ЕгъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа Багъ Марьям и гъуэгуанэ тхыгъэхэм я лъабжьэр гукъэкIыж дахэхэрщ. Абыхэм гъэщIэгъуэну къыщыгъэлъэгъуэжащ блэкIам ухэзыгъэплъэж теплъэгъуэхэр. Тхыгъэ кIэщIхэм гупсысэ куу ящIэлъщ, гуапагъэм ухуагъэушу, псэм хуабагъэ гуэр зыхрагъащIэу апхуэдэщ.
Ди адэ къуэш Ахьмэд
И адэр щыдаша жэщым Ахьмэд лажьэу ирихьэлIат. КъалэкIыхьым дэт тхъу-кхъуей заводым ар IэщIагъэлIу щыIэт. ЕтIуанэ махуэм лъагъунлъагъу унэм къэкIуэжауэ къыщыдыхьэжым, и шыпхъухэмрэ и къуэш нэхъыщIэмрэ пежьащ.
Нани къыщIэкIащ. Жэщым адэр зэрыдашар икIи къызэрымыкIуэжар жраIащ. Унэми щIэмыхьэжу, Ахьмэд къуажэ IуэхущIапIэм ехащ. Илъэс тIощIрэ щы фIэкIа мыхъуа щIалэр гуащIэу щыпсэлъащ къуажэ тхьэмадэм деж.
Сыхьэт нэхъ дэмыкIыу ар къэсыжащ. Унагъуэм псоми быдэу IэплIэ яхуищIри, зыри жимыIэу дэкIыжащ пщIантIэм. ЕтIуанэ махуэм НЧВД-м и лэжьакIуэхэр унэм къэкIуащ. Абыхэм нанэ яжриIащ Ахьмэд КъалэкIыхьым лэжьакIуэ зэрыщыIэр.
Нанэ хуабжьу гузавэрт. Мыдрейхэр сабийт. ЗыщIыпIи дэбгъэкI хъунутэкъым. Езыри щIэупщIэкIэ, жэуап къезытыфын игъуэтынутэкъым.
Зы мазэ хуэдэ дэкIауэ, нанэ деж къэкIуащ щIалэщIэ гуэр. Абы къыжриIащ Ахьмэд ди щIыпIэм зэрикIар…
Абы иужькIэ зэи къигъэзэжакъым, и хъыбари зэхахакъым.
Нани мыпсэужу, ди адэми ныбжьыфI иIэ хъуауэ, Ахьмэд къыбгъэдэкIыу тхыгъэ къэкIуащ. И шыпхъухэмрэ и къуэшымрэ гуфIэгъуэу яIар пхуэмыIуэтэщIынт.
Илъэс куэдкIэ Ахьмэд АмрыкIым щыпсэуащ. Щхьэгъуси къуэи иIэт. Псэуху, и тхыгъэхэр къригъэхьащ. КъэкIуэжыну и нэ къыхуикIыу, ауэ гъуэгухэр иджыри зэIумыхауэ, ар дунейм ехыжащ…
Абы и тхыгъэхэм макъкIэ къеджэу, телъэщIыхьу, пхъуантэм дэлъу ди адэм куэдрэ зэрихьащ.
Адыгэ Iэнэ
Адыгэ Iэнэр ар телъыджэу зэхэгъэува ерыскъыгъуэхэщ.
ХьэщIэ къеблэгъамэ, хьэзыру щыIэр асыхьэту къытрагъэувэ: кхъуейщIэмыху цIынэ, шатэмэ IэфIыр къызыхихым, шыпсыранэ тхьэмпэхэмкIэ ягъэгъуа кхъуей джабэплъым щыщ бзыгъэхэр дэщIыгъуу. Кхъуейхэм я гъусэу Iэнэм тралъхьэ, ар гъэмахуэмэ, балыджэ плъыжь. ТIэкIуи хуэткIыбжьрэ, уэсым хуэдэуи хужьу. Абы и гъусэщ адыгэ джэд фIыцIэм ейуэ джэдыкIэ игъэвыкIамрэ, жьэгу пщтыркIэ ягъэжьа мэжаджэ хъурейхэмрэ. Гъэмахуэ хуабэ дыдэм ирихьэлIэмэ, шху щIыIэкIэ зэIыха хъынкIэлри хьэщIэм хущIахьэ.
ХьэщIэхэр тIэкIу зэIурыуху, лыцIыкIулыбжьэмрэ хугу пIастэмрэ хьэзыр мэхъу. КIэщIу иужь иту щIахьэр кхъуейжьапхъэрщ. ЛыцIыкIулыбжьэри фIы дыдэщ, ауэ кхъуейжьапхъэр, пIастэ данэ гъуэжьычыр хэбгъауэурэ пшхымэ, уи Iум йоткIухь.
Пхъэщхьэмыщхьэмрэ шхын гъурхэмрэ (хьэлыуэ, зэкIэрыс, джэдыкIэрыпщ, фозэхэлъ), абы иужькIэ трагъэувэ. АдэкIэ зы заул дагъэкIри, плъыжьу гъэжьа джэд е джэдлыбжьэ яхь. Шатэ пIащIэкIэ ящIа шыпсым шыбжиитхъур тракIэжри, пIастэ пщтырыр дэщIыгъуу Iэнэм тралъхьэ.
ЩIымахуэу ирихьэлIэмэ, гуэгуш гъэшхар хуаукI. Абы бжьыныху шыпсыр фIыуэ тракIэ. Гуэгуш лэпскIэ шыпсыр ящI. Абыи хугу пIастэ и гъусэу хьэщIэм хуахь. Заул дагъэкIри, былымыл гъэва е мафIэ дэпкIэ гъэжьа лы IыхьэфIхэр Iэнэм тохьэ.
Абы къыкIэлъыкIуэр хьэщIэнышырщ. Абы щхьэхуэу бжьыныху шыпс хуагъэхьэзыр. Нышым щыщу нэхъыжь Iыхьэу дзажэдакъэр, шхужьыр, куэпкъыр, блэгъур Iэнэм макIуэ. Лыр шыпсым хагъауэурэ яшх, пIастэм додзакъэ. ХьэщIэнышым пыщIа Iуэхухэр зэфIэкIа нэужь, лэпс трафыхьыж.
Зэхэзэрыхь щымыIэу адыгэм и хьэщIэр зыхуей хуегъазэ. Лэпсыр зэфIэкIамэ, ежьэжыгъуэр зэрыхъуар абы къегъэлъагъуэри, екIурэ ещхьу хьэщIэхэр зэбгрокIыж.
Сешэ си псэм си къуажэм
Сешэ, сешэ си гум, си псэм си къуажэм, сыщалъхуам, сыщапIам… Абы дыгъэр нэхъ плъыжьу къыщопс, абы вагъуэхэр нэхъ щызэщIолыдэ, зэщIэлыдэ къудейкъым - къысщогуфIыкIхэр. Ди уэрамыр къалэ уэрамым нэхърэ куэдкIэ нэхъ бгъузэщ, кумблъэмбри нэхъыбэжщ. Уэшх къешхамэ - ятIэщ, ятIэ бдзантхьэщ, итIанэми ар нэхъ сфIэфIщ.
Ар си сабиигъуэ сыщытыншарщ, гъащIэр IэфIыпсу къэслъытэу сыщыпсэуарщ. Иджы аргуэру балигъ Iуэхум сыхэкIауэ сокIуэ къуажэм. Сыхуейщ сеплъыну си сабиигъуэм къепса дыгъэм, сымыжейуэ сызэплъу щыта вагъуэ цIыкIухэм сазэрыхэплъэнури си гурыфIыгъуэщ.
Исщ вагъуэхэр… ЖаIэ, вагъуэр ижмэ, вагъуэбэм зыщIишэжу, арауэ къыщIэкIынщ зыри щIыхэмыщIыр.
СыкъэувыIэри, гъуэгубгъум ирикIуэ жэм лъэужьым сеплъащ…
Ди жэм къуэлэныжьыр къыщысшкIэ, и кIапэ кIыхьышхуэр си нэгум дапщэрэ къриупцIэрэт, зэбэдзауэ зищIурэ, сэ къызэдэхащIэу арат.
Хьэблэ уэрамыпэм тесу щыта нанэхэмрэ дадэхэмрэ нэкIэ къызолъыхъуэ. Езыхэр щымыIэми, я тетIысхьэпIэхэр здэщыта щIыпIэхэм сытоувэ, зызогъэзыхри, щIыгум Iэ дызолъэ. Сэ къысщыхъурт ахэр сыт щыгъуи псэуну…
Щымщ, щэхущ дэнэкIи.
ИтIанэми, къару гуэрым сыкъэмывыIэу сешэ. ЗыхызощIэ си Iэпкъынэ псокIэ къызэджэр, сызышэр. Ар щIы-анэращ.
Лъэгуажьэмыщхьэу сотIысэхри, нэкIукIэ сыхогъуалъхьэ, лъапцIэу къыщызжыхьа, уэшх къешхами, сытхъэжу, сыкъигурыгукIыу сыкъезыхьэкIа щIыгур къысхуэгуфIэу IэплIэ къызешэкI, сызэрезэша псори, къоIэбэри стрелъэщIыкI, къару нэрымылъагъукIэ сызэщIеIэтэ, хуабагъэу бгъэдэлъымкIэ къызодэхащIэ, сегъэхуабэри… сыкъеутIыпщыж.
Гъунэгъу нанэ
Ди гупэм къиса нанэ цIыкIум зы пщэдджыжь къэмынэу уцэрэфыжауэ щIакхъуэ игъажьэрти, еджапIэм дыкъыщикIыжкIэ, кхъуей Iыхьэ зырызрэ щIакхъуэ бзыгъэшхуэрэ къытхудихырт. ТетIысхьэпIэм дызыбгъуригъэтIысхьэрти, ар дигъэшхырт. И Iэ гъур цIыкIухэмкIэ ди щхьэфэм Iэ къыдилъэрт, и нэ гуапэ цIыкIухэмкIэ къытщыгуфIыкIырти, дыгъэпскIэ ягъэпскIам хуэдэу, дылъатэу дызэбгрыкIыжырт.
ГукъэкIыж хуабэхэм ди псэр имыгъэупщIыIуу допсэу. Къэслъыхъуэми абыхэм я лъэужь, согугъэ дэри, зы мыхъуми, я дзакIэ гуэр ди щIэблэм едгъэлъагъуфыну.
Кърум шыр имыIэмэ, зы бзущ
Гъэ еджэгъуэм дызэджар къызэщIикъуэжу, етIуанэ классым щIэс цIыкIухэм я унагъуэхэм теухуа хъыбархэр жаIэжырт. Зы щIалэ цIыкIур я унагъуэм тепсэлъыхьурэ куэдым я цIэ къриIуэрт.
- Ахэр псори уи къуэш дыдэхэ? – соупщI сэ.
- Хьэуэ мыгъуэ, къуэши шыпхъуи сысейуэ сиIэкъым, си адэ къуэшымрэ си анэ шыпхъумрэ ейхэращ.
«Мыгъуэ» псалъэм си нэпсыр къригъэкIуащ.
Нэхъапэ дыдэр – лъэпкъым и бжыгъэм делэжьыпхъэт, арыншамэ, сыту дымащIащэ.