Сабийхэм къахуэщхьэпэн защIэщ

Адыгэ тхакIуэхэм яхэту къыщIэкIынкъым зэгуэр зэ сабийхэм тхыгъэ щхьэхуэ яхухэзымыха. Нэхъ мащIэщ я творчествэр зэрыщыту а литературэ лIэужьыгъуэм тезыухуахэр. Мис а нэхъ мащIэхэм ящыщщ КIуантIэ Iэзид, зи творчествэр къэбэрдей-шэрджэс сабий литературэм и хэлъхьэныгъэ нэхъ инхэм ящыщ хъуар. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ рассказ сборник зыбжанэ, сабий ныбжь зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIаубыдэу: «Лъэмыж» (1968), «Фэеплъ» (1970), «Гуэл Iуфэм» (1972), «Уэ ухэт» (1074), «Лыгъей нэз» (1976), «Къахьэхуащ» (1979), «Ерыщ» (1981), «Iэминат» (1986). 
КIуантIэм и тхыгъэхэм нэхъ къыхэгъэбелджылыкIауэ къыщытоувыIэ сабийхэм я гупсысэм, зэхэщIыкIым игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм. Апхуэдэщ «IункIыбзэр IупкIащ» рассказыр. Зэ еплъыгъуэкIэ ар епхакъым Ланэ хъыджэбз цIыкIум и унагъуэм, ар абы зы псалъэухакIэ нэIуасэ тхуещI: и адэр унагъуэм хэкIащ. КъызэрыпщыхъумкIэ, ар епхакъым Ланэ музыкэм зэрыдихьэхми: хъыджэбз цIыкIур пианисткэ хъуну хуейщ. Ауэ илъэскIэ фIэкIа щемыджауэ, абы музыкальнэ еджапIэр къигъэнэн хуей мэхъу. Ныбжь зиIэ тхылъеджэм къыгуроIуэ ар унагъуэм иIэ псэукIэм зэрызихъуэжам къызэрыхэкIар. Ауэ, дауэ мыхъуми, хъыджэбз цIыкIум и насып къокI – ар хуозэ Алихъан, ари музыкэм дехьэх. Ланэ и унагъуэм и Iуэху зыIутыр къыщищIэм, ар иужь йохьэ музыкэм езым и унэм щыхуригъэджэну. 
Алихъан и анэ ЖанIэфI япэщIыкIэ абы гуапэу къыIущIащ, ауэ иужьым пианинэм IункIыбзэ ириту хуежьащ. ИкIэм-икIэжым абы Ланэ бжэр къыхуIуихыжыркъым. Мис апхуэдэу балигъхэм я щхьэхуещагъэм, гулъытэншагъэм сабийм и гъащIэм гуныкъуэгъуэшхуэ къыхалъхьэ. ТхакIуэм а Iуэху мыщхьэмыпэр къигъэлъэгъуэн шынэркъым, абы дэтхэнэ сабийри ирихьэлIэнкIэ мэхъу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, тхакIуэм тхылъеджэр ирегъэгупсыс: сыт хуэдэ гъащIэ къыпэщылъ адэкIэ хъыджэбз цIыкIум? Нэхъыбэу ар зэлъытауэ къигъэлъагъуэри и хьэл-щэнырщ, хэлъ быдагъэрщ. Ауэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи сэтей къохъу: абы и гъащIэр куэдкIэ елъытауэ щытынущ къэзыухъуреихь цIыхухэм, абыхэм яхэлъ цIыхугъэм. 
Адэхэмрэ бынхэмрэ яку къыдэхъуэ зэхущытыкIэ мытыншым теухуащ «ЖыIэмыдаIуэ» рассказыр. Данэ, рассказым и лIыхъужь нэхъыщхьэр, фIыуэ йоджэ, абы къыхэкIыуи «Артек» лагерым ягъакIуэ. Нафисэ, Данэ и анэр, и пхъум и зэфIэкIхэм щогуфIыкI. Ин щыхъум, Данэ жылагъуэ Iуэхухэм дахьэх, ауэ анэм ар игу ирихьыркъым. Куэд дэмыкIыу хъыджэбзыр заводым мэув, анэм ар игу щIохьэ. Ауэ анэм и пэщIэувэныгъэри абы зэран къыхуэхъуркъым – ар цехым щIалэгъуалэ гупым и унафэщIу хах. 
ГъащIэм Iуэху еплъыкIэ зэтемыхуэ зэрыхуаIэм къегъэщI анэмрэ пхъумрэ яку къыдэхъуэ зэгурымыIуэныгъэр. Хъыджэбзым ар щхьэусыгъуэ хуохъу анэр къигъанэу завод общежитым щыпсэуну кIуэным. Унагъуэм ис псори - адэри, и дэлъху Мустэфаи, анэри яужь къихьа иужь, Данэ унэм къегъэзэж, ауэ пхъумрэ анэмрэ япэрей зэхущытыкIэр яку дэлъыжкъым…
Адэ-анэхэмрэ бынхэмрэ я зэхущытыкIэм тхакIуэм дыкIэлъигъэплъурэ ныбжьыщIэм къыхихыну гъуэгур къыдгурегъаIуэ. Апхуэдэу гулъытэ, шыIэныгъэ яхэлъу унагъуэм исхэр зэхущытын зэрыхуейр, сабийр нэхъ дэзыхьэхыр, фIэгъэщIэгъуэнхэр къэлъытапхъэу зэрыщытым дыхуеущий. 
Балигъхэмрэ сабийхэмрэ я зэхущытыкIэрщ къыщыIэтар «Адэ шыпхъу» рассказми. Мышэ щIалэ цIыкIур и адэ шыпхъум къыхуагъанэри, адэ-анэр зыгъэпсэхуакIуэ макIуэ. Абы щIалэ цIыкIур зэмыса, лэжьыгъэми зыгъэпсэхугъуэми хухэха зэман ткIийм ирегъэувэ. ТхакIуэм мыбы къыщеIэт сабийм и гум щыщIэхэр, абыхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр. НыбжьыщIэхэм балигъхэм хуэдэу, лъэпощхьэпо куэд гъащIэм къащыпоув, ауэ абыхэм ар нэхъ къатохьэлъэ. 
«ХьэщIэм» рассказыр теухуащ цIыху зэхущытыкIэхэм, лъэпкъ зырыз къыхэкIа щIалэ цIыкIухэр ныбжьэгъу зэрызэхуэхъум. Ауэ абыхэм яку дэлъ пэжыгъэмрэ къабзагъэмрэ уи фIэщ ящI я зэхущытыкIэр дахэу зэрыщытынур. 
«Джульеттэ щIалэ къыхех» рассказым хэт Хьэсэнбий зыщыгугъар къызэремыхъулIам егъэнэщхъей. ТхакIуэм къыгуроIуэ и лIыхъужь нэхъыщхьэм и гум щыщIэр, ауэ итIани къыбгурегъаIуэ щIалэ зызыгъэгусэр зэрыемыкIур, зэрыдыхьэшхэныр, къыщыщI псори езым зэрилэжьэжыр. 
ЩIалэгъуалэм я зэхущытыкIэхэр балигъхэм я Iуэхум нэхърэ нэхъ гугъущ. Ауэ, балигъхэм я дунейми ещхьу, абы щынэхъыщхьэр ныбжьэгъугъэрщ, цIыхугъэрщ, зыр зым дэIэпыкъун, пэжкIэ зэбгъэдэтыныр аращ. 
КIуантIэ Iэзид и сабий рассказхэм увыпIэшхуэ щаубыд ныбжьыщIэхэм я IэпкълъэпкъкIи псэкIи зэрызаужьым – езы сабийхэм я зэхэтыкIэми, ахэр щыпсэу жылагъуэм хуаIэ щытыкIэми. НыбжьыщIэхэр балигъ хъуныр пхокI еджэныгъэм, лэжьыгъэм, езыхэм я хьэл-щэным хэлъ мыхъумыщIагъэхэр зыхэнэным, нэгъуэщIхэми. Языныкъуэхэм деж тхакIуэм сюжет зэхуэдитI къегъэсэбэп еджакIуэ ныбжьыщIэм гупсысэ нэхъыщхьэр нэгъэсауэ иригъэлъагъун папщIэ. 
«Насып» рассказым дыщрохьэлIэ еханэ классым щеджэ Зуритэ. Ар къалэм къикIащ, ауэ къызыхэтIысхьа классыр абы гуапэу IущIакъым. Къыбгъэдэс хъыджэбз цIыкIур зэпымыууэ зэран къыхуохъу, егъэбампIэ. Езым и бэшэчагъым, и хьэл дахэм и фIыгъэкIэ, хъыджэбз цIыкIум ныбжьэгъу егъуэт, и классэгъухэри нэгъуэщIу абы хущыту щIадзэ. 

 

Дарий Дахэнур.
Поделиться:

Читать также:

13.08.2026 - 10:51 Адэм и гущыщIэ
12.08.2026 - 16:36 УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
03.08.2026 - 19:28 Уэрэд