ЩIалэгъуэ, щIэныгъэ, дахагъэ

Адыгэ унагъуэм щагъэса дэтхэнэми гъащlэм адэкlэ щигъэлъагъуэр, къы­лъы­къуэкlыр, lуэху зэрызэфlигъэкlыр, псэукlэу иlэр зэлъытар абы къыхалъхьа гъэсэныгъэрщ, къыбгъэдалъхьа щlэныгъэрщ, гупсысэкlэу иlэрщ.  Гуапэ зэрыхъущи, ди мащlэкъым дахагъэ куэду зыдэтлъагъу пщащэхэр.  Нобэкlэ псэ­лъэ­гъу схуэхъуа Аброкъуэ Дианэ хэлъ, бгъэдэлъ фlы псори и унагъуэм къыщежьащ.

Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Дзэлыкъуэкъуажэм Аброкъуэхэ Аслъэнрэ Светэрэ щаухуа унагъуэм сабий пажэу Дианэ щагъуэтащ.  Адэшхуэ-анэшхуэм, адэ-анэм яху­зэфlэкl къагъэнакъым пщащэ цlыкlур хабзэм щlэпlыкlынымкIэ, гъэсэныгъэ дахэ етынымкIэ, щlэныгъэфI егъэгъуэтынымкIэ. Аслъэн и lэпэм къыпыкl дэтхэнэри удэзыхьэх теплъэгъуэу къэзыгъэщlт, ар сурэтыщlт, зэIусэм псэ хилъхьэу. Светэ адыгэбзэмкlэ егъэджакlуэ нэст, фlым я фlыжт. Мыпхуэдэ адэ-анэ уиlэу уигу дахагъэ щымыушэу, уи псэ дыгъэ хэмыпсэу укъэхъуфынутэкъым. Арагъэнущ Дианэ пэщlэдзэ классхэм къыщыщlэдзауэ и еджэныгъэкlи, гъэсэныгъэкlи, цlыху хэ­ты­кlэкlи щапхъэ щlэхъуар. Абы и зэфlэкl къы­щигъэлъагъуэу хуожьэ къафэми, уэ­рэдми, усэ къеджэнми, зэпеуэ зэхуэ­мыдэхэми бжьыпэр къыщыхуагъэфащэ. Курыт школым щыщIэсым Дианэ «Гъэм и еджакlуэ» цlэр къыфIащауэ щытащ, еджэ­ныгъэм хуэгъэзауэ зэчий ин зэри- lэм папщlэ икIи къэрал унафэщlым иригъэблэгъахэм мызэ-мытlэу яхэхуащ, ныбжьыщIэ пажэхэм я зэхуэсым Москва щыхэтащ. Егугъуу еджа пщащэм школыр дыщэ медалкIэ къиухащ. 
Бзэми, есэп щlынми, сурэт техынми зэхуэдэу дихьэх пщащэ цlыкlур 2010 гъэм Псыхуабэ щlэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапlэм и менеджмент унэтlыныгъэм щlэтlысхьащ. Илъэсыр махуэ­рые­джэу къиуха нэужь, ар заочнэу юриди­ческэ факультетым щlэтlысхьащ икIи ­къудамитIри диплом плъыжькlэ къиухащ. 
Студент нэхъыфlхэм хабжэу еджа Аб­рокъуэр Америкэми ягъэкlуауэ щытащ. Илъэс 18 фlэкlа мыхъуа пщащэм инджы­лызыбзэ иджу щlидзэри, ар зригъэщIащ, ауэ ар абыкlэ къэмыувыlэу франджыбзэри гуэгъу хуищlри, абыи хуэшэрыуэ ­хъуащ. Еджэным и магистр Iыхьэм абы къыщыхихат егъэджакlуэ lэщlагъэр, хамэбзэхэм ехьэлlауэ. Студент гъащlэм абы лэжьыгъэри къыпигъэувэри, Альфа-банкым лэжьэн щыщIидзауэ щытащ. Ауэрэ 2016 гъэм абы магистр диссертацэри щыпхигъэкlри, диплом плъыжьри къра­тыжащ. Илъэситl дэкlри, ар Совкомбанкым ирагъэблэгъащ икIи илъэситху нэс-кlэ абы щылэжьащ. Зэфlэкlыу иlэр, щlэ­ныгъэу бгъэдэлъыр къэзыгъэлъагъуэ, и лэжьыгъэкlэ щапхъэу къалъытэ Дианэ лэжьакlуэ пажэхэм, нэхъыфlхэм я зэ­хуэсхэу Архъыз, Москва, Сочэ щыlахэм ­хэтащ, тыгъэ лъапlэхэр, фlыщlэ тхылъхэр къыщрату. 
ИужькIэ Аброкъуэм Москва лэжьыгъэфI къыщыхуагъэлъагъуэ. Куэдрэ гуп­сыса нэужь пщащэр 2023 гъэм абы мэ­lэпхъуэ икlи ВТБ банкым ягъэув. Нобэкlэ ар банкым и лэжьакlуэ пашэхэм ящыщщ. Бзэ дахэ зыlурылъ, зи лэжьыгъэм фlыуэ хэзыщlыкl, упщlэ къэувхэм я жэуапхэр тыншу къэзыгъуэт Аброкъуэ Дианэ зы­хуэзыгъазэ дэтхэнэми фlыгъуэ гуэр къабгъэделъхьэ жыпlэнщ, ахэр арэзыуэ абы къащыбгъэдэкlыжкlэ. 
Усэбзэм и дунейм куэдрэ щохьэщlэ ар, адыгэбзэкlэ  тхыгъэхэр щlиджыкlыну фlэфlщ. Хэкупсэ зыIут адыгэ пщащэм Тыркум 2005 гъэм щызэхаубла фестивалым адыгэ къафэ щигъэзэщlауэ щытащ, Тlуапсы, Санкт-Петербург къалэхэм и щlэ­ныгъэ щигъэлъэгъуащ.  
 Хьэлыфl куэд хэлъщ Дианэ, ауэ цlыхум сэбэп зэрахуэхъун гуращэр псом щыпашэщи, ар куэд и уасэщ. Пэжщ, иужьрей илъэсхэм лэжьыгъэм зэман лей дэзы­мыгъуэт Аброкъуэр куэдрэ и унагъуэ, щалъхуа Дзэлыкъуэкъуажэ къэкlуэжыфыркъым. Ауэ ар и адэшхуэ-анэшхуэм, адэ-анэм, къыдалъхуам, щалъхуа щlыпlэм, ныбжьэгъухэм щатепсэлъыхькlэ, адыгэбзэр нэсу егъэбзэрабзэ, лъагъуныгъэу, гуа­пагъэу псалъэхэм къапкърыкlым нэжэгужэ уащlу. 
Аращ-тlэ, цlыкlуу бгъэсар, щlэныгъэ зэп­тар балигъыпlэ иува нэужь, фIы хъу­ныр lэмал зимыlэщ. Абы и щапхъэщ Аброкъуэ Дианэ Аслъэн и пхъур. Москва щылажьэ, щыпсэу ди пщащэ цlыкlум дахагъэу бгъэдэлъымрэ зэрихьэмрэ нэз зимыlэщ. АдэкIи ефIэкIуэну, и хъыбарыфI куэд дяпэкIи къэIуну ди гуапэщ. 
МАХУЭЛI Беслъэн. 

Поделиться: