Сагар дэзыхьэхыр![]() Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр дэнэ къэрали щыщ щIалэгъуалэр зыIэпызышэ еджапIэу къокIуэкI куэд щIауэ. Абы щоджэ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа щIалэгъуалэ зэчиифIэхэр. Зи гугъу тщIыхэм ящыщщ Индием щыщ Шармэ Сагар. КъБКъУ-м и Медицинэ академием и студентым еджэнымрэ творчествэмрэ ехъулIэныгъэхэр иIэу зэдехь. Сыт ди университетыр къыщIыхихар?Шармэ Сагар мурад пыухыкIа иIэу курыт школыр къиухащ, ар къытеувыIэн хуейт медицинэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтын еджапIэ нэхъыщхьэ. Куэдым хэплъэри, КъБКъУ-р къыхихащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы дуней псом и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щыщ студентхэр зэрыщеджэмрэ студент гъащIэ гъэнщIа зэрыщекIуэкIымрэ дихьэхат. Мурад нэхъыщхьэр медицинэрщУрысыбзэр япэ лъэбакъуэу арат. Нэхъыщхьэр КъБКъУ-м и Медицинэ академием ущеджэфынырт. Сагар ибзыщIыркъым: тынштэкъым, ауэ егъэджакIуэхэм зэрызыкъыщIагъакъуэр сэбэп къыхуэхъуащ, трагъэгушхуащ. Псом хуэмыдэу абы фIыщIэ яхуещI анатомиемкIэ егъэджакIуэхэм. Творчествэр етIуанэ лъэныкъуэщМедицинэр Сагар дэзыхьэх зы лъэныкъуэмэ, етIуанэр творчествэщ, абы хуиIэ лъагъуныгъэри сабиигъуэм къыщожьэ. Сагар Нью-Дели къыщыхъуащ, гъуазджэр дэзыхьэх Iуэху мыхъуу, ар зи IэщIагъэ зыщIэс унагъуэм. Абы и адэм фильмхэмрэ макъамэ клипхэмрэ зэрытрахым щыхуригъаджэ уней школ къызэIуихауэ абы и унафэщIщ. И анэм цIыхубзхэм зыщагъэдахэ салон иIэщ. И адэм и щапхъэм-рэ индием щыщ актёр цIэрыIуэ Шах Рукх Кхан и творчествэмрэ тригъэгушхуауэ, Сагар зэрыцIыкIурэ щIэхъуэпсырт утыкум зыщигъэлъагъуэу хъуну. Налшык къалэКъэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщеджа илъэсхэм къриубыдэу Сагар ди къалащхьэр гурэ псэкIэ фIыуэ илъэгъуащ. Абы щIыпIэщIэхэр зригъэцIыхуну фIэфIщ, урыс, адыгэ, балъкъэр щэнхабзэхэр зрегъащIэ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр игу ирохь. Дипломымрэ мурадхэмрэСтудент щIалэм и дежкIэ КъБКъУ-р зищIысым дыщыщIэупщIэм, емыгупсысыхэу жиIащ:
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
30.08.2026 - 10:59 →
Кхъужьей жыгым и тхыдэр
| ||





