«УЭРЩ СИ ДАМЭР»

«ТхакIуэ, усакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и къалэмыпэм рассказ, повесть, гушыIэ куэд зэIэпытхыу, тфIэгъэщIэгъуэну деджэу къыщIэкIащ. Хэт зымыщIэжыр «ХьэмлатIиф, къэгъэзэж», «Блыщхьэ пщIондэ дыпсэуатэмэ», «Фыщымысхь гъунэгъум» и гушыIэ рассказхэр?! Ещхьыркъабзэу, узэIэпашэу, зэ уеджакIэ уи псэм зимыгъэнщIу усэ дапщэ итха?! Дауи, ахэр композиторхэм гулъытэншэ ящIакъым. Абыхэм ящыщ куэд уэрэд хъуауэ ди дыщэ фондым хэлъщ, - щыжеIэ «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыным КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ. - Нобэ зи гугъу тщIы «Уэрщ си дамэр» уэрэдым и къежьапIэр къэслъыхъуэну сыщежьам, япэу захуэзгъэзащ ШэджыхьэщIэр псэуху ныбжьэгъу пэжу бгъэдэта, Къэбэрдей- Балъкъэрым и Журналистхэм я союзым и унафэщI Мэзыхьэ Борисрэ Хьэмыщэ и къуэшым и къуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист ШэджыхьэщIэ Аслъэнбийрэ. ТIуми зыжьэу жаIащ: «Хьэмыщэрэ абы и щхьэгъусэ Тамарэрэ я зэхуаку дэлъа пщIэм, хуабагъэм, дахагъэм дэ фIыуэ дыщыгъуазэщ. Гухэлъ уэрэду итхар псори зыхуэгъэзар Тамарэщ». 
 Уэрэдым макъамэ хуэзытхар Щомахуэ Хьэсэнбийщ».

***
Къыдоушыр нэхущ бзум махуэщIэр,
Дыгъэ бзийхэр щIылъэм къытопсэж.
Уэ а псор уи фIыщIэуэ къысфIэщIу,
Псэм и хъуахуэ, уэ сыныпIуоплъэж.

Сэ, уэрыншэм, сыдамэншэ къабзэщ,
Уэрщ си гъащIэ дамэр, фIыуэ слъагъу,
Сыхьи лъагъуныгъэм и уэгу къабзэм
И дахагъэ псори сыгъэлъагъу.

Сэ къысфIощIыр пхуэсщI гулъытэр мащIэу,
КъыпхуэзгъэщIми гъащIэ махуэ къэс.
Лъагъуныгъэр, лъагъуныгъэр гуащIэщ,
Уэ абы щысхьыншэу сумыгъэс.

Пшагъуэ щIыIэр си гум къытрехуэ,
Си гугъапIэр нэгум ущIэкIам.
Узигъусэм, дыгъэ нурщ си махуэр,
Си гур щтынт, уэ мафIэу уимылъам.

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: