Шэрджэс гъуэгуанэхэр

ЗыплъыхьакIуэхэм ящыщу адыгэхэм (адыгэхэм) ятеухуауэ тхыгъэ нэхъыбэ къэзыгъэнам и гугъу тщIымэ, ар Белл Джеймс. Ар ди лъэпкъым тетхыхьа къудейкъым - илъэс зыбжанэкIэ адыгэхэм яхэсу, я псэукIэм, хьэл-щэнхэм, жылагъуэ зэхэтыкIэм зыщигъэгъуэзат. 

Шэрджэсым 1837-1839 гъэхэр щигъэкIуащ а зыплъыхьакIуэм. Ар ялъэIэсащ шапсыгъхэми, натыхъуейхэми, убыххэми. 
Белл Джеймс адыгэ лъэпкъым и гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къигъэлъэгъуащ: абы къиIуэтэжырт адыгэм я мэш щIэкIэр, жылагъуэ зэхэтыкIэр, унагъуэ, хьэгъуэлIыгъуэ хабзэхэр, сабийр зэрагъасэ щIыкIэр, я хьэщIагъэр, дзэ Iуэхур. 1840 гъэм Инджылызым игъэзэжа нэужь, абы къыдигъэкIащ «Шэрджэсым зэрыщыIам и дневник» тхылъыр. XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм адыгэхэм я псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ ар хъуащ. ЖыпIэнурамэ, Белл и лэжьыгъэр франджыбзэкIи нэмыцэбзэкIи зэрадзэкIащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэд нэгъуэщI зыплъыхьакIуэхэми къызэрагъэнар.
Спенсер Эдмонд Шэрджэсым тIэунейрэ щыIащ - 1830 гъэхэм. Ар адыгэхэмрэ урысхэмрэ яку дэлъа зэпэщIэтыныгъэхэм я щыхьэтт, пщыхэм я зэхуэсхэм хэтат, испы унэхэр иджырт, лъэпкъ псэукIэр, фащэхэр, макъамэ Iэмэпсымэхэр, дин теплъэгъуэхэр, уеблэмэ антропометрие щхьэхуэныгъэхэр итхыжат. Абы и гукъинэжхэр къыщиIуэтащ «Шэрджэсым, Кърым Тэтэрым, нэгъуэщIхэми сызэрыщыIар» и тхылъым. 
Кук Джон (Шотландием щыщт, и IэщIагъэкIэ дохутырт) XVIII лIэщIыгъуэм Урысейм (Астраханрэ Къызларрэ) къакIуэри, адыгэхэм ятеухуа хъыбархэр зэхуихьэсри, и зекIуэхэм лэжьыгъэ псо триухуэжауэ щытащ. Абы псом хуэмыдэу къыхигъэщащ адыгэпщхэм зэрахьэу щыта хабзэхэмрэ абыхэм лъэпкъым теухуауэ ягъэзащIэу щыта къалэнхэмрэ.
Нэхъ пасэм щыIа тхылъытххэм ящыщу и гугъу щIыпхъэщ Челеби Эвлие (XVII лIэщIыгъуэ). Уэсмэн зыплъыхьакIуэм и «Гъуэгуанэ тхылъым» къыщиIуэтэжащ адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я гъащIэр. 
Адыгэхэм («зихи»-кIэ щеджэу щыщыта лъэхъэнэм) нэхъ пасэу тетхыхьахэм ящыщщ курыт лIэщIыгъуэхэм псэуа зыплъыхьакIуэхэри. Псалъэм папщIэ, Страбон е Да Луккэ Джованни (Италием щыщ зыплъыхьакIуэ, XVII лIэщIыгъуэ).
Паллас Пётр Симон (1741-1811) щIэныгъэлI-щIэнгъуазэ цIэрыIуэу псэуащ, Санкт-Петербург щIэныгъэхэмкIэ и академием и академикт, XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм Урысей къэралыгъуэм и ипщэ щIыналъэхэм, Кавказ Ищхъэрэри яхэту, къыщикIухьащ. А экспедицэм абы щызэхуихьэсащ адыгэхэмрэ (шэрджэсхэмрэ) щIыналъэм щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэмрэ ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр.
1793-1794 гъэхэм Паллас гъуэгуанэ техьащ. Астрахань икIри, Кавказ ИщхъэрэкIэ, Георгиевск иунэтIащ, итIанэ Пятигорьем кIуащ. Абы икIри, щIэныгъэлIым Кавказ Ищхъэрэ псом, ипщэкIэ къыщыщIэдзауэ ищхъэрэкIэ щыщIэкIыжу, зыщиплъыхьащ.
А гъуэгуанэм Паллас ди щIыуэпсыр зригъэлъэгъуа къудейтэкъым (псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэри къипщытащ, Мэшыкъуэ, Бештау бгыхэм я зэхэлъыкIэри зригъэщIащ), атIэ лъэпкъхэм я псэукIэми зыщигъэгъуэзат. Ар епсэлъащ къэбэрдейхэм, абазэхэм, осетинхэм, балъкъэрхэм, нэгъуэщI бгырысхэми.
Паллас лъэпкъ этнографиер хуабжьу фIэгъэщIэгъуэнт икIи адыгэхэм ятеухуа хъыбар куэд зэхуихьэсащ. Ди щIыналъэм и Iыхьэ мащIэм фIэкIа щымыIами, абы хузэфIэкIащ адыгэхэр, абыхэм япэгъунэгъу абазэ лъэпкъри яхэту, щIыпIэ зэрысым и теплъэр нэрылъагъу ищIыну.
ЩIэныгъэлIыр ящыщщ къухьэпIэ адыгэ лъэпкъхэм (шапсыгъхэмрэ натыхъуейхэмрэ) абазэхэр къызэрыхэкIар япэу къэзыгъэлъагъуэхэм.
Паллас и гъуэгуанэм кърикIуахэр къытрыригъэдзащ «1793, 1794 гъэхэм Урысей къэралыгъуэм и ипщэ лъэныкъуэхэм зэрыкIуам теухуа тхыгъэхэр» лэжьыгъэм. Япэ къыдэкIыгъуэр нэмыцэбзэкIэ Бытырбыху къыщыдэкIауэ щытащ (1799-1801 гъэхэм), етIуанэр - Лейпциг (1803 гъэм). 
А лэжьыгъэм Паллас псом хуэмыдэу Къэбэрдей Инымрэ ЦIыкIумрэ я Iуэхухэм щытепсэлъыхьащ. Ар кавказыджхэм ящымыщами, абы и къэхутэныгъэхэм адыгэхэм я щэнхабзэр куууэ къагъэлъэгъуат. Абы итхыжащ къэбэрдейхэр Урысейм мамыруи зауэ зэхущытыкIэхэри хуаIэу къызэрыгъуэгурыкIуари. 
Абы итхырт адыгэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ зэкIужу, Iэпкълъэпкъ дахэ яIэу зэрыщытар.
Апхуэдэуи жеIэр адыгэхэр мэкъумэшымрэ Iэщ гъэхъунымрэ елэжьу зэрыщытар. Нэхъыбэу хур, нартыхур хасэу, хадэхэкIхэм елэжьу, Iэщым щыщу бжэныр, мэлыр, жэмыр, шыр зэрахуэу, бжьэ куэду яIэу щытауэ етхыж. ГъущI пцIийр ягъэткIуу, гын ящIу, нэгъуэщIхэми хуэIэкIуэлъакIуэу адыгэр къызэрыгъуэгурыкIуар къыхегъэщ.
Паллас зэпкърыхауэ къиIуэтащ адыгэхэм я жылагъуэхэр, псэупIэхэр, щыгъынхэр, вакъэхэр, Iэщэхэр, нэгъуэщI хьэпшыпхэри зэращIу щытар. Апхуэдэуи гулъытэ хэха хуищIащ ди япэ итахэм анэдэлъхубзэм, дин гупсысэхэм, гъэсэныгъэм, къафэм, хабзэм, хьэщIагъэмрэ лъыщIэжымрэ хуэдэхэм хуаIа бгъэдыхьэкIэр.
Паллас къигъэлъэгъуат адыгэхэм диалект куэд зэраIэр. Псоми ямыщIэ щакIуэбзи адыгэхэм зэраIам ар тепсэлъыхьыжащ. 
Сыт хуэдиз ди лъэпкъым къытемытхыхьами, адыгэхэр (шэрджэсхэр) яфIэгъэщIэгъуэну икIи щапхъэу сыт щыгъуи ягъэлъагъуэу зэрыщытар а тхыгъэхэм иджы еджэхэм дерс пэлъытэ зэрахуэхъум шэч хэлъкъым. 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: