Зэхьэзэхуэм щIедзэКъэбэрдей-Балъкъэрым щызэхаублэнущ «ЦIыхубэ участковэ-2026» урысейпсо зэпеуэр.
Ар хуэгъэпсащ полицэм и лэжьакIуэхэм дзыхь хуащIыным, полицэм и участковэ уполномоченнэхэм я къалэнхэр зыхуэдэмрэ зэфIагъэкIхэмрэ жылагъуэм ягурыгъэIуэным.
Зэхьэзэхуэр Iыхьищу гуэшащи, япэмрэ етIуанэмрэ районхэмрэ щIыналъэмрэ щызэхэтынущ.
Япэ Iыхьэм щытекIуэхэр наIуэ хъунущ онлайн-IэIэтым кърикIуахэмкIэ. Гупыж зиIэ дэтхэнэми къыхихыфынущ полицэм и участковэ уполномоченнэ цIэр зыхуэфащэу къилъытэр, абы Iэ хуиIэту.
«ЦIыхубэ участковэ» цIэм щIэбэнхэм я лэжьэкIэм щыгъуазэ защIыфын папщIэ КъБР-м щыIэ МВД-м и сайтым иралъхьэнущ зэпеуэм и япэ Iыхьэм хэт, полицэм и участковэ уполномоченнэхэм ятеухуа хъыбарыр.
Зэпеуэм и япэ Iыхьэм и онлайн-IэIэтыр мы гъэм шыщхьэуIум и 11 - 20-хэм екIуэкIынущ. Абы щытекIуахэр наIуэ хъунущ республикэм щыIэ МВД-м и официальнэ сайтым.
Полицэм и участковэ уполномоченнэхэу япэ Iыхьэм щытекIуахэр сайтым къралъхьэнущ фокIадэм и 7 пщIондэ етIуанэ Iыхьэм бжьыпэр щызыубыдыну зыхуэфащэр къыхахын папщIэ. КIэух Онлайн-IэIэтыр 2026 гъэм фокIадэм и 7 - 16-хэм екIуэкIынущ.
Зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэтынущ ипэкIэ екIуэкIахэм щытекIуахэм ящыщу дэтхэнэ щIыналъэми къыбгъэдэкI зы участковэ.
Поделиться:
Читать также:
15.08.2026 - 11:18 →
ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ IэмалыщIэхэм
15.08.2026 - 10:42 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
15.08.2026 - 10:01 →
ЦIыху минхэм я IутIыжыгъуэт
14.08.2026 - 18:00 →
Бахъсэн щIыналъэм щыхъыбархэр
14.08.2026 - 17:25 →
Лъытэныгъэ ин зыгъуэта гуащIэдэкI
| ||




