ЩIэныгъэм зэрызиужьым и нэщэнэу

Уахэ щIэншэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм сытым дежи якIэлъыплъ астрономхэм жаIэм тетщIыхьмэ, гъуни нэзи зыдамылъагъуэ, нэм къыхуэмыубыд хьэршым, дызэсэжам емыщхьу, зэманым къыщриIуэнтIэкIыж, IукIуэтам къыщигъэзэж къинэмыщI Дуней (КъэщIыгъэ) абрагъуэхэри зэрыщыIэм шэч хэлъкъым. 
США-м и «NASA» уахэхутэ IэнатIэм щылажьэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, зэхуэмыдэ Дунейхэр астрономхэм «Къэлындышхуэ» («Большой взрыв») жыхуаIэ къэхъугъэ абрагъуэм и Iэужьщ, зэщхьэщидзми къыдэунэхуауэ. 
Катар хьэрып къэралым и щыхьэр Дохэ хэщIапIэ зыхуэхъуа «Al Jazeera» хъыбарегъащIэ IэнатIэм (агентствэм) щылажьэхэм зэрыжаIэмкIэ, еджагъэшхуэхэм я деж зэдауэ къызэрымыкIуэ къыщыунэхуащ, NASA-м и IэщIагъэлIхэм дызэсэжам емыщхьу щыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ дуней къызэрымыкIуэм «пкъынэ-лъынэрэ» «шыфэлIыфэу» далъагъункIэ хъунум ехьэлIауэ. 
ИкIи, еджагъэшхуэхэм я нэхъыбэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, дызытет Дунейм хуэмыдэу зэманым къыщигъэзэж КъэщIыгъэм зэмыщхьыныгъэ нэхъыщхьэу иIэр (дыщыпсэум елъытауэ) мыращ: къыщыунэху дэтхэнэми и зэкIэлъыкIуэкIэр, хужыпIэни дэбгъуэни щымыIэу щызэпыIуа, щызэпыща пэтми, блэкIам къибэкъукIыу дызэрыт лъэхъэнэм къызэрыхуэкIуэрщ. Дауи, КъэщIыгъэ «захуэм» щыпсэухэм я дежкIэ, апхуэдэр, я нэхъ мащIэрауэ, зэсэжа гупсысэкIэм темыхуэщ. 
NASA-м щылажьэ щIэныгъэлIхэр зи гугъу тщIы Iуэху еплъыкIэм хуэзышар уахэм къилъэтыкI мэскъалхэм къапкърыпсыкI нэрымылъагъу «хысыджхэм» (импульсхэм) я теплъэр зищIысыр зэхэзыгъэкI АNITA антеннэу ипщэ жыжьэр зи «хэщIапIэ» Антарктидэм щагъэувам пащIа, жьы зэрыт топ гъэпща гъуэзэджэу километр 37-кIэ щаIэтамкIэ къахуэубыд радио-хысыджхэм я зэхэухуэнэкIэрщ (спектр).
АдэкIэ декIуэтэкIынщи, ди планетэм къыдэгъуэгурыкIуэ и хьэуам, хьэрш жыжьэм къикIыу, пэщIэдзи ухыгъи зимыIэу къыхыхьэ-къыпхыпсэ мэскъал цIыкIужьейхэм яхэтщ лъэщагъ ин дыдэ зиIэхэри. Дауи, апхуэдэ егупсысыкIэ-зэгъэпщэкIэм дыщытехьэр, пкъыгъуэ нэрымылъагъухэм я пщалъэкIэ псори зэпэтлъытмэщ. Астрономхэм зэрыжаIэмкIи, иужьрейхэм яхэбгъуэтэнущ я хьэлъагъкIи зэрызэщIэузэда къарууфIагъкIи иджыри къыздэсым къахутауэ гу зылъатахэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэрызехьэхэр. 
Мыри телъыджэщ: Антарктидэм щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэнэIуамкIэ, «тау-нейтрино» жыхуаIэ а мэскъал хьэлъэхэм къыхалъагъукIащ ЩIы Хъурейм къыкIуэцIрыпсыкIыу, мыдрей лъэныкъуэмкIэ щыIэ и щхьэфэм къытезэрыхьыжу, уахэм илъэтэжахэри. ЯфIэгъэщIэгъуэн хъуа а Iуэхугъуэм астрономхэр щытепсэлъыхьыжым къагъэнэIуащ, «Дуней тэмэм» жыхуэтIэу дызэсэжам апхуэдэ «зыгъэзэкIэм» зэзэмызэххэ фIэкIа дызэрыщримыхьэлIэр. 
Ауэ щыхъукIи, ANITA антеннэм, зэрынэхъ лъэрызехьэм къыхэкIыу, игъэбелджылар куэдкIэ щынэхъыбэкIэ, абы къикIыр мыращ - дызытепсэлъыхь мэскъалхэр къыздикIыр ди планетэм щыпсэухэм ди акъыл къимытIасэ, физикэ щIэныгъэм и хабзэхэми темыт нэмыщI Дунейрщ (Вселеннэщ), блэкIам къыщигъэзэжрэ зэманри къыщикIуэтыжу… 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: