ЩакIуэ Iэзэу, цIыху пэжу, хьэщIэм декIуэкIынкIэ жумарту, шхыныщхьэ темыпIэу зэрыщытымкIэ, Даур Нэгъуей, Къэрэшей-Шэрджэсым къинэмыщIа, Ставрополь губерниеми Екатеринодар (Краснодар) лъэныкъуэмкIи къыщацIыхурт.
А лIым теухуа хъыбархэр, тIэкIуи дгъэкIэщIауэ, дэ къыдохыж Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIащауэ щыта Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» жыхуиIэ и тхылъым. Мыри абыхэм язщ.
… Даур Нэгъуей, зэман-зэманкIэрэ, къыхуеблагъэрт ди бгыжьхэм, псыхъуэхэм щыщэкIуэну хуейхэр. Ди Iэхэлъахэм къитIысхьа къэзакъ станицэхэм дэсхэми Нэгъуейр псынщIэ дыдэу ныбжьэгъушхуэ яхуэхъуат. АбыкIэ IэмалыфIу къыщIэкIат, езым къищэкIу кхъуэпIащэхэмрэ мыщэхэмрэ я лыр езыми зэримышхым, и уни зэрыримыхьэлIэм къыхэкIыу, къэзакъхэм зэраригъашэр.
И унагъуэ къыздихьыр мыщафэ къудейрт. Даурыр нэхъыбэу зэщакIуэр хьэкIэкхъуэкIэ нэхъ инхэрат, армыхъуамэ бажэ, тхьэкIумэкIыхь хуэдэхэм зэрыдихьэх щыIэтэкъым. Нэхъ здэщакIуэ щIыпIэу иIахэр Пхъэмыфыкъуэ, МэзкIыхь, Шыбэгукъуэ, Нэгъуеикъуэ, Бэлъшэ мэз, Бэлъшащхьэ, Жьакуэ мэз, Къущхьэхъу хуэдэхэрат.
Нэгъуейм къыщыщIа-къехъулIахэм ятеухуауэ хъыбар куэд щыIэщ. Уеблэмэ Урысейм и щIэныгъэлI цIэрыIуэ Динник Инжыдж ЦIыкIурэ Инжыджышхуэрэ я псыхъуащхьэ бгылъэхэр щыщIиплъыкIым гъуазэ хуэхъуар Даурхэ Нухьрэ Нэгъуейрэт. А тIур къыдэмыIэпыкъуатэмэ, и пщэ дилъхьэжа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр хуэмыгъэзэщIэфыну щытауэ, зэрахуэфащэуи къащытхъуауэ езы щIэныгъэлIым итхыжат.
Нэгъуей щэкIуэныр и псэм зэрыхэлъым, фIыуэ зэрилъагъум къыдэкIуэу, динырылажьэхэм трагъэгушхуэри, хьэжыщIи кIуауэ щытащ. Къигъэзэжа нэужь, щэкIуэн Iуэхум пыкIыпхъэу ефэндыхэм кърагъэзри, хэгъэгу псом нэхъ хуэIэзэ щымыIа лIым и Iэщэ-фащэ дэгъуэхэр Инжыдж ЦIыкIу шынагъуэу нэхъ зыщигъэджэрэз щIыпIэу «Хъупсырокъуэ ТIрэхъухэ я жьэгъужь» жыхуаIэм деж ирагъэхьри, архъуанэм храгъэдзат. АрщхьэкIэ, Нэгъуейр хущIегъуэжауэ яIуэтэжырт, закъригъэгъэделэу хьэжыщI зэрыкIуами а Iуэхум зэрырашэлIами. Дапщэщи нэфIэгуфIэу, сэмэркъор зи щIасэу къекIуэкIа лIым и Iэщэхэр псым храгъэдза нэужь, гуфIэ щIагъуэ и нэгу къищыжакъым.
АдэкIэ деIэбэкIынщи, Даурым ныбжьэгъугъэ хуиIат Япэ дунейпсо зауэм дзэзешэ пашэу къыдыхэта Балахонов Яков. Балахоновым и дзэ пакIэр дэщIыгъуу Къэсейхьэблэ щыблэкIым, и гупыр къигъэувыIэри, езыр Нэгъуей и лъапсэм къыIухьат. БжэIупэм деж щыт мей жыг лъабжьэм щIэсу зыгуэрхэр зыIущI Нэгъуейр къыщилъагъум:
- О-о, Даур Ногай живой!? – жиIэри къэгуоуащ. Мыдрейр, ар зэрызэхихыу и макъымкIэ къицIыхужати, къыщылъэтащ, и ныбжьым емылъытауэ:
- Живой, живой, Яков! Еблагъэ, си шынэхъыщIэ! – жиIэу, урысыбзэри адыгэбзэри зэкIэлъигъэпIащIэу щIэпхъуат жаIэ. Яковрэ абы и дэIэпыкъуэгъухэмрэ езым иригъэблагъэщ, адрейхэр пщы хьэблэжьым зэбграшри, хуищIэу къагъэхьэщIат. КъыхуэкIуахэр щригъэжьэжым, Нэгъуей къратат красноармеец фащэ зэфIэт. ГуфIэжу абыкIэ зыкъихуапэри, IэджэкIэ нэхъ щIалафэ къытеуэжат. Яков ар щилъагъум:
- Нэгъуей, шымкIэ зыгуэр иджыри бгъэхъэжыфынумэ дегъэплъыт! – жеIэри, къоупщI.
Нэгъуей зыри пимыдзыжу, Яков и шы хъыжьэ уанэ зытелъым зыдридзейщ, лъапсэм щигъэпщIытхъущ, я гуэзнэч куэбжэм щхьэпрылъщ-къыщхьэпрылъыжри, иритыжат.
- Даур Нэгъуей, уэ иджыри дзэм ухэтыфынущ! – жиIэурэ, Яков IэплIэ къыхуищIырт гуфIэщауэ зи нэпс къекIуа лIыжьым. Балахоновым и гупыр щыдэкIыжым, ахэр, Нэгъуей яхэту, Гъуамэжьым нэс ягъэкIуэтэжат Къэсейхьэблэ шухэм...
Даур тхьэмыщкIэм езым хьэл быдэ иIэти, захуагъэу къилъытэм пхутекIынутэкъым, пащтыхь и пащхьэ къихутами. Езыр къуажэпщ Къэсейхэ я дзыхьщIэгъу-чэнджэщэгъуу щытати, совет властыр зэфIэувэу Къэсейхэ я мылъкур щызэрапхъуэм, абы щыщу зы джылъ и лъапсэм къыдахьэу идатэкъым, апхуэдизу ахэр зэхуэкъабзэу къекIуэкIати…
Даур Нэгъуей теухуа хъыбархэр зытхыжа Шэрджэс Алий адэкIэ дыхегъаплъэ и анэм и адэшхуэ а лIым нэхъ и щIалэгъуэм и щэкIуэкIэу щытахэм ящыщ зыбжанэм.
Нэгъуей щэкIуэгъуэ мазэу Бэлъшэ мэзышхуэм кIуат. А зэманым Инжыджышхуэрэ Инжыдж ЦIыкIурэ я тIуащIэхэм псэущхьэхэр дэзт. Мыщэхэм, щыхьхэм цIыхухэр щахуэзэрт Пхъэмыфыкъуэ, Нэгъуеикъуэ, Шыбэгукъуэ, нэгъуэщI мэзхэм я лъапэхэми, Къущхьэхъуми щыхъушэт.
Бжьыхьэм и дахэгъуэт, укъигъэкъуалъэуи хуабэжтэкъым, псэм къеныкъуэкъууи щIыIэр къэблэгъатэкъым. Нэхъ кIасэу хъу мэз кхъужьым и фIыгъуэт. Кхъуэхэри мыщэхэри кхъужьым зэрыблэмыкIынум щыгъуазэ щакIуэр кIуащ джабэм кIэрыт кхъужьеишхуэмкIэ. Гъунэгъу щыхуэхъум, зэхех жыг лъабжьэм къыщIэIукI Iэуэлъауэр. Нэгъуей зэуэ къыгуроIуэ нобэ IэнэщIу зэрымыкIуэжынур. Абы и нэIуасэ, Исправнэ станицэм щыпсэу, мэкъу Iэтэхэр зэхуэзылъэфэсыж къэзакъ щIалэм жриIат фоч уэ макъ къызэхихмэ, зэрыс гумкIэ къылъэIэсыну.
Жыгым бгъэдэкIуатэмэ, зэхихыр кхъуэпIащэмрэ мыщэмрэ я зэрыгъэгуо макъырщ – а тIур зэщыхьауэ арат. Мэз лъабжьэм щызеуэ жьы тIэкIур и гупэмкIэ къеIэу зредзэкIри, кхъужьейм и гъунэгъу чыцэ Iувым зыхегъапщкIуэ. ЗэщыхьагъитIым щаIуплъэм, зытIэкIущ иIэжар Нэгъуей къыщитхъыу дыхьэшхыным: кхъужьейр къигъэсысауэ, хуиту хэтIысхьэу, къыщIэщэщар шхын щIэзыдза мыщэжьым къакIуэри къыфIэнат а пхъэщхьэмыщхьэр зи псэм хэзымых кхъуэпIащэр. Жыг лъабжьэм кхъужьу щIэщэщар мыщэ зэрыбынми кхъуэпIащэхэми яхуэшхынутэкъым, ауэ мо IэплIакIуитI-щы нэхъыбэ зыIузымылъхьэфыну псэущхьитIыр зэмызауэу хъуртэкъым.
КхъуэпIащэр къыщIэпхъуэрт, мыщэжьым къытегуплIэрти, мыдрейр къыщIигъэIэрт. ПсынщIагъэкIэ кхъуэр нэхъ къытекIуэрти, мыщэр кхъужьей щIагъым къызэрысу, и къудамэм зыкIэрищIэрти, кхъуэжьыр и лъабжьэмкIэ щIигъэжырт. Кхъуэм зыкъригъэзэкIыжыху, мыщэжьыр къелъэжырти, езым пэрывэжьыр щIигъэIэрт.
Ауэрэ, зэрытемыгъакIуэ псэущхьэшхуитIыр кхъужьеижь щIагъым щызэпэщIэуват, дэтхэнэми икIуэтын гугъэ ямыIэу. Нэгъуей а тIум зыкъомрэ якIэлъыплъри, мыщэжьым кхъуэр щрихужьэм техуэу чыцэм къыхож, мыщэм зызыпищIэ къудамэр щыгуэтым щэрэ-плIэрэ къамэкIэ йоуэ. ПсынщIэу зеудыгъужри, и фочыр къегъапкIэ. Мыщэжьыр къыщIигъэIэжу къудамэм зыщыкIэрищIэкIэ, ар къыгуощIыкIри, мыщэжьыр кхъуэпIащэ губжьам и пащхьэм къохуэ, «допIышхуэ» жригъэIэрэ и гущIыIу дэгъэзеяуэ. Модрейми зыхуеиххэу хуэмыгъуэтыр арати, къамэпэм хуэдэу жан и дзэжьхэмкIэ мыщэм и ныбэр и кIыхьагъкIэ зэгуегъэху.
Мыщэм иджыри и псэр пытт, абы и кIуэцI къиуар кхъуэпIащэм удзым щыхикухьыжам. Ар апхуэдизу ябгэу а мыщэжь мыгъуэр тебэнауэ иупщIатэрти, зы тIэкIу дэкIыжамэ, мыщафэми упыкIат. Ар къимыгъэхъун щхьэкIэ, кхъуэжьым и бгъур къэгъэза зэрыхъуу, и блатхьэ щIагъым еуэри, къэхъей щIагъуэ имыIэжу езыри хигъэхуащ мыщэжьым и кIуэцIфэцIым.
Ар и къэукIыкIэу, Нэгъуей зы шэ нэхъ и фочым иримыгъэкIыу къиукIыгъат мыщэшхуэрэ кхъуэпIащэ абрагъуэрэ.
Фоч уэ макъыр зэхэзыха къэзакъ щIалэр къосри, илъагъур и фIэщ хъуркъым. Нэгъуей абы ирегъэлъагъу къудамэ къыпыщIыкIам и хэупщIапIэр. ЩIалэм джыдэ иIыгъти, зэрищIынур Нэгъуей къригъэлъагъуурэ, бжэгъу лъэщыфI къыпеупщIри, псэущхьитIым я лъакъуэхэр зэрепх. Бжэгъур абы щIагъэжурэ, тIури гум къралъхьэ. Кхъуэм и бгъэчыр джыдэмкIэ щIалэм зэгурегъэудри, абыкIэ егъэзыхауэ ягъэтIылъ, къуажэм дыхьэжыху лъыр зэрыщIэкIыным хуэдэу.
Станицэм къэсыжхэри, Нэгъуей зэралъагъуу цIыхухэр къызэхуос. Езым илъагъупам хуэдэу, къэзакъ щIалэм Нэгъуей и щэкIуэкIар яжреIэж къэзыувыхьахэм. Асыхьэту мыщэри кхъуэри зэпкъраудри, Нэгъуей хабзэу зэрахуигъэувам хуэдэу, аргуажьэ къабзэм лыр Iыхьэ-Iыхьэу трагуашэ, нэхъ хуэмыщIахэм, дэIэпыкъуэгъуншэхэм нэхъапэ зэрылъагъэсыну.
Нэгъуей и шыр и цIыхугъэфI Снорокхэ я деж щигъэувати, абы щышхэщ, мыщафэр кIэрипхэри къыдэшэсыкIыжат, цIыху щэ бжыгъэхэм «тхьэгъэпсэу» къыкIэлъыжаIэу.