Пщэдджыжьым къалэр къыщыуш къудейм щегъэжьауэ пщыхьэщхьэм уэрамхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ къызэрызэщIэлыдэм щыщIэкIыжу ди нэгу щIегъэкI иджыблагъэ Налшык щагъэлъэгъуа «Влюбиться за один день: Нальчик» документальнэ фильмым.
Уэрамхэр зэрызэлъыIуахым, шей ефапIэхэм я бжэхэр къызэрызэIуахым, жыг хадэм къызэрыщажыхьым дыхэплъэурэ хуэмурэ къалэр къоуш, адэкIэ махуэ лэжьыгъэм щIедзэри, ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIым, санаторэхэм зэрызыщагъэпсэхум дыхоплъэ.
Фильмым щызэпыщIащ къалащхьэм иджырей мардэхэм тету зэрызиужьымрэ мыбдеж фэеплъ унэхэр зэрыщахъумэмрэ. ЩIыналъэм теухуа фильм щытрахкIэ, нэхъыбэрэ абы и щIыуэпсымрэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэщ къагъэлъагъуэ хабзэр. Ауэ зи гугъу тщIы лэжьыгъэм и къулеягъэр бгыхэракъым е зыгъэпсэхуакIуэхэм я кIуапIэхэракъым. Абы и лIыхъужь нэхъыщхьэр езы налшыкдэсхэрщ. ДыкIэлъоплъ абыхэм я гъащIэм зэрызихъуэжым. Псалъэм папщIэ, абы къыхощ кофе ефапIэмрэ винтаж тыкуэнымрэ я унафэщIхэм ящыщ Эшиевэ Маликэ. Ар топсэлъыхь щIыпIэ бизнесым зэрызиужьым, къалэм и Iуэху нэхъ цIыкIухэми хьэщIэхэр къызэрыдахьэхыфым. ШхапIэ зыгъэлажьэ Моллаев Алим къыбгурегъаIуэ я IуэхущIапIэр цIэрыIуэ щIэхъуар, илъэс 30 лъандэрэ а фIагъыр зэрахъумэфыр.
Налшык и зыгъэпсэхупIэхэм зэрызаужьым теухуа еплъыкIэхэмкIэ къыддогуашэ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр, Налшык администрацэм и Iэтащхьэу щыта Ахъуэхъу Таймураз сымэ. Фильмым къыщыгъэлъэгъуащ Налшык щыпсэу, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зиIэ куэд: сурэтыщIхэр, рестораторхэр, хьэрычэтыщIэхэр. Дэтхэнэри Налшык гурэ псэкIэ зэрыпыщIам гу лъыботэ, я Iуэхухэм, дэзыхьэххэм, къалэр езыхэм къазэрыщыхъум щытепсэлъыхькIэ.
Фильмым и лIыхъужь нэхъыщхьэхэм ящыщщ къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» Институтым и арт-координатор Аккизов Керим. Фильмыр щытрах махуэм ар елэжьырт «ДэкIуеипIэ 1000» терренкур цIэрыIуэм и ихьэпIэр мывэкIэщхъ, абдж зэмыфэгъухэмкIэ (мозаикэ) гъэщIэрэщIэным. Ари фильмым хыхьащ. Абы къелъытэ къалэм и «псэукIэр» нэрылъагъу зыщIыф Iэмалхэм гъуазджэр зэращыщыр.
Езы фильмым и режиссёр Исаевэ Кристинэ жеIэ: «ЦIыхухэм езыхэм я хъыбархэр къаIуэтэжмэ, абы еплъми нэхъ фIэгъэщIэгъуэнынущ. Дэ къэтхьар Налшык и зы махуэщ. Къалэр зы махуэм фIыуэ плъагъуфыну жыпIэмэ, плъагъуфыну къызолъытэ». Режиссёрым зэрыжиIэмкIэ, фильм трихыныр езыр-езыру хъуащ: иужьрей мазитхум ар Налшык щопсэу, абы ипэкIэ лэжьыгъэ IуэхукIи мыбы щыIащ. Фильмым и афишэм тет сурэтыр (къалэр къищу) абы щытрихащ и фэтэрым и щхьэгъубжэм къыздыдэплъым. «Налшык къалэ дахэщ, мыбы гурыщIэ щхьэхуэхэр щызыхыбощIэ, нэхъыщхьэжыр и цIыхухэрщ. Сэ щIыпIэм щыпсэухэр си гум дохьэ, ахэр егъэлеяуэ гумащIэщ. Мыбдеж зыми дэIэпыкъуныгъэншэу укъигъэнэнукъым. Фильмыр щытетхми, псоми зыкъытщIагъэкъуащ. СызэреплъымкIэ, абы хэт ди лIыхъужьхэм зэрыщыту къагъэлъагъуэ зи къалэр пэжу фIыуэ зылъагъу налшыкдэс псоми я Iуэху еплъыкIэр», - жеIэ режиссёрым.
Фильмыр сыхьэт ныкъуэ къудей фIэкIа хъуркъым, ауэ абы къриубыдэу яхузэфIэкIауэ жыпIэ хъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэр курорт щIыпIэу зэрыщытым щыхьэт техъуэну, зыми емыщхь и щэнхабзэ щIэинхэр зэрахъумэр къыхагъэщыну.
Фильмым къыщыпсалъэ дэтхэнэми Налшык щхьэж зэреплъ щIыкIэр къегъэлъагъуэ. Ауэ псори зэкъуегъэувэ къалэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ абы зэрыхуэсакъымрэ. Абы къыщопсалъэ куэд мыщIэу дунейм ехыжа, Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэу щыта Ахъуэхъу Таймураз. ФIыуэ илъагъу къалэм теухуауэ абы гукъэкIыж дахэ къыщеIуатэ. Фильмыр зылъэгъуахэм зы лъэныкъуэкIи ар Ахъуэхъум и фэеплъ хъуауэ къалъытэ, дауэ мыхъуми, къалащхьэм и теплъэр егъэфIэкIуэныр абы и нэIэм щIэту екIуэкIащ.
Налшык администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр мы зэманым зыгъэзащIэ Ащхъуэт Азэмэтджэрий жеIэ: «Ахъуэхъу Таймураз игъуэ нэмысу дибгынащ. Ар къалэ псом и дежкIэ хэщIыныгъэшхуэт. Фильмым къыхощ иужьрей илъэсхэм Налшык игъуэта зэхъуэкIыныгъэфI куэдыр абы, КIуэкIуэ Казбеки и дэIэпыкъуэгъуу, и жэрдэму зэрыщытар». Ащхъуэтым фильмыр тезыхахэм фIыщIэ яхуещI Налшык «гу пцIанэу», зиужьу, гугъэшхуэхэр иIэу къызэрагъэлъэгъуам папщIэ.
Лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIым зэрыжиIэмкIэ, фильмыр щагъэхьэзырым гупыр зыхущIэкъуар къалэдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ зэрызэгурыIуэр, цIыхухэм я зэхэтыкIэр, зыгъэпсэхупIэхэм зэрызаужьыну щIыкIэхэр къагъэлъэгъуэнырт. Режиссёрым къыхегъэщ я мурадар - цIыхухэм зыщагъэпсэху щIыналъэ къудей мыхъуу, Налшык щыпсэухэм я Iуэху къызэрыщызэIуахыр, проект гъэщIэгъуэнхэр щагъэзащIэ щIыпIэу къалэр зэрыщытыр къэгъэлъэгъуэныр - къайхъулIауэ.