Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс куэд дэкIыжами, абы лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыщагъэлъагъуэу хэтахэм я цIэхэр нобэми къагъуэтыж. 20I5 гъэм и гъатхэпэм УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министрествэм и сайтым къралъхьат Бахъсэн районым щыщ цIыхуи 4-м я дэфтэрхэр. Ахэр Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащын папщIэ ягъэлъэгъуауэ арат, ауэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу иджыри къыздэсым гъэзэщIа хъуатэкъым. Зи гугъу тщIы ди лъахэгъу лIыхъужьхэм ящыщщ Шорэ Музэчыр Талъостэн и къуэр. Ар 1917 гъэм мазаем и 3-м Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм къыщалъхуащ. I940 гъэм жэпуэгъуэм и I5-м Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Куба РВК-м Дзэ Плъыжьым ириджащ. ЩэкIуэгъуэм и 7-м дзэ тхьэрыIуэр итри, 88I фокIауэ полкым хагъэхьащ. I94I гъэм и фокIадэ пщIондэ дзэ къулыкъур ирихьэкIащ курсанту. Зауэм щыIухьар I94I гъэм и бадзэуэгъуэрщ. Ар Iутащ КъухьэпIэ, Брянскэ, Центральнэ, Ипщэ фронтхэм. Япэ зэхэуэ гуащIэм Шорэр уIэгъэ хьэлъэ хъури, мазитI хуэдэкIэ сымаджэщым щIэлъауэ аргуэру зэуапIэм игъэзэжащ.
Курск областым щекIуэкIа зэхэуэм щигъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэмкIэ къахэщат Шорэр зауэлIхэм.
Центральнэ фронтым и I9-нэ танк корпусым и I0I-нэ танк бригадэм и командирым къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, I943 гъэм бадзэуэгъуэм и I6-м етIуанэ ротэм и старшина, сержант Шорэ Музэчыр Вагъуэ Плъыжь орденыр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Абы щыхьэт техъуэ тхылъым итщ: «I943 гъэм бадзэуэгъуэм и 6-м щегъэжьауэ I2 хъуху Курск областым хыхьэ Молотый жылэм и ищхъэрэкIэ щыт лъагапIэр щахъумэм ротэм и старшина ныбжьэгъу Шорэм бийхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ ткIиймрэ къухьлъатэхэмкIэ къазэрыхэуэмрэ къамыгъэувыIэу ротэр IэщэкIэ, ерыскъыхэкIхэмкIэ къызэригъэпэщырт. Пулемет взводым и командирыр щаукIым, ныбжьэгъу Шорэм взводым и унафэр къищтэри, фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэуващ. Шорэ Музэчыр и унафэ щIэт взводым фашист 78-рэ зэтриукIащ».
Музэчыр хахуагъэрэ лIыгъэрэ щигъэлъэгъуащ Запорожскэ областым деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэм. I943 гъэм жэпуэгъуэм и 28-м Совинформбюром къыдигъэкIа дэфтэрым итт: «Жэпуэгъуэм и 28 махуэм къриубыдэу ди зауэлIхэр бийм ебгъэрыкIуэурэ километри 5-20-кIэ кIуатэри, Запорожскэ областым и райцентрыр къащтащ, апхуэдэуи жылэ 30-м щIигъу яубыдыжащ…».
I943 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м 101-нэ танк бригадэм и фочгъауэ-пулемет батальоным и командир капитан Савельевым Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащыну къигъэлъэгъуащ I0I-нэ танк бригадэм и фочгъауэ пулемет батальоным и 24-нэ фочгъауэ ротэм станковэ пулеметымкIэ и къудамэм и командир, сержант нэхъыжь Шорэ Музэчыр Талъостэн и къуэр.
I943 гъэм щэкIуэгъуэм I0-м бригадэм и командир, полковник Павлюк-Мороз Андрей арэзы техъуэу Iэ щIидзащ а дэфтэрым икIи тритхащ: «Правительствэ дамыгъэр – Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр - фIэпщыну хуэфащэщ».
I943 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м I9-нэ танк корпусым и командир, полковник Широбоков Михаили апхуэдэ дыдэу диIыгъащ дэфтэрым итыр икIи тритхащ: «Сержант нэхъыжь Шорэм хуэфащэщ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащыну». Ауэ Украин фронтым и командующэ, танкыдзэм и генерал-майор Новиков Николай I943 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Шорэ Музэчыр Вагъуэ Плъыжьым и орденращ къыхуагъэфэщар. Командующэм ищIа унафэр гъэзэщIа щIэмыхъуам и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэкъым. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащын папщIэ ягъэхьэзыра дэфтэрым итщ Шорэм и лIыхъужьыгъэр: «…Запорожскэ областым хыхьэ Ново-Николаевкэ, Сельхозколоние, Первомайская, Ново-Ивановкэ жылэхэр хуит къэщIыжыным папщIэ ирагъэкIуэкIа зэхэуэхэм Шорэр пулемет взводым и командирым и дэIэпыкъуэгъуу лажьэу Iэрыхуэу унафэ щищIыфырт, пулеметхэм ныкъусаныгъэ гуэр яIэмэ, ищIыжырт, зэуэн хуей щIыпIэхэр тэмэму къыхихыфырт, ерыщу ипэкIэ кIуатэрт. Езым и игъэуа пулеметымкIэ нэмыцэ сэлэтрэ офицеру I94-рэ иукIащ, нэгъуэщI хахуагъэхэри зэрихьащ.
А гъэм жэпуэгъуэм и 28-м Запорожскэ областым и Нижние-Серегозы къуажэр къыщащтэм взводым и командирыр къаукIати, езым и нэIэ щIигъэувэри, зэхэуэр иригъэкIуэкIащ, и щапхъэмкIэ, лIыгъэмкIэ, щхьэмыгъазэу зауэм зэрыIутымкIэ зауэлIхэр нэхъыбэжым тригъэгушхуэу. Унащхьэм къытетIысхьа бий пулеметчикым ротэр имыгъэбакъуэу дакъикъэ 30-кIэ зэтриIыгъат. Ныбжьэгъу Шорэр метри I50-рэ хуэдизкIэ япэ ищри, езым и пулеметымкIэ иукIащ бийр, абы и фIыгъэкIэ лъэсырыкIуэдзэр къэмыувыIэу зы километркIэ ебгъэрыкIуащ.
Бригадэм и командованием фи пащхьэ изолъхьэ ныбжьэгъу Шорэм Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр фIэфщыну».
I943 гъэм Шорэ Музэчыр ВКП (б)-м хагъэхьауэ щытащ. I945 гъэм КъуэкIыпIэ Жыжьэми щызэуащ. ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиухам КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыIэт Музэчыр.
Абы къыхуагъэфэщащ «I94I-I945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ», «Японием зэрытекIуам папщIэ» медалхэри, ТекIуэныгъэ Иным папщIэ ягъэхьэзыра юбилейнэ медалу 3 къратащ.
СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым I946 гъэм гъатхэпэм и 20-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Шорэ Музэчыр Талъостэн и къуэр I946 гъэм шыщхьэуIум и I4-м фронтым къыIуагъэкIауэ щытащ.
Шорэр къаутIыпщыжа нэужь, къыщалъхуа и къуажэм къигъэзэжри, Къуныжь Лелэ щхьэгъусэу къишащ. Абыхэм зэдагъуэтащ зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ – Абугъалирэ Жанусэрэ. Музэчыр зауэлI хахуэу щытам и закъуэкъым, атIэ цIыху псэ хьэлэлу дунейм тетащ. Абы щыхьэт тохъуэ и унагъуэм сабиитI къыщыхъуу, иджыри щы ипIыну зэрызришэлIар. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри лъэ быдэкIэ гъащIэм хигъэуващ, щIэныгъэ яригъэгъуэтащ. А псом къищынэмыщIауэ, ар и шыпхъу Маржынэт дэIэпыкъурт, и бынхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ зыщIигъакъуэрт.
Музэчыр зауэ нэужьым жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэ куэдым пэрытащ. Къэбэрдей лесоучасткэм щыщылажьэм, къалэным щIригъэгъурти, улахуэ нэхъыбэ къратырт. ИтIанэ гъуэгу бригадэм и бригадиру щытащ. Абы унафэ зищIыфу, лэжьыгъэр къызэригъэпэщыфу зэрыщытам и фIыщIэщ бригадэм ехъулIэныгъэхэр зэриIар. Жылагъуэ-политикэ гъащIэми жыджэру хэтт, кърахьэжьэ Iуэхухэм хэмылIыфIыхьу къигъанэртэкъым. И къуажэгъухэм колхоз унафэщIу хахащ Шорэ Музэчыр, итIанэ Куба къуажэ Советым и унафэщIу щытащ, Куба районым и МафIэсгъэункIыф IэнатIэми и Iэтащхьэу лэжьащ. Сыт хуэдэ Iуэху пэрыхьами коммунистыр щапхъэфI зыгъэлъагъуэхэм, япэ итхэм ящыщт.
Музэчыр I979 гъэм гъатхэпэм и 7-м дунейм ехыжащ, езыр къыщалъхуа къуажэм щыщIалъхьэжащ.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, Шорэ Музэчыр и хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ щыгъуазэу Куба дэсыжыр нэхъыжьыIуэхэращ. Пэжыр зэфIэдгъэувэжыныр, Шорэ Музэчыр и фэеплъыр тхъумэныр ди къалэн нхъыщхьэщ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 70 щрикъу гъэм. Абы къыхэкIыу, Куба къуажэ администрацэм гу лъатэну дыхуейт Музэчыр хуэдэхэр ди республикэм и мызакъуэу, Кавказ псор иригушхуэ хъун хуэдэу зэрыщытар. Хуабжьу хуэфащэт а лIыхъужьым и цIэр ар къыщалъхуа Куба и зы уэрам зэрихьэну, е курыт школым фIащыну. КъищынэмыщIауэ, дэ къыдолъытэ абы и хахуагъэмрэ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ папщIэ Урысейм и ЛIыхъужь цIэр къыфIащын папщIэ щIапхъэхэм иужь ихьэн хуейуэ. ЛIыхъужьхэм я цIэмрэ я IуэхущIафэхэмрэ ящыгъупщэ хъунукъым абыхэм къатехъукIыжахэм.