КъулыкъущIэхэр цIыхубэм щхьэхуимыту щапхъэ зэрахуэхъумкIэ зыри къыдэдэуэнкъым. Сыту жыпIэмэ, утыкум нэхъ итри, дэIэпыкъуэгъу зыхуейхэм нэхъ яхуэзэри ахэращ. Лъэпкъ цIыкIухэм я бзэхэм хуэмурэ зыкъызэрызаIэтыжым тепщIыхьмэ, Абхъазым и президент Гунбэ Бадрэ къыхилъхьа жэрдэмым фIыкIэ узыщегъэгугъ.
Гунбэ иджыблагъэ Парламентым и пащхьэм ирилъхьащ депутату хахынухэм бзэ и лъэныкъуэкIэ хуагъэувхэр. Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, дэтхэнэ зыри урысыбзэрэ абхъазыбзэкIэ шэрыуэу псэлъэфу щытын хуейщ.
Республикэм и къэралыбзэм кIуэ пэтми къару нэхъыбэ иратын папщIэщ зи гугъу тщIы хабзэщIэм и проектыр къыщIыхалъхьар. Абхъазым къулыкъу щызэрихьэну зи мурадым абхъазыбзэ ищIапхъэу зэрыщытыр хэкIыпIэншэ зэращIыр зигу ирихьи иримыхьи щыIэщи, иджыпстукIэ зэдауэхэр йокIуэкI. Ауэ унафэр къащтэмэ, политикэ гъащIэр абхъазыбзэм техьэну къыщIэкIынщ.
Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Абхъаз Республикэм и цIыхухэу абхъаз лъэпкъым къыхэкIахэм папщIэ, урысыбзэмрэ абхъазыбзэмрэ зэдэгъэшэрыуэн мардэм лэжьэн щIидзэнущ 2027 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ.
НэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIахэм абхъазыбзэр гъэшэрыуэныр щыпаубыдынур 2032 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэщ. Зэрытлъагъущи, Iуэхум дэкъузэныгъэ хэлъкъым: улэжьэнумэ, цIыхубэ Iуэху зепхьэнумэ, абхъазыбзэр зэбгъэщIэну илъэситху-хы уиIэщ.
Проектыр зэпкърызых гуэдзэным зэрыжиIэмкIэ: «Къэралым и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм цIыхубэм я лIыкIуэу хэтыну зызыгъэхьэзыр дэтхэнэ зыми абхъазыбзэ ищIэныр Iэмалыншэу щытын хуейщ, сыту жыпIэмэ, къэралыбзэр щIыналъэм и щхьэхуитыныгъэмрэ лъэпкъым ущыщу зыкъэплъытэжынымрэ я лъабжьэщ».
Дэфтэрым къыхегъэщ иджыри къэс абхъазыбзэр яджыным, ар къэралыбзэ ящIыным епха Iуэхугъуэхэр нэгъэсауэ зэрамыгъэзэщIэфар. Абы къыхэкIыу, хабзэри пIалъэ-пIалъэкIэ, хуэмурэ хапщэну аращ, зэпэщIэтыныгъэ къамыгъэхъун папщIэ.
Президентым къыхилъхьа проектыр дэзыIыгъахэм ящыщщ депутат Садзбэ Инар. ЛIыщхьэр Iуэхум ткIийуэ зэрыбгъэдэмыхьэр, абхъазу щымытхэм бзэр зрагъэщIэну зэман зэраритыр губзыгъагъэщ, ар зэреплъымкIэ. Абы и фIыгъэкIэ, бзэр зэраджыну Iэмалхэри ефIэкIуэнущ.
«ЦIыхухэр щыпсэу щIыпIэхэми я хьэтыр лъагъун хуейщ. Псо дыдэми Iэмал яIэкъым абхъазыбзэ зэхахыну, езыхэр абхъазу щытми. Аращи, методикэхэм елэжьын, бзэр зрагъэщIэну Iэмалрэ зэманрэ етын хуейщ. Ауэ апхуэдэу хамэ лъэпкъхэм къыхэкIахэм уахущыту щытми, абхъазу къалъхуахэм пIалъэр щIахуэбгъэIэпхъуэн щыIэкъым. «Псоми зрырагъащIэ абхъазыбзэ, псоми къэпщытэныгъэ ирырат», - тхужыIэнукъым дэ занщIэу. Апхуэдэу тегъэчыныхьауэ ущIыбгъэдыхьэн щыIэкъым зэкIэ. Ауэ бзэр зи хьэтыр лъагъупхъэ лъабжьэщи, дебакъуэ хъунукъым», - жеIэ Садзбэ.
Проектыр пхыкIмэ, Абхъазым щыпсэу урысхэмрэ ермэлыхэмрэ депутату зыхрагъэхыну Iэмал яIэнукъым. Нэхъ гужьеиххэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, къэралитIым – Урысеймрэ Абхъазымрэ - я цIыхуу зыкъэзыгъэлъагъуэхэми дунейм щызекIуэ бзэ нэхъ гугъуу къалъытэ абхъазыбзэр зрагъэщIэфыну къыщIэкIынкъым. НобэкIэ депутат зэхуэсхэр зэрырагъэкIуэкIыр урысыбзэщ.
ХабзэщIэр зигу иримыхьхэми я макъ къагъэIу. Бзэм и Iуэхур къагъэщхьэпэу, абыхэм президентыр лъэпкъ зэкъуэтыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ ебгъэрыкIуэ хуэдэу кърагъэкIыну хэтщ хъыбарыщIэм. Ауэ дэзыIыгъхэри мащIэкъым. «Къэралыбзэр зымыщIэ депутат» псалъэм къикIыр гурыIуэгъуэкъым», - пиупщIу и еплъыкIэр къигъэлъэгъуащ Абхъазым и ЛIыхъужь Кобахие Аслъэн.
Хабзэм иджыри тепсэлъыхьын яухакъым, ауэ узэхъуэпсэн хэмылъу пхужыIэнукъым. Достоевский Фёдор хамэ къэралым щыIэу зыхуэза и лъэпкъэгъухэм яхужиIари уигу къэбгъэкIыжыну щхьэпэщ: «Ди хэкуэгъухэм я нэхъыбэр хамэ къэралхэм макIуэ, я бынхэр а лъэныкъуэм щагъасэ икIи ялъэкI къагъанэркъым абыхэм урысыбзэ щагъэгъупщэжын щхьэкIэ. Зэман кIыхькIэ мыбы щыпсэухэри щыIэщ, псалъэм папщIэ, Тургеневыр. Абы къехьэкI-нехьэкI хэмылъу къызжиIащ афIэкIа урысу щытыжыну зэрыхуэмейр, уеблэмэ ар зыщигъэгъупщэнут, нэмыцэу зыкъелъытэж икIи абы ирогушхуэ».