ДыщIэгушхуэ хъунухэр ди куэдщ

Тхыдэм и пэжыр зэблашу яхуэбдэ зэрымыхъунум тепсэлъыхьащ иджыблагъэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм щызэхуэса республикэм и щIэныгъэлIхэр, политологхэр, юристхэр. СтIол хъурей жыпхъэм иту екIуэкIа зэIущIэм хэкупсэу ущытыным и мыхьэнэр зэманым и нэщэнэхэм елъытауэ щытын зэрыхуейр къыщыхагъэщащ. 

 Урысейр 2036 гъэ пщIондэ зытетыну Къэрал политикэм и стратегиер и лъабжьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIэныгъэлIхэм, политологхэм, юристхэм, гъэзэщIакIуэ органхэм я лэжьакIуэхэм республикэм и Лъэпкъ музейм стIол хъурей щрагъэкIуэкIащ. Псалъэмакъым щхьэусыгъуэ хуэхъуащ УФ-м и Президентым 2024 гъэм накъыгъэм и 8-м къыдигъэкIауэ щыта «Къэралым щызекIуэ политикэм и тегъэщIапIэхэм» ятеухуа Унафэ №314-р. 
СтIол хъурейм хэтахэр тепсэлъыхьащ КъухьэпIэ къэралхэм Урысейм геополитикэ и лъэныкъуэкIэ къызэребгъэрыкIуэм зэрыпэщIэтыпхъэ Iэмалу тхыдэм и пэжыр хъумэн зэрыхуейм. 
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшрокъуэ Залым къыщыпсалъэм жиIащ блэкIа Iуэхугъуэхэр ехьэкI-нехьэкI хэмылъу къыщIэгъэщыжыныр нобэ ди къэралым и шынагъуэншагъэр хъумэным къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхар: 
 - Дэ IупщIыбзэу долъагъу тхыдэр нобэ ди къэралым къызэреныкъуэкъу Iэмал зэрыхъуар. Ди бийхэм тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу яIэр блэкIа зэманым къэхъуахэр пхэнжу къагъэлъэгъуэнырщ, езыхэм жаIэр цIыхубэм хуэмурэ я фIэщ ящIу, жылагъуэ гъащIэр къагъэутхъуэнырщ. Ауэ щыхъукIэ, УФ-м и политикэм унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу иIэщ лъэпкъыбэу зэхэт Урысейм и зэкъуэтыныгъэр хъумэныр, къэралым щыпсэухэр бзэкIэ, лъэпкъкIэ е динкIэ зэрызэщхьэщыкIыр абы и къарууэ къэлъытэныр. 
 Къуэшрокъуэм къыхигъэщащ зи гугъу ищI щытыкIэм и щыхьэту нобэ Украинэм щекIуэкI зэпэщIэтыныгъэр къапщтэ зэрыхъунур. Тхыдэр зэблашурэщ а щIыналъэм нацизмэр къызэрыщагъэщIэрэщIэжар, я щIалэгъуалэм я акъылыр зэрагъэутхъуар. Иужьрей илъэс 30-м Украинэм къыщыдэкIуэтеящ Урысейр бийуэ къэзылъытэ щIэблэ, ди къэралымрэ я хэкумрэ я зэхуакум дэлъ тхыдэ зэпыщIэныгъэхэр къабыл ямыщIыжу. 
 Къуэшрокъуэр къызэхуэсахэм къахуеджащ 1945 гъэм накъыгъэм и 10-м Сталин Иосиф цIыхубэм защыхуигъазэм утыку кърихьа тхылъымпIэм: «Илъэсищ ипэкIэ Гитлер жиIауэ щытащ Совет Союзыр зэпкъригъэхуу, абы Кавказыр, Украинэр, Белоруссиер, Прибалтикэр, нэгъуэщI щIыналъэхэр гуигъэхуну зэримурадар. «Урысейр зыкъимыIэтыжыфын хуэдэу хэдгъэкIуэдэжынщ», - жиIэрт абы». 
 «Зыми зихъуэжакъым, - къыхигъэщащ Къуэшрокъуэм. – Гитлер Кавказым щызэбгритыкIыу щыта листовкэхэм хуэдэ дыдэщ ноби нацизмэр къызэрыдэбгъэрыкIуэр. Абыхэм закъедгъэгъапцIэ хъунукъым. 
 СтIол хъурейм къыщыпсэлъахэщ республикэм и тхыдэджхэмрэ экспертхэмрэ: Тумэ Аскэр, Багъэтыр Алим, Тэтэр Азэмэт, Тен Тимур, нэгъуэщIхэри. 
 - Дэ ди Iэщэр – икIуэт димыIэу ди адэжьхэр зытетам дытетынращ, - пищащ псалъэмакъым ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. – Дэ тегъэщIапIэ пщIы хъуну блэкIа щыпкъэ диIэщ. Ди зэхуэдэ тхыдэм нэхъ хуабжьу, нэхъыбэрэ тепсэлъыхьын хуейуэ аращ. Пэжыр ди республикэм исхэми, къэрал щIыбым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми ялъэгъэIэсыпхъэщ. Пэжщ, Петр Езанэм деж щегъэжьауэ, уигу щIыхэщIын куэд къыщыхъуащ ди блэкIам. Ауэ дызэкъуэзыгъэувэр, зыуэ зыкъыщIэтлъытэжыпхъэ Iуэхугъуэхэри нэхъыбэжщ. 
 Сэхъурокъуэр тепсэлъыхьащ чыристан динымрэ ислъамымрэ я мыхьэнэм ди къэралым кIуэ пэтми зэрыщыхэхъуэм. «Феплъыт дэ къытпэщIэувахэм, - жиIащ тхьэмадэм. – Ахэр Тхьэр зи фIэщ мыхъуж гупщ, къарукIэ ди къэралыр иращIыкIыфын я гугъэу. АтIэ, абыхэм дапикIуэту, ди адэжьхэм я лъыр щIагъэжа лъабжьэр къредгъэщIыкIыну ара? Дэ нэгъуэщI Къэбэрдей-Балъкъэр диIэкъым, фэращ пщэдейрей махуэр мамыру щытынымкIэ дызыщыгугъыр». 
 Псалъэмакъыр и кIэм щынэсым, зи гугъу ящIахэр къызэщIикъуэжрэ пэт, Къуэшрокъуэ Залым тепсэлъыхьащ сыт щыгъуи цIыхубэм я акъылыр зэрагъэутхъуэ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэм - Кавказ зауэм:
 «Кавкзаз зауэм дыщытепсэлъыхькIэ, дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым къэралым гурэ псэкIэ къулыкъу хуэзыщIа ди адэжьхэри. Иужьрей илъэс 30-м дэ я гугъу тщIы зэпытщ Иорданием и пащтыхьыр зыхъумэ адыгэ щIалэхэм. Ауэ щыхъукIэ, урыс пащтыхьым и гвардием хэта адыгэхэр дигу къэдгъэкIыжыркъым. Сыт зэран къытхуэхъур абыхэм я лIыгъэмкIэ дыгушхуэну? 
 Урысеймрэ дэрэ ди зэхуэдэ тхыдэм лъабжьэшхуэ иIэщ. Зэгъусэу зы щIыналъэ зэфIэдгъэуващ дэ. Мы стIол хъуреймкIэ псалъэмакъыр дублауэ аращ, лэжьыгъэм адэкIи къыпытщэнущ. Ауэ зыщыдвмыгъэгъупщэ ди лъэпкъхэр зэзыпх къуэпсхэр нэхъ быдэху, тхыдэми къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр нэхъ тегушхуауэ зэричынур». 

ЧЭРИМ Марианнхэ.
Поделиться: