«Тэрчымрэ» «Логоваз»-мрэ зэдобакъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым фут­болымкIэ и гъэмахуэ зэхьэ­зэхуэм бжьыпэр щызыIыгъ «Тэрчымрэ» «Логоваз»-мрэ зи чэзу текIуэныгъэхэр джэгугъуэ блэкIам щызыIэрагъэхьащ. А тIур зэкIэ зэдобакъуэ икIи хэт япэу къэдзыхэнуми укIэлъып­лъыну хьэлэмэтщ.
Езыхэр зэрызэдэджэгуам къа­рикIуамрэ (1:0, 2:2) топ дагъэкIахэмрэ къыхудагъэкIахэм­рэ зэрызэхущытымкIэ хэп­щIы­кIыу бабугентдэсхэм ефIэкI «Тэр­чым» и Iуэхухэр нэхъыфIыж ищIащ Псыкуэд къикIахэм щаIущIам. Джэгур 8:1-уэ иухащ. 
«Логоваз»-м абы пигъэувыфар 5:1-щ. Апхуэдэу ар Щхьэлыкъуэ щытекIуащ.
Дыщэмрэ дыжьынымрэ щIэ­бэ­нынухэр зэхэкIа хуэдэми, еща­нэ увыпIэр зылъысынур ­хуэб­гъэфэщэну гугъущ. Абы иджыпсту нэхъ пэгъунэгъу «Малка»-ми, «Ислъэмейми», «Спа­р­так-Д»-ми блэкIа джэгу­гъуэм­ очко щырыщ зыIэрагъэхьащ. Япэр Шэджэм щытекIуащ, етIуанэр нэгъабэрей чемпионым ефIэкIащ, ещанэм губгъуэм къимыхьэхыу и Iуэхур зэфIэкIащ и хьэрхуэрэгъур Яныкъуей къызэримыкIам къыхэ­кIыу. Абыхэм япэмыжыжьэ «Уры­хуми» зиIэтыну гугъэр къы­хуэнащ, Аргудан и «Бедик»-р бжыгъэшхуэкIэ зэрыхигъэщIам и фIыгъэкIэ. 
 Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр зэрыщиIыгъщ Мокаев Таулан. «Логоваз»-м иригъэкIуэ­кIа иужь зэIущIэхэм ар ­къы­щыхэмыжаныкIыфами, мы гъэм­ дигъэкIа топ 21-м пашэныгъэр IэщIигъэкIыркъым. Абы кIэщIу къыкIэлъокIуэ «Малка»-м щыджэгу Умар Азэмэт. 
АдэкIэ щыгъуазэ фы­хуэтщIынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ 2026 гъэм и гъэмахуэ зэхьэзэхуэм и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа ­. Мис ахэр: «Черкес» (Шэджэм) - «Малка» (Малкэ) - 0:3, «Тэрч» (Тэрч) - «Псыкуэд-Марвил» (Псыкуэд) – 8:1, «Урыху» (Урыху) – «Бедик» (Аргудан) - 4:1, «Спартак-Д» (Налшык) - «Яникой-1961» (Яныкъуей) - 3:0 (зэрымыкIуам къы­хэкIыу), «Ислъэмей» (Ислъэ­мей) - «Искра» (Алътуд) – 6:0, «7 Вершин-Шалушка» (Щхьэ­лыкъуэ) – «Логоваз» (Бабугент) - 1:5.
ДызыхуэкIуэ щэбэтымрэ тхьэ­ма­хуэмрэ зэхэтынущ къы­кIэ­лъыкIуэ джэгугъуэр. А махуэхэм зэIущIэн хуейщ: шыщхьэуIум и 15-м - «Псыкуэд-Марвил» - «7 Вер­шин-Шалушка»; шыщхьэу­Iум и 16-м – «Урыху» - «Черкес», «Бедик» - «Тэрч», «Логоваз» - «Ислъэмей», «Яникой-1961» - «Малка» командэхэр.

Хьэтау Ислъам.
Поделиться: