МащIэ пэтми, беягъэщЩIыпIэдэлъху лъэпкъхэм - щалъхуа щIыналъэм щыпсэужхэм - я махуэр гъэлъэпIэнымкIэ унафэр 1994 гъэм и дыгъэгъазэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм къыщащтат.
Зи гугъу тщIыхэм заужьынымкIэ, я хуитыныгъэхэм зегъэубгъунымкIэ Iэмалрэ хэкIыпIэу щыIэхэм лъыхъуэн щыщIадзар лIэщIыгъуэ блэкIам и етIуанэ Iыхьэрщ. Ар кърикIуащ а лэжьыгъэм и мыхьэнэр зэрыиным, къэрал унафэр зи IэмыщIэ илъхэм лъэпкъ цIыкIухэм хуащI гулъытэм хагъэхъуэн зэрыхуейм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм щытепсэлъыхьа иужькIэ.
ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, лъэпкъхэм ящыщу нэхъ цIыкIухэм гулъытэ щIагъуэ щыхуамыщIрэ къазэрыфIэIуэхуи щымыIэу щыщыта лъэхъэни щыIащ. Зи бжыгъэкIэ нэхъыбэхэм зэрызаужьа и лъэныкъуэкIэ яужь къинауэ къалъытэрти, апхуэдэхэм къахэкIахэр политикэ Iуэхухэми ирамыгъэкIуэлIащэу, я хуитыныгъэкIи нэхъ дакъузэу ирагъэкIуэкIащ. Ди жагъуэ-ди щIасэми, апхуэдэ еплъыкIэ-бгъэдыхьэкIэм ди планетэм тет къэралхэм ящыщ куэдыр (Урысейри яхэту), щыщIагъэбыдэжа фIэкIа умыщIэну, щызэдэувэлIат, уеблэмэ юридическэ къару зиIэ унафэхэр къыщащтэкIи хабзэщIэхэр щаубзыхукIи.
БлэкIа мыжыжьэм дригъуэзэнщи, 1982 гъэм ООН-м Экономикэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ и IэнатIэм деж гуп щхьэхуэ щызэрагъэуIуат, щIыпIэдэлъху лъэпкъхэм ящыщу зи бжыгъэкIэ нэхъ мащIэхэм я Iуэхухэм щыхэплъэжрэ абыхэм дэкъузэныгъэ емыгъэгъуэтыным телажьэу. КъинэмыщIауэ, 1985 гъэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм фонд щхьэхуэ хухихат, лъэпкъ цIыкIухэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зыпащIэн, зыхуей-зыхуэфIхэм ехьэлIауэ я Iуэху зыIутыр зэгъэщIэн, хуей хъуми защIигъэкъуэфын хуэдэу.
АтIэми, ди жагъуэ-ди щIасэми, Iуэхум зэрыбгъэдыхьэм зэрызихъуэжа щымыIэу, ди нобэми щIыпIэдэлъху лъэпкъхэр я бзэ зэрахъумэжын, я щэнхабзэм зэрызрагъэужьын и лъэныкъуэкIэ гугъуехь Iэджэми щыIуоуэ. Хэгъэгу куэдым властыр щызыIыгъхэр зэрелIалIэ щыIэкъым лъэпкъ нэхъ цIыкIухэр зэрырагъэфIэкIуэным, я лIыкIуэхэр политикэ Iуэхухэм зэрыхашэным.
Мы лъэхъэнэм дызытепсэлъыхь лъэпкъхэм хуэдэхэр къэрал 90-м нэблагъэм щопсэу, бзэ зэтемыхуэхэм иропсалъэ, я хабзэкIи щэнхабзэкIи зэщхьэщокI, псори зэхэту я бжыгъэр мелуан 380-м нызэрохьэс. Ди планетэм проценти 5 фIэкIа щымыхъуми, нэхъ хуэмыщIарэ тхьэмыщкIэу щытебгъуатэм я процент 15-р ахэращ.
Урысей Федерацэм ис лъэпкъ цIыкIухэм, зэрытщIэщи, дащрохьэлIэ Кавказ Ищхъэрэми, Сыбырми, КъуэкIыпIэ Жыжьэми, нэхъ жыжьэжу щыIэ щIыналъэхэми.
Этнографхэм зэрагъэувымкIэ, зи бжыгъэкIэ нэхъ къыкIэрыхухэм я псэукIэ-щыIэкIэр, хабзэ-бзыпхъэу зэрахьэр, дуней еплъыкIэу къагъэлъагъуэр адрей нэхъ инхэм ейм зэрытемыхуэрщ ахэр хуабжьу нэхъ щIэщыгъуэ тщызыщIри, ди планетэм и къулеягъэ нэхъ ин дыдэхэм щIыхалъытэри.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 13:30 →
ХьэкIэкхъуэкIэхэм - гулъытэ
11.09.2026 - 12:10 →
НОБЭ
10.09.2026 - 09:30 →
НОБЭ
09.09.2026 - 12:51 →
ГъащIэм и пэжыр къэгъэлъэгъуэныр зи пщэрылъхэр
09.09.2026 - 12:28 →
НОБЭ
| ||




