Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм футболымкIэ ещанэ дивизионым щрагъэкIуэкI зэхьэзэхуэм и зи чэзу джэгугъуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыфIхэм къайхъулIащ. Я очко бжыгъэм щырыщ хагъэхъуащ Псынэдахэ и «Родник»-м, Алътуд и «Искра»-м, Нарткъалэ и «Нартым». КъыхагъэщIар КъБР-м и командэ къыхэхамрэ «Налшык» футбол школымрэ я гуп зэхэтым и закъуэщ.
Псом нэхърэ нэхъ гугъу ехьар Алътуд и «Искра»-ращ. Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу нэхъ лъэщхэр зыхэт ещанэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм къыдэкIуэу ар зи гугъу тщIа щIыналъэхэм я кубокым и финалым нэсати, мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIитI махуищ фIэкIа ямызэхуакуу ирагъэкIуэкIыну къапэщылът.
Япэр Дагъыстэным щрагъэкIуэкIащ. Тхьэмахуэ ипэкIэ Нарткъалэ къыщыхагъэщIа Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-р хущIэкъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и адрей командэм и деж «илъ щищIэжыну». АрщхьэкIэ къехъулIакъым - Алътуд икIахэр бжыгъэшхуэкIэ, 4:0-у, хэгъэрейхэм текIуащ.
КъыкIэлъыкIуэу, гъубж кIуам «Искра»-м къыпэщылъыр мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ зэIущIэт. Абы Iэмал къыхукъуэкIат Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм футболымкIэ и кубокыр зыIэригъэхьэну. АрщхьэкIэ ар Iуэху тынштэкъым, тхьэмахуэ ипэкIэ Невинномысск щыIа япэ зэIущIэм 1:3-уэ къызэрыщыхагъэщIар къэплъытэмэ. Абы папщIэ жэуапыншэу топитI «СтавропольАгроСоюз»-м худагъэкIми хъунут, хьэщIапIэ щыIэу къыхэжаныкIати.
ШыщхьэуIум и 18-м Прохладнэ къалэм и «Центральный» стадионым аргуэру цIыху куэд къыщызэхуэсат. Нэхъыбэр, дауи, зыщIэхъуэпсыр Алътуд и «Искра»-м кубокыр къызэрыIэрыхьэр и нэкIэ зригъэлъагъунрат. Джэгум и япэ Iыхьэм икухэм ар нэхуапIэ хъуным пэгъунэгъу хъуат, Тебэрды Тимур кърита топыр къигъэсэбэпу ХъутIэ Анзор бжыгъэр къыщызэIуихам. АдэкIэ къэнэжар мащIэу къыпщыхъурт - иджыри зэ къыхэжаныкIыгъуэт.
Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ алътуддэсхэм етIуанэ топри дагъэкI пэтащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ар гъуащхьэм техуэри къэлъеижащ.
ХьэщIэхэри я Iэр зэтедзауэ щыстэкъым. Ахэри щIэх-щIэхыурэ лъэщу ебгъэрыкIуэрт икIи ди гъуащхьэтет Къардэн Имран мызэ-мытIэу и Iэзагъыр зэрылъагэр къигъэлъэгъуэн хуей хъуащ. АрщхьэкIэ «СтавропольАгроСоюз»-м бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжыну хузэфIэкIащ. Мыгувэу етIуанэ топри къыкIэлъыкIуащ. Иджы «Искра»-р плIэнейрэ къыхэжаныкIын хуейт кубокыр къихьын папщIэ. Къэнэжа зэманым ар пхуэмыгъэзэщIэн къалэн гугъу дыдэт.
Абы щхьэкIэ къэмынэу ди щIалэхэр я къару къызэрихькIэ ебгъэрыкIуащ. Гъуэщокъуэ Арсен дигъэкIа топым и фIыгъэкIэ зэIущIэр 2:2-уэ иухащ, ауэ абы «Искра»-м зыри къыхуищIэжынутэкъым.
Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм футболымкIэ ещанэ дивизионым щрагъэкIуэкI зэхьэзэхуэм и гугъу адэкIэ тщIымэ, Псынэдахэ и «Родник»-м Михайловскэ къутырым щIыпIэ «Витязь»-р щыхигъэщIащ. Бэнэныгъэ гуащIэ абы зэрыщекIуэкIам и щыхьэтщ зэIущIэр 4:3-уэ зэриухар. Абы иужькIэ «Родник»-м и пашэ Бэчбо Мурат гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щыдигуэш хъуащ Астрахань и «Волгарь-М»-м щыджэгу Раджабов Амин. Зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэрэ абыхэм топ пщIырыпщI я хьэрхуэрэгъухэм худагъэкIащ.
Зэпеуэм пашэныгъэр щызыIыгъ «Родник»-мрэ «Искра»-мрэ я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ Невинномысск и «СтавропольАгроСоюз»-м хигъэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхамрэ «Налшык» футбол школымрэ я гуп зэхэтыр. ХьэщIэхэр куэдкIэ зэрынэхълъэщам щыхьэт техъуащ кIэух бжыгъэр - 0:7.
Аргуэру зэIущIэ удэзыхьэх Нарткъалэ щызэхэтащ. Абы и «Химик» стадионым щIыпIэ «Нартым» къыщригъэблэгъат Сочэ и «Куэсто Кальчо»-р. Зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэрэ зы очко закъуэ фIэкIа къыщахьатэкъым хьэщIэхэм. Ари нарткъалэдэсхэр япэ къекIуэкIыгъуэм щрагъэблэгъам зыIэрагъэхьауэ (0:0) зэрыщытам иригубжьыж хэгъэрейхэм вэсэмахуэрей зэIущIэр икъукIэ жыджэру ирагъэжьащ. ЖыпIэну ирикъунщ епщыкIузанэ дакъикъэм ирихьэлIэу «Нартыр» 2:0-у япэ зэрищар, я гъуащхьауэ Жьанэ Тимур зэкIэлъхьэужьу дигъэкIа топитIым я фIыгъэкIэ.
Абдежми къыщыувыIакъым щIалэщIэ защIэ (школакIуэхэри мымащIэу) зыхэт нарткъалэдэсхэр. Загъэпсэхуну щикIым абыхэм бжыгъэр 4:0-м нагъэсат. КъыхэжаныкIащ Езий Темботрэ Альборэ Астемыррэ.
ТопиплI джэгум и япэ Iыхьэм дэгъэкIыныр мардэ зыхуэхъуа (мыбы ипэкIэ Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-ми щыIущIам апхуэдэу щытащ) «Нартыр» абдежми къызэрыщымыувыIэнур гурыIуэгъуэт. АрщхьэкIэ тренер нэхъыщхьэ Къуэшы Амир зы махуэ дагъэкIмэ, етIуанэм аргуэру джэгугъуэ хьэлъэ къазэрыпэщылъыр къилъытэри, и футболист пашэ зыбжанэ ихъуэжащ.
Адрей къихьахэри хуэмыхуакъым. Пэжщ, ахэр сыхьэт ныкъуэкIэ нэхъ мащIэу я хьэрхуэрэгъухэм япэщIэтын хуей хъуащ, я зы футболист, етIуанэу дагъуэ къыхуащIу, джэгум къызэрыхахуам къыхэкIыу. Абы щхьэкIэ къэмынэу Пытхъыщхьэ Асте-мыр кIэух бжыгъэр 5:0-м нигъэсащ, езыр ирауда иужькIэ къилэжьа пенальтир Iэзэу игъэзащIэри.
Арати, зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэжрэ зэхэта джэгугъуитIми щытекIуащ «Нартыр». Абыхэм къапищэфынущ Къалмыкъым къикIа «РСШОР-Уралан»-р хигъащIэмэ. Ар, дауи, тынш хъунукъым.
Зи чэзу джэгугъуэр нобэ зэхэтынущ. Зэхуэзэнущ «Родник» (Псынэдахэ) - «Анжи» (Мэхъэчкъалэ), «СтавропольАгроСоюз» (Невинномысск) - «Витязь» (Михайловск), «Искра» (Алътуд) - «Куэсто Кальчо» (Сочэ), «Нарт» (Нарткъалэ) - «РСШОР-Уралан» (Элиста), «Волгарь-М» (Астрахань) - «Вайнах» (Нэзрэн) командэхэр.