ. Псэууэ къэзыгъэзэжар Хьэлий и закъуэщ. ФIыцIэ щIалиплIрэ хъыджэбзитIрэ къыщIэнащ. Хьэлий щIалитIрэ зы хъыджэбзрэ иIащ. Зэшхэм я шыпхъу закъуэ Афияни фызабэ ищIат зауэм, и хъыджэбзитIыр адэншэу къигъанэри.
Унагъуэрэ бынрэ иIащ КъардэнгъущI Хъалиди. Абы и япэ щхьэгъусэр - Фирсовэ Лидие Петр и пхъур - граждан зауэм и илъэсхэм зэуапIэм къыщицIыхуауэ щытащ. Хъалидрэ Лидиерэ бынитI зэдагъуэтат: Юрэрэ Маринэрэ. Зэщхьэгъусэхэр куэдрэ зэбгъэдэсакъым. ЗэбгъэдэкIыжа нэужь, зэман дэкIри, Хъалид унагъуэщIэ иухуэжащ. Абы щхьэгъусэ хуэхъуащ Къэхъун къуажэм щыпсэу Хьэсанэхэ япхъу Мартан. Хъалидрэ Мартанрэ щIалищ зэдагъуэтауэ щытащ: Iэмырбэч (1936 - 2011), Борис (1939 - 2016), Исмэхьил (1941 - 1984). Сабиигъуэ гугъу яIащ а щIалэхэм. Хъалид зауэм зэрыхэкIуэдамкIэ хъыбар гуауэ къызыIэрыхьа Мартан ар гущIыхьэ щыхъури, сымаджэ хъуащ. Куэд дэмыкIыу ар дунейм ехыжри, сабий быныр зеиншэу къэнащ. Адэри анэри зыщхьэщымытыж быныр Къэхъун, я анэшым, яшэжри, балигъ хъухукIэ Хьэсанэхэ щыIащ.
Гугъу ехьу къэтэджами, Хъалид и къуэхэр цIыху пэжу, IуэхущIафэ дахэхэр я Iэужьу дунейм тетащ. Къапщтэмэ, и лэжьыгъэфIым къыпэкIуэу Iэмырбэч «ЩIыхьым и дамыгъэ», «Жэпуэгъуэ Революцэ Ин», «Ленин» орден лъапIэхэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. «ГуащIэдэкI Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэр къратыным нэсауэ, Совет Союз къэралыр къутэжри, ар къыIэрымыхьэу къэнэжащ.
Хэку зауэшхуэр иджыри екIуэкIыу, зэкъуэшхэмрэ хъыджэбз закъуэмрэ я адэ Шухьиб дунейм ехыжащ. Бынунэм я анэ Даду нэпс пщтыру щIигъэкIхэм набгъэ ящIащ, иужькIэ имылъагъужыххэ хъури, къэна и илъэсхэри апхуэдэу ирихьэкIащ. Ар дунейм ехыжащ 1967 гъэм.
Апхуэдэу къекIуэкIащ «Адыгэ псалъэ» гзетым и редактор нэхъыщхьэу лэжьахэм ящыща КъардэнгъущI Хъалид Шухьиб и къуэми, ар къызыхэкIа, езым иухуа унагъуэхэми я гъащIэр. А псоми щыгъуазэ дызэрыхуэхъуамкIэ фIыщIэр зыбгъэдэлъыр Хъалид и къуэш нэхъыщIэ Хьэлий и нысэ, ди щIэджыкIакIуэ КъардэнгъущI Iэмсирэтщ.
Зауэм и лыгъейм гущIэгъуншэу хисхьа лъэпкъ журналистхэм ящыща КъардэнгъущI Хъалид и ахърэтыр нэху ухъу. Абы къащIэхъуа щIэблэхэми ящремыгъупщэ, Хэкур гужьеигъуэ щихуэм, зи цIэр къэралым и тхыдэм, адыгэ журналистикэм къыхэна я адэм, адэшхуэм къакъуэкIа хахуагъэмрэ хэлъа лIыгъэмрэ.