Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа, илъэс 17 и пэкIэ дунейм ехыжа Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) Куржым и ТхакIуэхэм я союзым и урыс къудамэм и унафэщIу щытащ. Абы и къалэмыр хуэлажьэрт зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхухэм я гъащIэр, я дуней еплъыкIэр къэгъэлъэгъуэным. Публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэритхыжымкIэ, Аджыкъур тетхыхьащ адыги, куржыи, урыси, румыни, мэжэри...
Аджыкъум и тхылъхэм ди дежи нэгъуэщI къэралхэми дунейм къыщытехьахэм цIыхухэр дахьэхыу йоджэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Польшэмрэ Венгриемрэ къыщыдэкIащ абы и роман «ЯмыцIыху» жыхуиIэр, Хэку зауэшхуэм теухуар. Полякхэм, инджылызхэм, испанхэм, чеххэм я бзэхэмкIэ зэрадзэкIащ тхакIуэм и рассказ нэхъыфIхэр.
Революционер цIэрыIуэ Кецховели Ладо и гъащIэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ теухуащ Лохвицкэм и «Метехи фоч щыуащ» романыр (I973 гъэ). Щыхухэр куэду къызэрыщIэупщIэм къыхэкIыу зыбжанэрэ къыдагъэкIащ адыгэ тхыдэм теухуауэ Аджыкъум итха повестыр - «Уафэгъуагъуэ макъыр». Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и университету Лумумбэ Патрис и цIэр зезыхьэр къэзыуха, Сирием щыщ адыгэ бзылъхугъэ Дэбжэн Динэ ар хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIри Дамаск къыщыдигъэкIащ. «Аль-Баас» газетым абы теухуа тхыгъэхэр тIэуней тридзащ. ТхакIуэ цIэрыIуэ икIи критик аль-Мысри Маруан итхырт: «Адыгэ тхыдэм тепсэлъыхь тхыгъэ хьэрыпыбзэкIэ къызэрыдэкIар IуэхугъуэфIу зэрыщытыр къэзгъэлъагъуэкIэрэ, сэ жысIэну сыхуейщ ар псэм лъэIэсу, пэжыгъэшхуэ хэлъу, Iэзэу тха зэрыхъуар».
Иджы дыкъытеувыIэнщ Аджыкъу Джэрий и повестыр зытеухуам, абы и мыхьэнэм. ТхакIуэм и макъ егъэIу лIэщIыгъуэ блэкIам къэхъуа гуауэм – Урыс-Кавказ зауэм, истамбылакIуэм я джэрпэджэжу, абы дерс къыхэхын зэрыхуейр къыдиIуэтылIэу. Лъэпкъым и блэкIам ухуэдэгуу икIи ухуэнэфу ущыт зэрымыхъунур къыдгурегъаIуэ. Абы щыгъуэми егъэлъапIэ цIыхугъэ нэсыр, сыт хуэдэ лъэхъэнэми лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхухэр зэпэгъунэгъу зыщI акъыл нэхур, захуагъэм и телъхьэ хъуну псэр къэзыгъэушыр.
«Псэр щэи напэ къэщэху» жыхуиIэ псалъэжьыр повестым псалъащхьэ хуэпщI хъунущ, сыту жыпIэмэ, аращ тхылъри зытеухуэжар: лъэпкъ псом зигъэкIуэдащ и напэр имыщэн, бийм лъэгущIэтын зримыгъэщIын папщIэ; цIыху минхэм загъэлIащ, я адэжь лъахэр ямыбгынэн, зыщалъхуа щIыналъэм емыпцIыжын щхьэкIэ...
Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм апхуэдэу щIышхуэ яIыгътэкъым, яхуземыхьэжын хуэдэу. Ар къыдогъанэри, ерагъкIэ ярикъуу арат псэемыблэжу телэжьыхьурэ абы ирипсэун папщIэ. ИкIи телэжьыхьхэрт я гуащIи я пщIэнтIэпси емыблэжу. Я щIыналъэри къэщIэрэщIащ, берычэтыр и тыгъэу, хъугъуэфIыгъуэр и бащэу. Абы къигъэнэпсеяуэ арат урыс пащтыхьыр. Ар, дауи, щыгъуазэтэкъым бгылъэ щIыпIэхэр «дуней жэнэт» пщIыныр къызэрыгуэкI Iуэхуу зэрыщымытым. Абы занщIэу гу лъитащ пащтыхьыжьым зэуэну Кавказым къигъэкIуа къызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэ Кожевниковым. Абы адыгэхэр зыхуэдэр къызэрыгурыIуэр офицер Кайсаров Яков мыпхуэдэу иреIуэтылIэ: «Зи щхьэр лажьэ лъэпкъщ. Джабэ нэкIухэр, псым имылъэсын хуэдэу къат-къатурэ къызэрагъэбатэр уэзгъэлъэгъуащэрэт. Мывэшхуэхэр зэхуахьэс, ищIагъымкIэ кърахьэхыурэ, зэтралъхьэ, псыIущIэ ящI, итIанэ псы ежэхым щыщ къаутIыпщри - пшахъуэ, мывэкIэщхъ сыт жыпIэми, хуегъэзыхыгъуэ щыхъухэм щызэтралъхьэ. ЩIыпIэр зэтес мэхъуж. ИужькIэ тафэм щIыгулъ фIыцIэ кърашри абы тракIутэж, сэнми щIадзэ».
А щIыкIэм тету щIыр къэзыгъэбатэ адыгэ мэкъумэшыщIэмрэ адыгэхэм ягухьа урыс офицер Кайсаровымрэ «Уафэгъуагъуэ макъым» мыпхуэдэу щызопсалъэ. Кайсаро¬вым къеIуатэ Бытырбыху къатищу зэтет унэхэр зэрыщыIэр. Абы и щхьэусыгъуэр щIыр къазэремэщIэкIырауэ къызыщыхъуа адыгэм къызэрыгуэкIыу жеIэ: «НтIэ, щIыр уи мащIэмэ, нэгъуэщI Iэмали къыпхуэгупсысынукъым».
МэкъумэшыщIэм дэнэ щищIэнт апхуэдэу зыжриIэм губгъуэ хуитышхуэхэр зи бащэ Урысей уэхыр и лъахэу. Ар зэрегупсысымкIэ, пащтыхьыр, щIы и куэду щытамэ, адыгэхэм яйм еIусэнутэкъым...
ХьэкIэкхъуэкIагъэщ зы щIы кIапэ щхьэкIэ лъэпкъ гуэрым илъ бгъэжэныр. Пащтыхьыдзэм лей зэрызэрихьэр, гущIэгъу зэримыIэр хьэкъыу зи фIэщ хъуа офицерыр - ар и псэм хутемыгъахуэу - адыгэ¬хэм ягуохьэ.
И лъэпкъми, и къэралми, и динми епцIыжыныр сыт къызыхэкIар? Хеймрэ мысэмрэ зэхигъэкIыфу зэрыщытырщ. Пэжщ, а псори занщIэу абы и акъыл нэсакъым, езыми хеилъкIэ зиуцIэпIыжа нэужьщ къыщыгурыIуар. Кайсаровым и напэм къыхуегъэзэгъыркъым дяпэкIи ап¬хуэдэу псэуну - щхьэщIэгупсыс, хъыжьпIыжь мэхъу. Ар егъэгулэз, и псэр хьэзаб хигъэтщ напэм емызэгъ илэжьыну ехулIа зэрыхъум. Елъагъу, егъэунэху къызыхэкIа лъэпкъым икIагъэ зэрищIэр, езыри абы и джатэзехьэу щыщыткIэ, цIыхугъэншагъэ хэмылъу зауэм зэрыхэмытыфынур. Ар къыщыгурыIуэкIэ, нэгъуэщI хэкIыпIэ имыгъуэту, зиукIыжыну хуожьэ, а игу ирилъхьари ищIэну къыщIэкIынт, ауэ адыгэхэм я лъэныкъуэ мэхъури, и мурадыр зэрехъуэкIыж.
Повестыр нэхъыбэу зытеухуар Кайсаровым и щхьэм кърикIуа насыпыншагъэрщ. Ауэ абы и закъуэкъым а зауэ гущIэгъуншэм насыпыншэ ищIар. Лейзехьэхэм гущыкI яхуищIри, и щхьэр здихьын имыщIэу къыщынэм, Iуэху мыщхьэмыпэ илэжьащ офицер Попов-Азотовым.
Къэзыухъуреихь дунейр зэрызэIыхьар, ар цIапIагъэ зэфэзэщу зэрызэхэлъыр зэрыхуэмышэчамкIэ нэрылъагъу мэхъу ар зи цIыху лIэужьыгъуэу щытар. Попов-Азотовым гъащIэр Iумпэм ищIащ зытет дунейм зэрыхуэмыарэзыр абыкIэ къигъэлъагъуэу. ЩылIэм щыгъуи мыращ къыжьэдэкIа псалъэхэр: «ЦIапIагъэщ... Псори цIапIагьэщ».
Кайсаровым а псори нэхъ иужьыIуэкIэщ къыщыгурыIуэжар, езыри лей зезыхьэхэм зэращыщыр, зауэ емынэм и зэриIэщэзехьэр къыщищIэжар.
Ар и зэхэщIыкIым нэзыгъэса Iуэхугъуэт Попов-Азотовым и кIуэдыкIари, лажьэ зимыIэ адыгэхэр зэрызэтраукIэри. Зэгуэрым дунейр зыфIэIэфIу щыта адыгэ лъэпкъым бгы зытеуа цIыхуу и псэр хэкIырт, ар дунейм текIуэдыкIыжырт. ИкIи ар зи Iэужь залымхэм адыгэр зэрыкIуэдыжыр бэрэбэнауэ макърэ гуфIэгъуэ маршкIэ ягъэлъапIэрт.
Кайсаровым зэрыжиIэжымкIэ, адыгэлъыр щысхьыншэу зыгъэжа пащтыхь къуэшым зауэр зэриухам и щIыхькIэ къызэIуихат хасэшхуэ. «Зэ еплъыгъуэкIэ псори бэлыхьу къызэрагъэпэщауэ гуфIэгъуэт, уеплъыжыпамэ - ар зауэр зэриухам темыухуауэ, шапсыгъхэмрэ убыххэмрэ зэрыкIуэдыжым и хьэдагъэт».
«Уафэгъуагъуэ макъым» къыщыгъэлъэгъуащ цIыху куэд ажалым зэрызэщIикъуэр. Ауэ гур зыгъэузыр, цIыху щхьэхуэ мыхъуу, лъэпкъ псом и кIуэдыжыкIар ди нэгу къызэрыщIигъэхьэрщ.
...Адыгэхэр я хэкум ираху. Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказым щыпсэуа лъэпкъым хуагъэуващ Тыркум Iэпхъуэну, е хухаха щIыпIэхэм гуп цIыкIуурэ зэкIэщIэкIауэ хэщIапIэ щащIыну. Абы къикIырат: лъэпкъыр мэкIуэд, ауэ языныкъуэ адыгэхэр яхъумэнущ зыкIи зыхуэмеиж, зыми имыщIысыж хьэпшып гуэру, музейхэм щагъэлъагъуэм хуэдэу.
Адыгэхэм арат я натIэ хъунур, къагъэжыIэщIамэ. Аращ ахэр щIемыдэIуар «Фагъэлъагъу щIыпIэхэм фыIэпхъуэ, ар фымыдэрэ, Тыркум фикIыж», - жиIэу урыс пащтыхьым ищIа унафэм. Тыркум икIыжкIи я сэбэп хэлътэкъым, абы щыгъуэт лъапси лъахи ямыIэжу псори щафIэкIуэдыр. Ар адыгэхэм фIы дыдэу къагурыIуэрт, ар къыгурыIуэрт «урыс пащтыхь пэтIинэми».
Гъэр ящIа аслъэн шырым хуэдэу хъарым зраубыдэж е Тыркум Iэпхъуэу щэлъахъэкIэ залъэхъэж нэхърэ фIыуэ ялъагъу я лъахэм зыщагъэлIэжыныр шапсыгъхэм нэхъ къащтащ. АдэкIи адыгэхэм я къекIуэкIыкIам къегъэлъагъуэ ахэр зищIысу щытар, лIыгъэшхуэ зэрахэлъар. «ЛIэнми лIыгьэ хэлъщ» щIыжаIэжар езыхэрами ярейуэ, я псэр щатми мыкIуэдыжын щIыхькIэ я пщIэр яIэтыфащ. Хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэм и нурыр къащхьэщытащ. Мырат абы теухуауэ а зэманым Маркс Карл итхар: «Адыгэхэм аргуэру урысыдзэр хагъэщIащ... Дунейм тет лъэпкъхэ! Абыхэм щапхъэ ятефх, мис апхуэдиз хузэфIокI щхьэхуитыныгъэм нэсу щIэбэн лъэпкъым!»
Хэкум и щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу, лIыгъэ хэлъу зи псэр зыта цIыхум и пщIэр инщ. Мыбдежым зы лIыхъужькъым хахуэу къыщIэкIар - лъэпкъ псом и псэр итащ зэи зыми и щхьэр зэрыхуимыгъэщхъынур игъэнаIуэу, зыщалъхуа щIыналъэр нэгъуэщIкIэ зэримыхъуэжынур игъэлъагъуэу. Ар, зэрыхъуа щIыкIэр тхылъым мыпхуэдэу ди нэгу щIегъэкI: «Мэз лъапэм пIэ яуфэбгъуауэ хьэдэ гурышэу зэхэлът адыгэ фащэ зыщыгъ цIыхухъухэр, цIыхубзхэр. Ахэр щылът зырызу, тIурытIу, нэхъ зэпэгъунэгъуи, зэпэIэщIи яхэту, хэт гууэщIу, хэт хьэмбыIуу, хэти джабэм телъу. Хэти и Iэ-и лъэр зэкIэщIэдзауэ, хэти зызэфIигъэщхъауэ… Апхуэдиз хьэдэ сэ си гъащIэм слъэгъуатэкъым». Дыгъэм я гупэр хуэгъэзауэ, къэмыхашэу, уардэу дунейм йохыж адыгэхэр. А теплъэгъуэм уегъэмэхъашэ икIи апхуэдэ гушхуэныгъэ зыхэлъа лъэпкъ щхьэхуитым и щхьэм кърикIуар гущIыхьэ къыпщохъу.
Лохвицкэм ди нэгу щIегъэкI пщылIыпIэм нэхърэ ажалыр нэхъ къэзыщтахэм я гъащIэр зэрат щIыкIэр: абыхэм кIий-гуо, гъы-бжэ къахэкIакъым - къыхэщтыкI яхэмыту, зэрахьащ я лIыхъужьыгъэр. Зэман бзаджэм и нэлатым къыхуэмыгъэша лъэпкъым гъащIэшхуэ, гъащIэ насыпыфIэ хуэфащэт.