2023 гъэм ди республикэм и тхыдэм щыяпэу Зыуэ Щыт Къэрал экзаменхэм инджылызыбзэмкIэ ЕГЭ-м балли 100 къыщихьауэ щытащ Сэхъурокъуэ Артур. Ар нобэ КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и студентщ.
Артур Налшык къыщалъхуащ икIи къыщыхъуащ. И адэмрэ анэмри, адэшхуэхэмрэ анэшхуэхэмри щеджар ди университетращ. ЗэрыцIыкIурэ ахэр щапхъэ хуэхъуу къэхъуащ Артур.
«Си адэ-анэхэр сыт щыгъуи хуейт лъэныкъуэ псомкIи зызужьыну, щIэныгъэхэмрэ творчествэмрэ я мызакъуэу, спортми, псом хуэмыдэу боксымрэ псы есынымрэ зыхуэзгъэсэну», - игу къегъэкIыж Артур.
ЩIалэм курыт школыр «тху» защIэкIэ къиухащ, олимпиадэхэм жыджэру хэтащ, зэпеуэхэм, уеблэмэ театр гъэлъэгъуэныгъэхэм и зэфIэкIхэр щигъэунэхуащ. Класс нэхъыжьхэм нэса нэужь, физико-математикэ унэтIыныгъэращ къыхихар, ауэ гуманитар щIэныгъэхэми хуэгущIыIэтэкъым.
- Сэ фIыуэ слъагъуу щыта предметхэр, шэч хэмылъу, математикэмрэ инджылызыбзэмрэщ. Школ егъэджакIуэхэм нэмыщI, репетиторхэмкIи хуабжьу си кIэн къикIащ, дисциплинэ зэмылIэужьыгъуэхэр нэхъ куууэ зджащ. СфIэфIт унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ си къэухьым зезгъэужьыну, - жеIэ студентым.
Школ программэм къыдэкIуэу, Артур Яндексым и Академием и лицейуэ КъБР-м щыIэм щиджащ программированиемрэ франджыбзэмрэ.
ЕГЭ-м Артур гугъэ хэхахэр хуиIэу нэсащ: урысыбзэр иджыри 10-нэ клас-сым щIэсу итащ, къыщиух илъэсым профильнэ предметхэр къыхуигъанэ-ри. КърикIуам щыгуфIыкIыжащ: инджылызыбзэмкIэ балли 100, урысыбзэмкIэ - 96-рэ, математикэмкIэ - 80 къихьащ.
А балл лъагэхэм Артур къыхузэIуа-хащ къэралым и еджапIэ нэхъыфI зыбжанэм я бжэхэр: ар бюджет мардэм тету щIэхуащ КъБКъУ-м, Плеханов Г. В. и цIэр зезыхьэ РЭУ-м, РАНХиГС-м, УФ-м и Правительствэмрэ НИУ ВШЭ-мрэ я Финанс университетым. Абыхэм уахэдэныр тыншу щытакъым щIалэщIэм дежкIэ.
- Сыщеджэныр къыхэсхыныр гугъут, дауи, шэч хэмылъу, сыхэгупсысыхьат. ЕплъыкIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэхэсхащ, ауэ сэ нэхъ спэгъунэгъур зыхэсщIэн хуейт. Лъэныкъуэ псори зэпэслъытри, къызгурыIуащ: КъБКъУ-р си дежкIэ хэкIыпIэфIт. Си Iыхьлыхэм сапэмыIэщIэу, сыщалъхуа къалэм дэту, ди щэнхабзэр, хабзэр нэхъ куууэ зэзгъащIэу, сызэреджэм хуэдэурэ, спортым, мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхухэм иужь ситыну Iэмал къызитырт абы», - къыддогуашэ Артур.
Университетым зэрыщеджа илъэсищым къриубыдэу Артур щIэныгъэ зэпеуэ куэдым хэтащ, лэжьыгъэм, еджэным и пIалъэр фIыуэ зригъэщIащ. Нобэ абы и IэдакъэщIэкIхэр щIэныгъэ журналхэм къытрадзэ, КъБКъУ-ми, нэгъуэщI къалэхэми щекIуэкI конференцхэмрэ олимпиадэхэмрэ хэтщ. 2025 гъэм Сэхъурокъуэр «Хьэрычэты-щIэ цIэрыIуэхэм я щIэин» урысейпсо зэпеуэм и финалым кIуащ икIи етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Абы «Видеоинтервью» унэтIыныгъэм щигъэлъэгъуат ди университетым и щыIэкIэ-псэукIэр.
«Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр сэбэп мэхъу уи къэухьым зебгъэубгъунымкIэ, уи зэфIэкIхэм хэбгъэхъуэнымкIэ. КъищынэмыщIауэ, ар Iэмал хъарзынэщ уи гуащIэри, ущеджэ университетыр зыхуэдэри урысейпсо утыкум щыбгъэлъэгъуэнымкIэ», - къыхегъэщ Ар-тур.
Иджыпсту зэреджэм хуэдэурэ щолажьэ КъБКъУ-м щеджэхэм стипендиальнэ программэхэмрэ мылъкукIэ защIэгъэкъуэнымкIэ я центрым. «Гуп-ри езы лэжьыгъэри сигу ирохь, сыщогугъ сыщеджэ университетым сэбэп сыхуэхъуфыну. Къэзухмэ, си IэщIагъэмкIэ сылэжьэну си мурадщ икIи нэгъуэщI программэхэмкIэ еджэным пысщэнкIи хъунущ», - къыддогуашэ и мурадхэмкIэ студентыр.
Студент гъащIэм Артур жыджэру хэтщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, КъБКъУ-м щыIэ зэгухьэныгъэхэмрэ клубхэмрэ ухэтмэ, Iэмал уиIэщ уи гур зыщIэхъуэпс лъэныкъуэр къыхэпхыну, ныбжьэгъу куэд зэбгъэгъуэтыну.
Артур и къуэш нэхъыщIэ Альберти и гъащIэр КъБКъУ-м ирипхыну мурад ищIащ: ар биологиемкIэ олимпиадэм и республикэ Iыхьэм щытекIуащ икIи ЕГЭ-м кърикIуахэм япкъ иткIэ, балл 300 къихьащ, щхьэзакъуэ ехъулIэныгъэхэр къэлъытауэ. Апхуэдэ бжыгъэм, фызэрыщыгъуазэщи, абитуриентым къэралым и сыт хуэдэ еджапIэ нэхъыщхьэми и бжэхэр къыхузэIуех, арщхьэкIэ Альберт и къуэш нэхъыжьым и гъуэгъур гъуазэ хуэхъури, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къыхихащ.